Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЩIэныгъэмрэ хьэл дахэмрэ

26.03.2017
Еджауэ 1 468

ФIыщIэ зыхуэтщIри, дызыщыгугъри, дызыкъуэувэри Алыхьу Закъуэращ. Абы иузэщIаращ узэщIар, Абы игъэгъуэщаращ гъуэщар.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIам зэракIэухым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыкъигъэщIри мы дунейм дыкъытригъэхьащ, ди закъуэ дыкъытримынэуи дэ тхуэдэ цIыхухэри гъусэ къытхуищIыжащ.

Ар фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэщ. Зыгуэрхэр къыпщхьэщытынущ, зыгуэрхэм уащхьэщытынущ, зыгуэрхэр къыббгъурыту щытынущ.

ЦIыху губзыгъэхэми жаIэ: «УзыбгъэдэмытынкIэ Iэмал зимыIэм узэрыдекIуэкIыну щIыкIэр умыщIэныр насыпыншагъэ дыдэщ!».

Арамэ, тщIэн хуейщ унэ кIуэцIым щIэсхэм дазэрыхущытын хуейр, унэм дыкъыщIэкIамэ уэрамым дызыхуэзэм дазэрыфIэкIын хуейр, лэжьапIэм дыкIуамэ ди лэжьэгъухэм дазэрыхэтын хуейр.

Дэ къытщыщIращ: диным щыщу куэд зэхыдох, куэди зыдогъащIэри, абы и нурым дыкъызэщIегъанэ. Абы къыкIэлъыкIуэу а нэхур нэгъуэщIым и деж нэдгъэсынщ жыдоIэри дыщIопхъуэ, ауэ а нэгъуэщIым и деж нэхуу ар нэсыжкъым, атIэ хьэнэф хъуауэ гъущэу лъоIэс.

Абы ипкъ иткIи, модрейм диным и дахагъамрэ и IэфIагъымрэ зэхимыщIэу мэхъу, уеблэмэ диным гущыкI щищIынри бетэмалщ.

Сыт-тIэ ар къызыхэкIыр? Ар къызыхэкIыр: пэжыр къапщIэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIкъыми аращ. АтIэ а къэтщIа пэжым игъусэу, нэгъуэщIхэм ар зэрылъэдгъэIэсыжыну щIыкIэм дыщыгъуазэу дыщытын хуейщ.

Пэжыр бгъэдэлъхьэкIэ дахэкIэ цIыхум бгъэдомылъхьамэ, «пэжыр жесIати къабыл ищIакъым, абы пэж къилъыхъуэкъым!» жомыIэ, атIэ уэ езыр зэупщIыж: уа дэнэ деж сыщыуауэ пIэрэ мыбы диныр щыбгъэдэслъхьэм, сытхэр сIэщIэкIауэ пIэрэ?-жыIэ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм ехьэлIауэ щIэныгъэ дэнэ къыздисхынур, жызыIэ къытхэтмэ, псом япэ иту абы теухуауэ щапхъэ тхуэхъунур Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын Бегъымбар лъапIэращ.

Езы Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم и хьэлыр къызыхихыжар КъурIэнращ. КъурIэныр цIыхум щыщ хъуауэ къикIухьу дунейм тету уи нэгу къыщIэгъыхьи, мис апхуэдэу щытащ ЛIыкIуэ лъапIэр عليه الصلاة والسلام-ыр.

КъурIэным къырихыжауэ абы хэлъа хьэлхэм ящыщ зы къыхощ мы аятым:

{فَبِمَا رَحْمَةٍ مِنَ اللَّهِ لِنْتَ لَهُمْ وَلَوْ كُنْتَ فَظًّا غَلِيظَ الْقَلْبِ لَانْفَضُّوا مِنْ حَوْلِكَ فَاعْفُ عَنْهُمْ وَاسْتَغْفِرْ لَهُمْ وَشَاوِرْهُمْ فِي الْأَمْرِ }

«Алыхьым и гущIэгъум и фIыгъэкIэ абыхэм уахуэща­бэщ; уахуэпхъэшамэ, гу быдэу уахущытамэ утыкум укъра­нэнт. Яхуэгъэгъу, яхуэлъаIуэ икIи IуэхумкIэ ячэнджэщ». (1ал Гьимран, 591).

ЦIыхум сыт хуэдиз щIэныгъэ бгъэдэмылъми, сыт хуэдиз фIыгъуэ хэмылъми, ар цIыху щабэу, гущIэгъу хэлъу, хьэл дахэ бгъэдэлъу щымытмэ – цIыхухэр къедэIуэнукъым, и щIэныгъэри зэхащIыкIынукъым.

ЦIыху къызэрыгуэкIхэр нэхъыбэ дыдэу къыдэзыхьэхыр – хьэл дахэращ. Хьэл дахэ зиIэм щIэныгъи бгъэдэлъу, динри нэхъ хэлъу ябж, сыт хуэдизу и гьэкъидэр зэблэшауэ щымытми. Ауэ зи хьэлыр зэблэшам и гьэкъидэр сыт хуэдизу захуэми, и диныр Iушэу икIи ныкъуэу цIыхухэм ябж.

Сэращ захуэр, — жыпIэкIэ цIыхухэм я фIэщ хъунукъым, уи IуэхущIафэкIэ ар къыбдамылъагъужауэ!

  • — Нэхъыбэ дыдэу цIыхухэр Жэнэтым изышэнур сыт? – жаIэу عليه الصلاة والسلام щеупщIам, — «Тхьэшынагъэмрэ, хьэл дахэмрэ», — жиIащ. (Муслим).

Хьэл дахэ зыхэлъыр езыр Жэнэтым абы зэришэнум хуэдэу, а хьэл дахэм и хьэтыркIэ нэгъуэщIхэри диным абы къыришэнурэ, адэкIэ Жэнэтым зыдишэнущ.

Жэнэтым нэсми, Бегъымбар лъапIэм нэхъ гъунэгъу дыдэу бгъэдэсынур нэхъыбэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъаракъым, атIэ хьэл нэхъ дахэ дыдэ зыхэлъаращи, Алыхьым ар насып тхуищI дэтхэнэ зыми!