Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дым Iэдэм

16.10.2021
Еджауэ 965

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, дыкъэзыгъэщIам, дымыщIэр къыдэзыгъэщIам, дызыхуэныкъуэр къыдэзытам, дунеягъэкIи, ахърэткIи дезыгъэфIэкIуэну Iуэхугъуэу щыIэр ди пащхьэ къизылъхьэжам.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, Абы нэмыщI узыхуэпщылI хъуну тхьэ зэрыщымыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, абыкIи Аллаху Тэгьалам лIыкIуэхэм я къэкIуэныгъэр зэрызэхуищIыжам. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы Iуэхугъуэ гуэр ипэкIэ кIуатэмэ, япэ дыдэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщщ: щIэныгъэр. Мы дунейм зыгуэр щIыбагъкIэ къикIуэтыжмэ, ари япэ дыдэ къызыхэкIыр щIэныгъэншагъэращ.

Мыр дин Iуэху зэфэзэщу щытхэм ехьэлIащ, апхуэдэ дыдэуи дуней Iуэхум нэхъ хабжэхэми ехьэлIащ. Сыт щыгъуи, дэнэ дежи, сытым дежи щIэныгъэм дыхуэныкъуэщ, щIэныгъэр зыбгъэдэлъ цIыхухэми дахуэныкъуэщ.

ЩIэныгъэм пщIэ лей хуэфащэу щымытамэ, ди Тхьэ лъапIэу Алыхь Иным мыпхуэдэу жиIэнтэкъым:

” قُلْ هَلْ يَسْتَوِي الَّذِينَ يَعْلَمُونَ وَالَّذِينَ لاَ يَعْلَمُونَ، إِنَّمَا يَتَذَكَّرُ أُوْلُوا الأَلْبَابِ “.

«ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъхэмрэ, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъхэмрэ зэхуэдэ?!». (Iэз-Зумэр сурэ, 9-нэ аят). 

Муслъымэнхэм щIэныгъэм и пщIэр япэрей махуэу уэхьий къехын зэрыщIидзэу къагурыIуащ. Еджэнми, еджэкIэми пэжыжьэ цIыхухэм япэ дыдэ «Къеджэ!» жиIэу закъыхуигъазэу Алыхь унафэр къызэрехари хьэлэмтщ.

Абдежым щегъэжьауэ муслъымэнхэм щIэныгъэм гулъытэ лей хуащIу щIадзащ. Алыхьым и Псалъэ КъурIэныр и джыным деж щрагъажьэрэ, дунеягъэкIэ зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэм ехьэлIа щIэныгъэм и деж щиухыжу.

Абы ипкъ иткIэ мэдрэсэхэр яухуащ, абы щIэтын хуеймрэ, щIэлъын хуеймрэ теухуауэ зыхуей хуагъэзащ, абы щылэжьэн хуей щIэныгъэлIхэр кърашэлIащ, ахэр псори уэкъфым и лъабжьэм щIагъэувэжащ, мылъку теухуауэ зыми хуэмыныкъуэн папщIэ.

Апхуэдэурэ илъэсищэ бжыгъэкIэ муслъымэнхэм я Iуэхур къекIуэкIащ, ауэ дэ ди щIыналъэм дин щ1эныгъэм и нурыр нэхъ нэгъэсауэ къытепсэныр насып щыхуэхъуар лIэщIыгъуэ блэкIам и пэублэхэращ.

Япэ дыдэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ: Къушмэзыкъуей къыдэкIа цIыху щэджащэ, Дымхэ я щIалэ Iэдэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэным.

Минрэ щибгъурэ пщIы гъэхэм абы къехъулIащ Мысырым щыIэ университет цIэрыIуэр, Iэл-IэзхэркIэ зэджэр ехъулIэныгъэ иIэу къиухыу къыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжыну.

