Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

24. Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIхэм теухуауэ

11.06.2019
Еджауэ 687

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI, зи къарур иным, зи пщIэр лъагэм, зи упсэныгъэм гъунапкъэ имыIэм, зи жумартагъым хуэдэ щымыIэм, тобэ къэзыхьыжым и тобэр Iызыхым.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм, пэжагъымрэ, захуагъэмрэ цIыхур хуэзыузэщIым.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу ар лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам. Абы и езыми, и Iэщхьабхэми, и Iыхьлыхэми, абыхэм я гъуэгъум ирикIуэ дэтхэнэ зыми Алыхьым и нэфIыр къащыхуэну, и сэламри гуапэу къарихыну дахуолъаIуэ.

Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Нобэ тхьэмахуэ псом нэхъ лъапIэ дыдэу хэт махуэм дыхэтщ. Нобэрей махуэм теухуауэ жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: Дыгъэр къызыхукъуэкI махуэхэм я нэхъыфIыр жумхьэ махуэращ“.

Нобэрей махуэр адрей махуэхэм я нэхъ лейуэ къыщIыхэщым щхьэусыгъуэ хуэхъуар адэкIэ къыхегъэщ صلى الله عليه وسلم-эм: “Абы ирихьэлIэу Алыхьым IЭДЭМ къигъэщIащ, абы ирихьэлIэуи Жэнэтым иригъэхьащ, абы ирихьэлIэуи Жэнэтым къригъэкIыжащ, Къемэт махуэри зытехуэнур жумхьэ махуэращ“. (Тирмизий).

Нобэрей махуэм ирихьэлIэу псори дыкъызытехъукIыжа IЭДЭМ عليه السلام-ыр Аллаху Тэгьалам къигъэщIащ. Мы махуэм техуэуи мы щIы дызытетым къыригъэхащ. Абдежым щежьэри цIыху цIыкIур мы щIым щыбэгъуащ, зы щIыпIэм щимыхуэжхэм щIыпIэ зыбжанэм зытраугуэшащ.

Апхуэдэурэ нэхъ зэпэжыжьэ зэрызэхуэхъуам ипкъ иткIэ я бзэхэри зэмыщхь хъуащ, лъэпкъ-лъэпкъыу тегуэшаи хъуащ, я гупсысэкIэхэри къызытехъукIыжа адэ-анэм я гупсысэкIэм, ахэм яхэлъу щыта фIэщхъуныгъэ къабзэм къыбгъэдэкIыу, пэжыжьэ хъууэ щIидзащ.

Абдежым щыригъажьэри, Аллаху Тэгьалам бегъымбархэр, лIыкIуэхэр лъэпкъ къэскIэ къахуигъакIуэу щIидзащ. Псори къызытехъукIыжа я адэ-анэм зэрахьэу щыта динымрэ, гупсысэкIэмрэ ягу къагъэкIыжу ахэр цIыхухэм яхэтащ.

Пэжращи, цIыхухэр сыт хуэдизу зэтемыкIами, сыт хуэдизу зэтемыпщIыкIами, сыт хуэдизу зэкIэщIэмыкIами – псори зы адэ-анэм къатехъукIащ, псори “цIыху” псалъэм, цIыху фIэщыгъэцIэм теухуауэ зэхуэдэщ.

ЦIыхур зы лъэпкъ гуэрым зэрыщыщ къудейм зыри къигъэлъагъуэкъым, атIэ зыгуэр къэзыгъэлъагъуэр цIыхум, лъэпкъым и IуэхущIафэращ.

Лъэпкъыр нэхъыфI зыщIри, лъэпкъыр нэхъ Iей зыщIри къыбгъэдэкI IуэхущIафэхэращ.

Япэ дыдэ Алыхьым къигъэщIа цIыху къабзэм, псоми ди адэм, нэхъыжь я нэхъыжьыж IЭДЭМ عليه السلام-ым и дуней тетыкIам, и гупсысэкIэу щытам, и гум къабзагъэу илъам цIыхур нэхъ пэгъунэгъухукIэ нэхъыфIи мэхъу, нэхъ лъапIи мэхъу.

IЭДЭМ зытетар дигу къигъэкIыжу, дызыхущIэкъун хуейри къыдгуригъэIуэжу иужь дыдэу къытхуигъэкIуэжащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын Мухьэммэд عليه الصلاة والسلام-ым.

 

НтIэ мис а цIыху лъапIэм къытхуигъэна псалъэ Iущхэм ящыщщ мыр:

إنَّ اللهَ لاَ يَنْظُرُ إِلَى أَجْسَامِكُمْ، وَلاَ إِلَى صُوَرِكُمْ، وَلَكِنْ يَنْظُرُ إِلَى قُلُوبِكُمْ

Аллаху Тэгьалам фи Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэми, фи теплъэми къеплъкъым (ар къыфIэIуэхукъым, жыхуиIэщ), атIэ зэплъыр фи гум илъращ“.

