Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

И цIэр муслъымэнщ

И цIэр муслъымэнщ
27.09.2019
Еджауэ 1 714

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIам щыжеIэ и КъурIэным:

ЛъапIэу лъагэщ тепщэ­гъуэ зиIэу псори зылъэкIым! * Аращ лIэныгъэри гъащIэри къэзыгъэщIар, хэт нэхъ IуэхуфI илэжьми фигъэу­нэхун щхьэкIэ…”. (Iэл-Мулк, 1,2).

Аращ, мы дуней гъащIэр гъэунэхупIэщ. ЦIыхур балигъыпIэ иувэу дунейм ехыжыхукIэ гъэнэхупIэм хэтщ сыт хуэдэ зэмани, сыт хуэдэ щIыпIи!

Дагъэунэху ди нэм илъагъу псом теухуауи, ди тхьэкIумэм зэхих псом теухуауи, ди бзэм къипсэлъ псом теухуауи! Дагъэунэху, уеблэмэ, ди гумкIэ зэдгъэзахуэ гупсысэхэм теухуауи!

Дагъэунэху динкIэ къыттехуэхэм дазэрыхущытым теухуауи, динкIэ къыттемыхуэхэм дазэрыдекIуэкIым теухуауи!

Дагъэунэху ди Iуэхур щытыншым и деж зызэрытщIым ехьэлIауи, ди Iуэхур гугъу щыхъуам деж зызэрытхъуэжым ехьэлIауи!

Дагъэунэху мылъку щыдбгъэдэлъым деж зыкъытфIэщIыжми, мылъку щыдимыIэм и деж ди гугъэр Алыхьым и гущIэгъум хэтхыжми!

А псом гу къабзэкIэ укъикIыныр, напэ хужькIи укIуэцIрыкIыныр мыбдежым щылъкъым, ауэ тхузэфIэмыкIыни ди пщэ Алыхьым къыдилъхьэкъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур нэхъыбэу гъэунэхупIэ щитыр езым нэхъ гъунэгъуу къыбгъэдэт цIыхухэм, нэхъ къыкIэлъыкIуэхэм зыкIэлъыкIуэхэм я дежщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, муслъымэным и гъэунэхуныгъэр нэхъыбэу зыдекIуэкIыр езым хуэдэ муслъымэнхэм я дежщ.

ИкIи мыбдежым щылъкъым нобэ дин зезыхьэхэм ящыщ куэдым муслъымэн пэжу уахэтыныр, уи гур зэщымыууи уадекIуэкIыныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ сыт хуэдизу диным зезытыжахэм я бжыгъэр куэд мыхъуами, я дин зехьэкIэр фIыуэ йощIэкъуауэ, нэмыс, Iэдэб, хьэл-щэн жыхуэтIэхэр я щIыбагъым къыданащи.

Дэ тфIэфIщ, нэмэз зымыщIу муслъымэну зызыбжыжхэм, “муслъымэныцIэр зэрахьэ къудейуэ аращ абыхэм!” жытIэу ахэр ауан тщIыну, дэ езым нэмэз зэрытщI къудеймкIэ жыжьэ дынэсауэ къытщыхъужу, Жэнэтыбжэхэри тхузэIуахауэ къытпэплъэу къытфIэщIыжу.

Ауэ, ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, нэмэз зыщIхэми ди муслъымэнагъыр зы щIыпIи нэсакъым, атIэ, уеблэмэ, дэ нэхъ тхуэфащэу къыщIэкIынкIэ хъунущ “муслъымэныцIэр зэрахьэ къудейуэ аращ абыхэм” жыхуэтIэ псалъэр.

Нобэ муслъымэнагъыр сэ пэлъытэу къыдогъэсэбэп дэ. Сэр губзыгъэм къыIэрыхьэмэ фIым къыхуегъэсэбэп, акъылыншэм къыIэрыхьэмэ иропыджэ.

Дэ нэхъыбэм диным дырипыджэу, диныр къэдгъэсэбэпу, динымкIэ ди Iуэхур дэдгъэкIыну дыхэту, диныр ди щIыбагъым къыдэту, ди япэм дунеягъэр иту дыщекIуэкIыр мащIэкъым.

Диныр нэмэз щIыным деж щыщIидзэрэ щиухыжу къытщыхъумэ икъукIэ дыщоуэ дэ. АтIэ, ди нэмэзым игъусэн хуейщ хьэлыфIагъыр, гу къабзагъыр, бзэ щабагъыр.

— Я рэсулэл-Лах, мыпхуэдэ цIыхубзым жэщкIэ нэмэз ещI, махуэкIэ нэщI иIыгъщ, ауэ и гъунэгъухэм теухуауэ бзэ Iей зыщIех, дауэ абы и Iуэхур зэрыхъунур?-, жаIэу щэхьабэхэр щыщIэупщIэм, “Жэхьэнэмэ Iыхьлы хъунущ ар!“-, жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Ахьмэд, Iэл-Хьаким).

Мис абы нэрылъагъуу къыхощ, диныр нэмэз къудейкIэ е нэщI къудейкIэ зэрызэхэмылъыр, Алыхьри абыкIэ арэзы къызэрыпхуэмыхъунур, и Жэнэт лъапIэри къызэрыпхуимыгъэфэщэнур.

— “Уэ, зи бзэгукIэ диныр къэзыщтэу, зи гум иманыр нэмыса гуп, муслъымэнхэм фахуэмыпсалъэ, я щыуагъи къэвмылъыхъуэ!“-, щIыжиIари عليه الصلاة والسلام-ым апхуэдэ Iуэхугъуэращ. (Абу Дауд, Тирмизий).

Бзэгуращ мобдежми мыбдежми къыхэщар. Бзэгуращ нобэ муслъымэным уз нэхъ ин дыдэу диIэр. Бзэгум къыхыхьэжщ нобэ мы IэмыпсэмэщIэ къежьахэри, бзэгум имызакъуэу зи Iэпэр шхэхэр куэд хъуащ.

“Гъэшхэн хуейкъым ахэр, атIэ езыхэр зэрышхыжынущ”-, зыхужаIам хуэдэу, зыми зыри къыдищIэн хуэмейуэ, дэ езым зэтщIэжыр тхурокъуж дэ.

ИгъащIэкIэ, муслъымэн жэмыхьэт дыдэ дэ къытхэкIынукъым, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу ди япэ итхэм пщIэ яхуэтщIу зедмыгъэсауэ, ныбжькIэ нэхъыжьу къытхэтхэми я нэхъыжьыгъэр къэтлъытэу дымыхъуауэ.

ИгъащIэкIэ, ди Тхьэ лъапIэм гъуэгу къыдитынукъым, ди зэхуакум гущIэгъу, щабагъэ, лъагъуныгъэ дэлъу къыддимылъэгъуауэ, муслъымэнхэм ди гур зыр зым хуэкъабзэу щыту къыддимыщIауэ.

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Ди фIыр Алыхьым тхуигъэбагъуэ, ди щыуагъэр Алыхьым къытхуигъэгъу, ди Iуэхур езыгъэфIэкIуэну щхьэусыгъуэхэм ди гупсысэр хуишэ!