ФIыщIэр Алыхьым хуэфащэщи, фIыщIэ Абы худощI, ди Iуэхур къыддиIыгъыну икIи тщигъэпсынщIэну долъэIу, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну зыхудогъазэ, ди тобэри къабыл ищIыну дыщогугъ.
Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.
Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам зы дин къызэрыдитам, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم зы диным къызэрыхуриджам, зы жэмыхьэтуи дыщытыну, дызэрыIыгъыуи дыпсэуну унафэ къызэрытхуищIам.
ЖиIащ ди Тхьэшхуэу къытщхьэщытым:
“إِنَّ هَذِهِ أُمَّتُكُمْ أُمَّةً وَاحِدَةً وَأَنَا رَبُّكُمْ فَاعْبُدُونِ”.
«Зы Iуммэту мыр фи Iуммэтщ, сэри сывитхьэщи фыкъысхуэпщылI!». (Iэл-IэнбияI сурэ, 92 аят).
ЖиIащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын Бегъымбар лъапIэми: «Жэмыхьэтым (гупым) яхэт (жаIэм тет), дыгъужьым ихь хабзэр (хъушэм къыхэкIа мэл щхьэ) закъуэращ». (Абу Дауд, НэсаIий).
Узэкъуэтыныр, узэгъусэныр, узэрыIыгъыныр, узэгурыIуэныр… а лъабжьэхэращ мы диныр зытещIыхьар… А лъабжьэхэращ дин унафэ куэдри зытеухуэжар.
Ар къохъулIэн папщIэ, къузэрохъулIэн щIыкIэм ущыгъуазэу е зыщыбгъэгъуэзэну яужь уиту ущытын хуейщ.
Ар къохъулIэн папщIэ КъурIэныр къыбгурыIуэу, Суннэми хэпщIыкIыу ущытын хуейщ, ар убгъэдэмылърэ — ахэр къызыгурыIуэхэм, абыхэм хэзыщIыкIхэм уедаIуэу зебгъэсэн хуейщ.
КъурIэнымрэ, Суннэмрэ къыбгурыIуэн зэрыхуейри уэ зэбгъэзахуэ мащIэмкIэкъым, атIэ ахэр кууэ зыджауэ, аятхэмрэ хьэдисхэмрэ зэхуихьыжыфу, абыхэм къыщыкIуамрэ цIыхум я псэукIэмрэ зэригъэкIуфу, къекIуэкIым ахэр хуихьыжыфу, Iуэхур зэпишэчу, сэбэпынагъыу абы къыхэкIынумрэ, зэрану къишэнумрэ зэригъэзэхуэфу щыт цIыхухэм зэрыжаIэращ зытещIыхьын хуейр.
Армырамэ, Алыхьыр арэзы дощI жытIэурэ шейтIаныр арэзы тщIынущ, Суннэр догъэзащIэ жытIэурэ фарзыр къэдгъэнэнущ, псори зым тыдошэ жытIэурэ, а зытет текIуми тетхунущ, ягъэзащIэ мащIэри яIэщIэдгъэхужынущ.
Мис апхуэдэ пхэнж бгъэдыхьэкIэм и щапхъэщ нэщI икIыж гьид блэкIам ди щIыналъэм къыщыхъуар, зэтемыхуэныгъэшхуэ цIыхухэм я зэхуакум къызэрыдэхъуар.
Зы къуажэм гьидыр ищIу, адрей къуажэр нэщI ису, уеблэмэ зы унагъуэм и гьиду адрей унагъуэм нэщI иIыгъыу, уеблэмэ абы фIэIэбыкIыжи зэкъуэшитIым я зыр нэщI ису, адрейм гьидыр ищIу….
Хьэдэгъуэдахэкъэ ар?! КъекIурэ ар мы дин дахэм? Хуейуэ пIэрэ Алыхьышхуэр апхуэдэ зэхэтыкIэм? Дгъэпудауэ къытщыхъужкъэ мы дин дахэм и цIэр?