А псалъэхэм лъабжьэ яхуэхъужыр Аллаху Тэгьалам и псалъэращ:

Алыхьым деж фэ фщыщу нэхъ лъапIэр — тхьэшынагъэ нэхъ зыхэлъращ“. (Iэл-Хьуджурат: I3).

А мыхьэнэ дыдэм нэхъри тригъэчыныхьу жеIэ Бегъымбар лъапIэм, e: “Хьэрыпыр мыхьэрыпым, фIыцIэр плъыжьым зыкIи ефIэкIкъым. ЕфIэкIыныгъэр къэзыгъэлъагъуэр тхьэшынагъэрщ. Фэ псори IЭДЭМ фыкъытекIыжащ. IЭДЭМИ щIым къыхагъэщIыкIащ“. (Имам Ахьмэд).

Жэмыхьэт махуэ Алыхьым ищIынхэ! Мы ищхьэкIэ къыхэдгъэща лъабжьэшхуэхэр къызыгурыIуа цIыхур, къызыхэкIари зыхыхьэжынури, къэзыгъэщIари зэкIуэлIэжынури цIыхум зэ зэхигъэкIа хъумэ – ар фIырыфIкIэ гъуэгу захуэм пхутешынукъым, гъуэгу Iушэми пхутешэнукъым.

Ауэ ахэр иджыри къызыгурымыIуар, зэхихами зи гум хэмыхьар гъуэгу мыгъуэм тету аращ.

Ар уи IуэхущIафэми хуейкъым, абы уи динри къыфIэIуэхукъым, абы и къежьапIэри ищIэжкъым, атIэ абы и къэухьыр зыдынэсыр: си лъэпкъэгъумэ сытри дэсIыгъынущ, хамэ лъэпкъмэ сытри IэщIэзудынущ, жыхуиIэ бгъэдыхьэкIэращ.

ЖеIэ бегъымбар лъапIэм, e: “Алыхь Ину Лъагэм фщхьэщихащ джахилийе зэманым фхэлъа пагэныгъэмрэ, адэжьхэмкIэ зывгъэпIиинымрэ. ЦIыхухэр – е тхьэшынагъэ зыбгъэдэлъ муIминщ е мыгъуэр зи мыгъуа гуэныхьыщIэщ. Фэ псори IЭДЭМ фырибынщ, IЭДЭМИ ятIэм къыхэгъэщIыкIыжащ. Жэхьэнэмэ фIэмыщI хъунухэмкIэ загъэщIэгъуэныр зыхэлъхэм ар зыхрен, армырамэ Iэщым къыкIэрыхуа вэнвейр пэкIэ къезыхуэкI цIывым нэхърэ нэхъ пуд Алыхьым и пащхьэ щыхъунщ ахэр“. (Абу Дауд, Тирмизий).

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы Iуэхугъуэр нобэ нэхъыбэ дыдэу дызыхуэныкъуэхэм ящыщщ. Нобэ, уеблэмэ муслъымэныцIэр зезыхьэ гуэрхэм къахэкIыу зэхыбохыж, лъэпкъ зэхэдз зыщI, цIыхухэр зыр зым езыущтыжу.

Ауэ, мыр Iуэху джэгукъым уриджэгу хъуну, мыр Iуэху цIыкIукъым уи бзэр бутIыпщу узыхуейр жыпIэну! Иджыпсту уи бзэгум къыжьэдэкIар къыбжьэдэкIа нэужькIэкъым цIыхум щалъыIэсыр, атIэ уеблэмэ къыщыбжьэдэкIкIэ ялъоIэс, арамэ зыхуэсакъыж, адрейхэми яхуэсакъ!

Диным, хьэлщэным, гущIэгъум мыхьэнэшхуэ ихъуреягъым псоми ирату щытамэ, закъуэтIакъуэ гуэрым зыгуэр къыжьэдэхуми абы Iуэхушхуэ къикIынутэкъым, ауэ динри къагурымыIуауэ, гущIэгъури я гум ихауэ, я хьэлщэнкIи ещIэкъуауэу щыт жылэр къызыщIэбгъэнэнумэ узыхуейр мащIэ дыдэщ, ауэ ар бгъэункIыфIыжыным Iуэху куэд пыщIащ, абы адрейхэри ису, уэри ухисыхьэжынкIэ бетэмалщ.

Аращи, псом япэ дыдэ ди щхьэ дыхуэвгъэсакъыж, ди лъабжьэ щIэт, ди Iэ къызыпекIуэкI дэтхэнэ зыми мы гупсысэр яхэдвгъапщэ! Алыхьым лъэпкъ-лъэпкъкIэ дызэхидзу дыкъыщIигъэщIар ди гъащIэр нэхъ дахэ, нэхъ гъэщIэгъуэн хъун щхьэкIэщи, ар апхуэдэу щырет, Алыхьым фIэфIыр дэри тфIэфIу дывгъэпсэу!