Шэч хэмылъу, Аллаху Тэгьалам цIыхум пщIэшхуэ къыхуищIащ, нэгъуэщIхэм яримытар абы къыритащ. Зи насыпри къыхуащIар зэхэзыщIэу, абы и фIыщIэ зыщIу, езыр къыздикIари, къызыхэкIари, зыдигъэзэжынури зыщIэу икIи абы хуэфэщэжу псэуращ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы ди гъащIэм хабзэ дахэ куэд къыддогъуэгурыкIуэ дэ, ди зэхущытыкIэхэр нэхъ дахэ ищIу, ДыкъэзыгъэщIами нэхъ быдэу дыпищIэу.
Абыхэм ящыщщ, дызэхуэза нэужь: «дауэ ущыт, дауэ нэху укъекIа?» – жытIэурэ зыр зым дызэрыщIэупщIэр.
Абыхэм я жэуапыр щаткIэ и теплъэкIэ нэхъыбэм жаIэр зэщхьщ, ауэ шэч хэмылъу я гум илъкIэ цIыхухэр зэхуэдэкъым.
Ауэ адрейхэм жаIэм емыщхьу ди япэ ита имамышхуэхэм, цIыхуфIхэм къабгъэдэкIауэ псэлъафэ гъэщIэгъуэнхэр щыIэщи, нэгъуэщIу Iуэхум урегъэгупсыс.
— Дауэ нэху фыкъекIа? -, жаIэри еупщIат абыхэм ящыщ зыми, жэуапу къитам феплъ: «Нэху дыкъекIащ Алыхьым и фIыгъуэхэм дыкъыхэмыщу, дыщIигъэмбырыуауэ дыхэту, а псом я фIыщIэри зэрытщIын къару дбгъэдэмылъу. ГъэщIэгъуэнщ: ди Тхьэр зыкIи къытхуэмыныкъуэ пэтрэ, фIыуэ зыдигъэлъэгъуну дунейм тетыр къытхуещIэ, дэ сыткIи Абы дыхуэныкъуэ пэтрэ, и гур зыщыдгъэкIыну сытри дощIэ!».
Адрейм и жэуапыр щэ: «Я нэхъыфIыр дэтхэнэрами сщIэкъым, ауэ фIыгъуитIым я зэхуакум сыдэту нэху сыкъекIащ: зы лъэныкъуэкIэ Алыхьым гуэныхь куэд схущIиуфащи, зыми ахэр къызиудэкIыфынукъым, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ си IуэхущIафэхэмкIэ къэзмылэжьауэ цIыхухэм я гум сэ стеухуауэ лъагъуныгъэ ирилъхьащ».
Абыхэм къарыкIращи, Алыхьым къытхуищIэр зэхэтщIэу, Абы и фIыгъуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи икIи дапщэщи дыкъызэраухъурехьым дегупсысу, уеблэмэ, а нэхъ гугъу дыдэ ди Iуэхур щыхъуам дежи Алыхьым и фIыгъуэ гуэр Iуэхум зэрыхэлъыр тщымыгъупщэу дыщытын хуейуэ аращ.
Абы хэту, апхуэдиз фIыгъуэм я фIыщIэр зэрытхуэмыщIынур, тщIыуэ хъуари абы зэрыпэмыувынур зэхэтщIэжу, зыгуэруи зыкъытщымыхъужу дыщытын хуейщ.
Алыхьым къыхуищIэм и фIыщIэр цIыхум ищIыфын дэнэ къэна, Алыхьым къыхуищIэр ибжыфынукъым, и бжыгъэри къилъытэфынукъым.
ТIэлкъ ибн Хьэбиб, رحمه الله, зэрыжиIауэ: «Алыхьым и хьэкъыр апхуэдизкIэ хьэлъэщи, цIыхухэм ар яхуэгъэкъаруунукъым, Алыхьым и нигьмэтхэр апхуэдизкIэ куэдщи, цIыхухэм ахэр яхуэбжынукъым, атIэ, нэху фыкъекIамэ тобэ къэфхьыж, жэщ къыфтехъуами тобэ къэфхьыж!».
НэгъуэщIу жыпIэмэ, хьэкъыр зэрытхуэмыгъэзащIэм, фIыщIэри зэрытхуэмыщIым теухуауэ сыт щыгъуи тобэ къэтхьыжу дыпсэуфмэ ди насыпщ, жыхуиIэщ.
Езы Алыхьышхуэми сыт жиIэр: «وَإِن تَعُدُّواْ نِعْمَةَ اللّهِ لاَ تُحْصُوهَا» — «Алыхьым и нигьмэтхэр фыбжыну яужь фихьэмэ фхузэфIэкIынукъым!». (Ибрахьим, 34).
Ауэ, псори къыхуэмыбжми, «мыри Алыхьым къысхуищIащ, мори къысхуищIащ», жиIэурэ къыхуэбжым хуэдиз къэзыбж, щIэх-щIэхыурэ абыхэм егупсыс, зи нэгум къыщIэзыгъэувэ дапщэ къытхэт?!
Мыр егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ! Махуэ къэс къытедгъэзэжурэ, зэщхьурэ зы Iуэху зэрыдлэжьым папщIэ, уеблэмэ, ар гьибадэт Iуэхуу щытми, десэжу я купщIэр тфIэкIуэдынкIэ хъунущ.
Иманыр ди гум къизылъхьа, и дин дахэр зетхьэныр псынщIэ къытщызыщIа Тхьэшхуэм и фIыщIэ тщIын хуейщ нэхъыбэрэ. Иманым и фIыгъуэм нэхъ ин щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди къелыным и щхьэусыгъуэ нэхъ иныр аращ.
ФIыгъуэ къытхуищIэхэм я фIыщIэ зэрытщIын иманрэ, къарурэ, зэхэщIыкIрэ Алыхьым къыдбгъэдилъхьэ. А фIыщIэм и фIыщIэкIэ фIыгъуэ къытхуищIэхэри тхуихъумэ икIи тхуигъэбагъуэ!