Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Диныр зэрыщыту къызэдэщтэн!

16.10.2021
Еджауэ 659

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, псори къэзыгъэщIам, къигъэщIауэ хъуами гъащIэ зэрыз езытыжам, ерыскъыри ятезугуэшам, нысыпыр зэпхари, насыпыншагъэр къэзышэри яхузэпкъырызыхыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшынэ дэтхэнэ зыри, гъащIэ къыдитам и пщIэр тщIэжу дывгъэпсэу! Зэманым и кур нэщIщи, дэ езыр дыхуеймэ ар фIыкIэ дгъэнщIынущ, дыхуеймэ IейкIэ из тщIынущ.

ЦIыхур Аллаху Тэгьалам Iыхьэ зыбжанэкIэ зэхэлъу къигъэщIащ: Iэпкълъэпкъ, акъыл, гу, псэ. Ахэм дэтхэнэ зыми езым и шхыныгъуэ гуэр иIэжщи, дэтхэнэри гъэнщIын хуейщ, дэтхэнэми гулъытэ хуэфащэр хуэщIын хуейщ. ИтIанэщ цIыхум цIыху къыщыхэкIыр.

Нобэ цIыхухэм уахэплъэмэ, куэдым яхузэтеухуэкъым мыбы и Iуэхур. Хэт и Iэпкълъэпкъым гулъытэ лей хуещIри, и акъылыр зыхуэныкъуэ щIэныгъэмрэ, гупсысэмрэ иужь къонэ, акъылыр пкъым къыкIэроху. Хэти нэгъуэщI щыуагъэ елэжь.

Нобэ ди щIалэгъуалэм уахэплъэмэ, зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну уи нэм къыщIэуэу ядэплъагъухэм ящыщщ: я Iэпкълъэпкъым зрагъэужьыным гулъытэ лей зэрыхуащIыр, щIэныгъэ Iуэхур, акъылыр зэпха лъэныкъуэр етIуанэ, ещанэ Iуэхуу къызэрагъанэр.

Абы ипкъ иткIэ, я щIалэгъуэм икIи я къару илъыгъуэм деж дунейр яхуримыкъуу, я щIэщыгъуэри имыкIыу утыкум къажыхьу итхэщ, арщхьэкIэ я ныбжьыр нэхъ зэрыхэкIуатэу куэдыр нэхъыжьми, нэхъыщIэми хэмызэгъэжхэу къонэхэ, IэпкълъэпкъкIи зыри яхузэфIэмыкIыжу, акъылкIи Iуэхум зыри яхухэмылъхьэжу.

— Ефэ-ешхэу уэрамым щIалэгъуалэр дэмыту спортым дихьэхмэ нэхъыфIкъэ?- жызыIэ куэду урохьэлIэ. Абы жаIэм пэж хэлъщ, ауэ пэжым и зы лъэныкъуэ закъуэу аращ ар.

ЩIалэгъуалэр уэрамым хьэулейуэ дэмытын папщIэ спортым и закъуэкъым Iэмалу щыIэр. КъинэмыщIауи, спортым хэт пэтрэ хьэулейуэ уэрамым дэт куэди урохьэлIэ.

УрохьэлIэ, спортым хэт куэдыр уэрамым хьэулейуэ дэту, хьэулейм имызакъуэу зэраныгъэ къыщахьыр мымащIэу. АкъылкIэ пхузэгъэзэхуэну Iуэху куэд IэпкълъэпкъкIэ зэфIахыну яужь ихьэхэрэ загъэунэхъужу.

Ди псалъэр зыхуэдгъэкIуэну дызыхуейращи: цIыхум цIыху къыхэкIын папщIэ и Iэпкълъэпкъми, и акъылми, и псэми заужьын хуейщ.