Гьидыр гьид зыщIыжыр – ар цIыхум къызэдащтэмэщ, зэдаIэтмэщ. Аращ абы и купщIэр: муслъымэнхэр зэрызэкъуэтыр, муслъымэнхэр зэрызэкъуэшыр, муслъымэнхэр зэрызэтехуэр къигъэлъэгъуэныр.
Аращ щIыжиIэри عليه الصلاة والسلام-ым:
“الصوم يوم تصومون والفطر يوم تفطرون“.
«НэщIым фыщихьэнур цIыхубэр щихьэм дежщ, нэщIым фыщикIыжынур цIыхубэр щикIыжым дежщ!». (Тирмизий, Абу Дауд, Бейхэкъий).
НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум я нэхъыбэм къызэдащта нэщI ихьэкIэращ нэщI ихьэкIэ хъужри, цIыхум я нэхъыбэ къызэдащта гьидращ гьид хъужри.
МыдэкIэ Iуэхур нэхъ кууэ зэпкъырысхынщ жыпIэмэ, нэхъыбэ щIэныгъэлIыр зытетыр: мы дунейм зы щIыналъэ гуэрым мазэщIэр щалъэгъуамэ, адрей щIыналъэхэми ис муслъымэнхэм абы тету гьид ящIынращ.
Ари щIыжаIэр, муслъымэнхэм псоми я гьидыр зы махуэм техуэн щхьэкIэщ.
Ауэ ар тхауэ щыIэ щхьэкIэ, къэхъуауэ зэикI пхужыIэнукъым, уеблэмэ хъалифэшхуэмхэм я зэманым къехъулIакъым ар муслъымэнхэм, уеблэмэ зырагъэхъулIэнуи яужь итахэкъым. АтIэ щIыналъэ къэс езым я мазэ ихьэкIэ яIыжащ.
ЩIэныгъэлышхуэ Тэкъиюд-Дин Iэс-Субкий етх: «Гьумэр ибн ХъэтIтIаби адрей хъэлифэ рашидхэми къабгъэдэкIауэ щыIэкъым: мазэщIэр къалъэгъуа нэужь ар къызэрыунэхуамкIэ муслъымэн щIыналъэхэм тхыгъэ хурагъэхьу щытауэ, ар Iэмалыншэу щытамэ ямыгъэзэщIэнкIэ Iэмал иIэткъым, апхуэдизкIэ ахэр динщIэкъуу щытащи». «Iэл-Гьилмул-Мэншур», нап.I5.
Ауэ а имамышхуэхэм, щэхьабэ лъапIэхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэу икIи нэхъ динщIэкъуу зыкъызыщыхъужхэр дэ диIэщ. Зы щIыпIэ зыгуэр зэрызэхахыу ар пIэщIэгъуэкIэ къытлъагъэIэсыжрэ, цIыхубэр зэхэзехуэ зыщIхэр ди куэдщ.
А зэхахар динкIэ нэхъыжьхэм, щIэныгъэ зиIэхэм, имамхэм япэ щIыкIэ бгъэдалъхьэрэ, я чэнджэщ къалъыхъуэу щытамэ сыт хъунт, арщхьэкIэ КъурIэным къыщыкIуэ унафэм хуэнэфщ ахэр.
КъурIэным къыщокIуэ НисаI сурэм и кIуэцIкIэ, мыхьэнэ зиIэ хъыбар гуэр къызыIэрыхьэу, ар унафэ зыIэщIэлъхэм бгъэдимылъхьэ ипэ цIыхухэм яхэз зыщIым мунафикъ хьэл хэлъу.
Мунафикъ хьэлщ ар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, муслъымэнхэм я зэранышхуэ къызыхэкI Iуэхущ апхуэдэу хъыбарыр хэбутIыпщхьэныр. Муслъымэнхэм я зэранышхуэ къызыхэкI Iуэхугъуэр мунафикъ хьэл зыхэлъым фIэкIа хуэщIэнукъым.