ИкIи къызэригъэзэжу абы мурад быдэ зыхуещIыж, а щIыналъэ жыжьэм щызэригъэгъуэта щIэныгъэр мыбдежым цIыхухэм щахипщэжыну, къызыхэкIа лъэпкъыр щIэныгъэм и нурым хишэну.

Iэдэм псом япэ иту и гупсысэм хэт хъунт ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и псалъэр: «بَلِّغُوا عَنِّي وَلَوْ آيَةً» — «Сэ къызбгъэдэкIауэ зы аят нэхъ мыхъуми цIыхухэм ялъэвгъэIэсыж!»,- жыхуиIэр. (Бухъарий).

КъинэмыщIауи, Iэдэм фIыуэ ищIэт цIыхум и щIэныгъэр къызэригъэсэбэпам теухуауэ Къемэт махуэм япэ дыдэ жэуап зэрагъэхьыжынухэм зэращыщыр. (Тирмизий). 

Абыхэм хэту Iэдэм и нэ къыхуикI хъунт мы дунейм щызекIуэ щIэныгъэр и лъэпкъэгъухэм къахуихьу лъэпкъым зыригъэужьыну, лыгъэкIэ дунейм цIэрыIуэ щыхъуа лъэпкъыр щIэныгъэкIи дунейм къаригъэцIыхуну.

ДауикI Iэдэм и закъуэтэкъым апхуэдэ къалэн дахэм пэщIэувар. АтIэ, абы гъунэгъуу къыбгъэдэтащ лъэпкъыр нобэ щIэгушхуэн хуей цIыху Iущхэр: ЦIагъуэ Нурий, ЛIыгъур Ибрахьим, Куп Исмел сымэ, нэгъуэщIхэри. Алыхьым и нэфIыр къащыхуэ псоми.

Дым Iэдэм щхьэмахуэм абы щыгъуэ хузэфIэкIащ мэдрэсэ иухуэну, япэ дыдэ адыгэ алыфбейр (алафавитыр) зэхигъэувэну, япэ дыдэу тхылъ тридзэну, япэ дыдэ адыгэбзэкIэ газет къыдигъэкIыну. Ахэр икъукIэ лэжьыгъэшхуэщ.

Щэхьабэ лъапIэхэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэм, лъапIэныгъэшхуэ Аллаху Тэгьалам къащIыхуигъэфэщам и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: ахэр япэ псоми зэрищахэр, япэрей лъагъуэр зэрыхашар, япэу гугъуехьым зэреувэлIахэр.

Дэ ди лъэпкъэгъухэм щIэныгъэкIэ япэ ищар Дым Iэдэм, ЦIагъуэ Нурий, ЛIыгъур Ибрахьим, Куп Исмел хуэдэ цIыху гъузэджэхэращи, абыхэм я пщIэм кIэлъыщIэхьэжыфын зыри къытхэткъым.

Ара пэтрэ, а цIыху дыщэхэм яхуэфащэ пщIэр я лъэпкъэгъухэм деж щагъуэтыжакъым. Нобэр къыздэсым абыхэм ятеухуа тхыгъэ нэгъэсаи утыкум къихьакъым.

Яхуэфащэщ а цIыху щэджащэхэм я цIэр нэхъыбэрэ жытIэныр, нэхъыбэрэ абыхэм дугьэ яхуэтщIыныр, я лэжьыгъэхэр утыкум къитлъхьэныр, щIэблэ къыдэкIуэтейм ахэр щапхъэ яхуэтщIыныр, абыхэм я цIэр ди уэрамхэм, ди еджапIэхэм, ди IуплъапIэхэм яфIэтщыныр.

Аллаху Тэгьалам псапэ мыухыжу къабгъэдилъхьэж абыхэм я лэжьыгъэр, Жэннэтми увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэр абыхэм къахуигъэфащэ! Дэри абыхэм лъагъуэ дахэ хашам екIуу ирикIуэфын, абыхэм ирагъэжьа лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэн Алыхьым дищI!