МыдэкIэ зыкъэбгъазэмэ нэгъуэщI гуп урохьэлIэ, я гъащIэр тхылъым къыхэмыкIыу ирахьэкIыу, ауэ зэджэ тхылъхэр гъащIэм къыпычауэ, нобэ етхьэкI псэукIэм зыкIи емыпхауэ, абы къыхэкIкIэ езыхэм псоми гукъанэ хуащIыу, абы хуэдэ дыдэуи езыхэри ауан къащIу псэухэм.

НэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуи урохьэлIэ, «псом япэ итыр уи псэращ, ар бгъэкъэбзэнращ, псом япэ итыр уи гупсысэращ, ар Iейхэм ящыпхъумэнращ, дуней гупсысэхэми захэпIэтыкIынращ» жаIэу, ауэ жаIэм щыщу ядэплъэгъужыр мащIэу.

Апхуэдэ щыуагъэхэр къызыхэкIри, абы лъабжьэ хуэхъужри: диныр зэрыщыту къызэдэтщтэкъыми аращ, атIэ, зы гупым диным зы къудамэ къыхеч, адрей гупым нэгъуэщI къудамэ къыгуечри щIопхъуэ «уэхьэхьей, мис мыращ дыкъезыгъэлынури, си яужь фыкъиувэ!» жиIэ хуэдэу.

Сыт-тIэ мыбы и хэкIыпIэр?-жытIэмэ, псом япэрауэ, щыуагъэ утыкум зэрилъыр, а щыуагъэм дэри ди зэран гуэри хэлъынкIэ зэрыхъуну къыдгурыIуэжын хуейщ.

ЕтIуанэрауэ, адэкIэ-мыдэкIэ емыбэу зэпIэзэрыту утыкум ит еджахэм, нэхъыжьыфIхэм я жьауэ дыщIэту, абы я чэнджэщкIэ дызекIуэу дыщытын хуейщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Иужьым ищхьэк1э къыжыт1ахэм тегъэщ1ап1э яхуэхъуж зыбжанэ къэтхьыжынщ ди Тхьэм лъап1эм и Тхылъым къихауэ, къигъэк1уа Л1ык1уэ лъап1эми صلى الله عليه وسلم и Суннэм къыхэхахуэ:

Диныр псори зэгъусэу къызэдэпщтэн зэрыхуейм теухуауэ Аллаху Тэгьалам къыджеIэ:

“يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا ادْخُلُوا فِي السِّلْمِ كَافَّةً”.

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Ислъам диныр зэрыщыту къызэдэфщтэ…!». )Iэл-Бэкъэрэ сурэ, 208-нэ аят).

Дуней Iуэхури, ахърэт Iуэхури зэрызэдэхьын хуейм теухуауэ мыпхуэдэу лъаIуэхэм я цIэр фIыкIэ къыхегъэщ:

“رَبَّنَا آتِنَا فِي الدُّنْيَا حَسَنَةً وَفِي الْآخِرَةِ حَسَنَةً…”

«Ди Тхьэ, дунегъэкIи фIыгъуэ, АхърэткIи фIыгъуэ къыдэт. (Iэл-Бэкъэрэ сурэ, 20I-нэ аят).

ЦIыхум и Iуэхур зы лъэныкъуэкIэ ебэу, адрей лъэныкъуэр кIэрыщIауэ къимыгъэнэн папщIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыщIэна псалъэ Iущхэм ящыщщ: «Уэ уи Iэпкълъэпкъми и хьэкъ птелъщ, уи нэми и хьэкъ птелъщ, уи хьэщIэми и хьэкъ птелъщ, уи щхьэгъусэми и хьэкъ птелъщ!» жызыIэ хьэдисыр. (Муслим).

Зыхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! ДунеягъэкIи фIыгъуэ, АхърэткIи зыбгъэдилъхьэнухэм ящыщ Алыхьым дищI. НэхъыфIкIэ сыт щыгъуи зытхъуэжурэ, нэхъ щытыкIэ дахэ дыдэм диту и пащхьэ дыришэжыну долъэIу ди Тхьэшхуэм!