Мыбдежым къэхъуар зыщIахэм а цIэ Iейр ятпэсыну ди щхьэ хуэдгъэфащэкъым дэ, ауэ зэгупсысыжынухэми гупсысапIэ ихуахэщ.
ГъэщIэгъуэнракъэ, нэмэз ящIынумэ имамым доуври нэмэз дащI, нэчыхь ятхынумэ имамым ирагъэтх, я Iуэхур мыхъумэ имамыр къалъыхъуэ, ауэ нэщIым Iуэхур зэрынэсу псори имам мэхъури, имамыр зырагъэдэIуэну яужь йохьэхэ!
Муслъымэн жэмыхьэт! Мазэм и къэунэхукIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэ жызыIа щIэныгъэлIи щыIэщ. Ар астроном щIэныгъэлIхэм я къэбжыкIэм, я еплъыкIэм тепщIыхьынращ Iуэхур.
Мы еплъыкIэр зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну щыIэщ, жызыIа щIэныгъэлI куэди муслъымэнхэм диIэщ, уеблэмэ, зэман къакIуэр а еплъыкIэм иубыдыпэну пIэрэ жыпIэу, Iуэхум зеужь.
А еплъыкIэм ди акъылыр хунэсыхукIэ дыныкъуэкъуэнущ дэ иджыри зыкъомрэ, ауэ еныкъуэкъуахэри зэныкъуэкъуахэри иужькIэ абы хуэкIуэжауэ плъагъунщ.
А еплъыкIэр щыщыIэкIэ, ар къыхэзыха щIэныгъэлIи щыщыIэкIэ, мыбдежым ди «щIэныгъэлI советым» ар къыхихыу унафэ ищIыну щIыхуимытыр сыт?
Зы Iуэхугъуэм еплъыкIэ зыбжанэ щиIэм и деж, дэтхэнэ зы еплъыкIэри зэуэ утыкум къызэдиплъхьэ щымыхъунум деж, къэнэжыр: унафэ зыIэщIэлъым зы еплъыкIэ къыхихыу, адрей еплъыкIэр лъэныкъуэ зэкIэ иригъэзынращ.
Аращ щIэныгъэлIхэр мыпхуэдэ Iуэхухэм зэрыбгъэдыхьэр, аращ акъыл гуэр зиIэри мыбы зэрегупсысыр, ауэ фIы дощIэ жытIэурэ дэ Iуэхур зэIыдощIэ, «КъурIэн, Суннэ» жытIэурэ, цIыху губзыгъэм имыщIэн долэжь!
Шейхъ Iэл-Iэлбаний رحمه الله мы Iуэхугъуэм тыригъэчыныхьу етх: «НэщI ихьэкIэмрэ нэщI икIыжыкIэмрэ ехьэлIауэ муслъымэн Iуммэтыр псори зэгурыIуэным Iуэхур нэсыхукIэ, сэ си еплъыкIэр: къэрал къэскIэ ис лъэпкъхэр и къэралым техуэу нэщI иIыгъынращ, гуп гуп зыращIыкIыу, зы гупыр и къэралым дэнэщIу, адрей гупыр адрей къэралым дэнэщIу мыхъуу…». «Тэмамуль-Миннэ», нап. 398.
Ибн Бази, Ибн Гьусеймини, нэгъуэщI щIэныгъэлI куэдми а гупсысэр къыхагъэщ я псалъэм: зы щIыналъэм и кIуэцIкIэ цIыхухэр зэгурыIуэн зэрыхуейр, щIыналъэм ис еджахэм къызэдащтам тетын зэрыхуейр.
Аллаху Тэгьалам долъэIу диузэщIыну, кIыфIыгъэм дыкъыхишу нэхугъэм дыхишэну, Езыр зыхуейм дытелажьэу дигъэпсэуну, зэгурыIуэныгъэ ди зэхуакум къыдилъхьэну, псалъэмакъми жэмыхьэтыр щихъумэну!