Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дин дахэм дигъэщIэращIэу дывгъэпсэу!

04.03.2017
Еджауэ 1 448

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Абы худощI; псори къэзыгъэщIам, тщIэуэ хъуар къыдэзыгъэщIам, ди хъейр зыхэлъу хъуам дыхуэзыузэщIам!

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри гуапэу къырихыну дыхуолъаIуэ, лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, муслъымэну дунейм тетым я напIэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам муслъымэн диныр къыдитащ мыбыкIэ ди щхьэр къедгъэлын, ди Iыхьлыхэри, гъунэгъуу къыдбгъэдэтхэри къедгъэлын папщIэ.

Ар къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм:

{يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا قُوا أَنْفُسَكُمْ وَأَهْلِيكُمْ نَارًا وَقُودُهَا النَّاسُ وَالْحِجَارَةُ عَلَيْهَا}

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ, (уэ муслъымэнхэ, муIминхэ), фи щхьэри, фи Iыхьлыхэри къевгъэл, мафIэу цIыхухэмрэ мывэмрэ зи гъэсыпхъэу щытынум!». (Iэт-Тэхьрим, 6).

Ауэ динымкIэ укъелыфын папщIэ, абы хэпщIыкIыу е хэзыщIыкIым уечэнджэщу, диным и дахагъыр плъагъуфу, нэгъуэщIхэми ебгъэлъэгъуфу ущытын хуейщ.

Ахэр Iуэхум хэмыту диныр пхузехьэнукъым, зепхьэ уигугъэжу упсэуми зепхьэкъым, атIэ жьым узэрихьэу мылым утету аращи, абы жыжьэ унигъэсынукъым.

Мы диныр адэкIэ дгъэкIуэтэну, цIыхухэр мыбы къедгъэхъуэпсэну, дедгъэхьэхыну ди къалэнщ. «КъырихьэлIам къыримыхьэлIам лъэрегъэIэсыж» жеIэ عليه الصلاة والسلام.

Ауэ ар дауэ зэрытхузэфIэкIынур дэ езым диныр къыдгурымыIуэпауэ, и дахагъри и IэфIагъри зэхэдмыщIэпауэ, диныр езыр зыхуейри зыхуэмейри зэхэдмыгъэкIауэ?!

Диныр бзэгупэкIэ зэрахьэкъым, щыгъын кIапэкIи зэрахьэкъым, гъуэншэдж лъапэкIи зэрахьэкъым, жьакIэ напэкIи зэрахьэкъым, атIэ Iуэхур куэдкIэ нэхъ куущ, ауэ икIи нэхъ тыншщ.

Нэхъ куущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, диным бзэгум жиIэ хэтщ, щыгъын щыптIагъэри абы хэтщ, жьакIэри къыщокIуэ, нэгъуэщI куэди хэтщ.

Ауэ мыбыхэм ящыщ зыр къыхэпчрэ «мыращ диныр» жыпIэ хуэдэу уэрамым укъыдэувэмэ, Iэхьлул-Китабым ятеухуауэ «Тхылъым итым и зы Iыхьэ фи фIэщ хъууэ, адрей Iыхьэр фи фIэщ мыхъуу ара?!», жызыIэ аятым ухиубыдэнущ.

Нэхъ тыншщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, диныр зэрыIыгъыу, зэрыщыту къызэдэпщтэмэ нэхъ зехьэгъуафIэщ. Диныр зэрыIыгъыу, зэрыщыту къызэдэпщтэмэ уэ езым уигури тыншынущ, уи Iэпкълъэпкъри тыншынущ, адэкIэ къыббгъэдэт цIыхухэри бгъэтыншынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы щIыналъэм дин Ислъамыр губгъуэ къабзэм удз цIынэр къызэрыхэжым хуэдэу къыхэжащ, нэр игъэгуфIэу, гури игъэгуфIэу, гугъи къуиту, мыбы нэхъ зыкъиIэтмэ псоми ди хъейр къыхэкIынущ, жытIэу.

АрщхьэкIэ зыкъэIэтыпIэ етткъым, атIэ дыхэлъэдауэ лъакъуащхьэкIэ зэхыдоутэ, дэтхэнэ зыми зы кIапэ къыпиудыну хэтщ, зыуэ щытыр зыбжанэ дощI, псоми зэдейр зыгуэрхэм зыIэщIалъхьэну яужь итщ.

Япэм гукъеуэу диIэр мэжджыт дызэримыIэр арати, иджы мэжджыт куэду диIэ хъури, дэтхэнэ мэжджытми зы дин зехьэкIэ щаукъуэдиину яужь ихьахэщ, дэтхэнэми нэхъ захуэу, нэхъ пэжу зыкъыщохъуж, ауэ езы пэжыр псоми къащыдыхьэшхыу къысщохъу!

Мы диныр псоми тхурикъунущ, псоми хэтщIыхьын дгъуэтынущ, псори мыбыкIэ Жэнэтым дыкIуэфынущ, псори мыбыкIэ Жэхьэнэмэм дыкъелыфынущ.

Хьэуэ, дэ дызыхуейхэращ Жэнэтым кIуэнур, дэ дызыхуэмейр дгъэкIуэнукъым, фIыуэ дымылъагъухэм Алыхьым гущIэгъу яхуищIыну дыхуейкъым, дэ зэрытфIэфIым Алыхьыр щытыну дыхуейщ.

Ауэ дауикI шэч хэмылъу мы тхьэусыхафэр зыхуэгъэзар нэхъ мащIэращ, нэхъыбэм диныр узыншэу зэрахьэ, я нэмэз ящIмэ я унагъуэр зэрапIыжын Iуэху зэрахуэ, абы къыдэхуэу я мыIуэхум хэIэбэну зэман яIэкъым.

Мис а нэхъыбэм ящыщ нэхъ мащIэри ищIыжыну, гупышхуэм къыкIэрыхуа гуп цIыкIур абы лъэщIыхьэжыну, мы ди щIыналъэ дахэм ис цIыхухэр мы дин дахэм хуэфэщэжу псэуну Алыхьым жиIэ!