Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшыни и жыIэм дытевгъэт, блэкIа махуэ лъапIэхэм ди насып зэрыхилъхьами я фIыщIэ дывгъэщI, иджыри илъэс куэдкIэ апхуэдэ фIыгъуэ ди нэгум щIигъэкIыну девгъэлъэIу.
А махуэ лъапIэхэр хэт блигъэкIащ, хэт фIыблэкIащ: благъэкIащ а махуэхэр псапэкIэ ахэр зыгъэнщIахэм, зыщыгуфIыкIыжын къыхэзыхахэм, ауэ яфIыблэкIащ а махуэхэр дуней Iуэхум къыдэмыхуэу зи зэманыр зыгъэкIуахэм, уеблэмэ, нэхъ Iеижращи, гуэныхькIэ ахэр езыхьэкIахэм.
Къапщтэмэ, дуней гъащIэр апхуэдэ защIэу зэхэлъщ. Дунейр гъэунэхупIэщ, ауэ псори зэхуэдэу а гъэунэхупIэм къикIкъым, атIэ хэт йохъулIэ, хэт хелъафэ; ехъулIэхэри я ехъулIэкIэкIэ зэхуэдэкъым, хилъафэхэри я хилъэфэкIэкIэ зэхуэдэкъым.
ИкIи зэикI зэхуэдэ хъунукъым, мы дунейм хьэхум, пщэдеи кIуэдыжынум зыдезыгъэхьэхыу абы телажьэмрэ, кIэух зимыIэ ахърэтым зи гъащIэр тезухуэмрэ.
— Мы машынэ хьэхум итIысхьи мопхуэдэ къалэм нэси, абы унэсмэ узыхуей псор абы щыбгъуэтынущ, — зыжраIэу яутIыпщар, машынэ къратам ехъуэпсэжу, зыдэкIуэну къалэри щыгъупщэжрэ, хьэулейуэ дэувэжмэ… абы акъыл бгъэдэлъ?! Абы хуэдэщ дунеймрэ ахърэтымрэ я Iуэхур.
Муслъымэн жэмыхьэт! Диныр къызыфIэмыIуэхуу зи гъащIэр нэгъуэщI зыгуэрым тезухуахэм я гугъу тщIыххэкъым, ахэм кърахуэкIыр къагъуэтыжынщ, ауэ мы дунейр зиIысри, ахърэтыр зиIысри къызыгурыIуам и дуней тетыкIэр а къыгурыIуам зэрыхуэмыфэщэжыр гъэщIэгъуэн и гъэщIэгъуэныжщ.
УрохьэлIэ цIыху, зы илъэс къимыгъанэу хьэжи ищIу, уеблэмэ илъэсым и кIуэцIкIэ гьумрэхэри ищIу, зы нэмэзи блимыгъэкIыу, ауэ цIыхухэм нэгъуэщI зыгуэру ядекIуэкIыу, нэгъуэщI сурэткIэ яхэту.
Жэщыр псапэ нэмэзкIэ игъэкIуауэ, пщэдджыжь нэмэзри и уахътым ищIауэ, кIуэрэ зыгуэр къищэхун е ищэн хуей хъуамэ, зыгуэр къызэригъэпцIэным е зыгуэр зэрыфIишхыным егупсысым ищIэр дауэ къызэрыбгурыIуэнур?! Мы зэмызэгъхэр даурэ абы зэригъэзэгърэ?!
Апхуэдэ цIыхум диныр и щхьэ Iуэхуу, езымрэ Тхьэмрэ я зэхуаку дэлъыжын хуейуэ, ауэ дуней Iуэхухэр нэгъуэщI зыгуэру щытын хуейуэ, мобы зы фащэ мыдрейм зы фащэ хущытIэгъэн хуейуэ къыгуроIуэри аращ.
Хьэмэрэ, уэрамым хьэулейуэ, къуейщIейуэ дэт щIалэгъуалэм яхэмыту, мэжджытым гупсэхугъуэ къыщызгъуэтынщ, си нэмэзри къесхьэлIэнщ жызыIэу екIуалIэ щIалэгъуалэм, баш къихакIэ яжьэхэлъадэ лIыжьым, мыхьэнэ зимыIэм бэлыхь къизыхыу абыхэм зезыдзым и дуней тетыкIэр дауэ къызэрыдгурыIуэнур?!
ЩIалэгъуалэр уэрамым дэтми дошхыдэ, мэжджытым къакIуэми дошхыдэ; фIы ящIэми Iей ящIэми дыарэзыкъым… Сыт мыбы къикIыр?! Мыпхуэдэхэр зи IуэхущIафэхэр сымаджэхэращи, сымаджэм мэжджыт зехьэныр, къуажэ унафэ щIыныр и къалэну щIыщытын щыIэкъым, атIэ сымаджэм и сымаджэныгъэм елъытауэ сымаджэщ щыIэщи, щхьэж и кIуапIэр ирещIэж.
Къемэт махуэм и нэщэнэхэм عليه الصلاة والسلام-ым яхибжащ Iуэхур зыхуэмыфащэм бгъэдалъхьэныр, унафэ зыхуэмыщIым ар и пщэ далъхьэныр. (Бухъарий).
Къемэт махуэм ар и нэщэнэу щIыщытри гурыIуэгъуэщ. Мы дунейр зэрызекIуэну, цIыхухэри иризыхэтыну Алыхьым игъэува хабзэ дахэхэр щымыIэж щыхъуам деж, ахэр зэблэша, зэблэхъуа хъуа нэужь, мы дунейри къутэжыну аращ.
Зыхуэмыфащэм унафэр IэщIалъхьэмэ: пэжыр пцIы хъунурэ, пцIыр пэж ящIынущ; лей зехьэныр куэд хъунурэ, зыми и хьэкъ ямыгъэзэщIэжу хъунущ, дыгъужьыр мэлыхъуэ хъунурэ, мэлыр исраф ищIынущ… Аракъэ дуней къутэж жыхуаIэри!
Iуэхур зыхуэмыфащэм бгъэдалъхьэмэ: щIэныгъэншэхэм муслъымэнхэм я унафэ ящIу, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэр къуэгъэнапIэм къыдамыгъэплъу щытынущ. Нобэ къэхъури апхуэдэ зыгуэрщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдэ щапхъэхэм дагъэнэщхъейми, дызыгъэгуфIэн, дызыгъэгушхуэн, дыкъыдэзыхыжын щапхъэхэри диIэщ. Апхуэдэ щапхъэхэри щыIэхукIэ, дуней къутэжыгъуэри къэсыпауэ букъуэдииныр захуэкъым.
Сыт хуэдэ IуэхуфIи къэIэт, ар мэжджыт Iуэхуу, е сымаджэм и Iуэхуу, е тхьэмыщкIэм и Iуэхуу ирехъу, абы къыпэджэжын, абы сэбэп хуэхъуну хьэзыру къэувын, хэт и мылъкукIэ, хэт и Iэпкълъэпкъ къарукIэ абы хэувэн цIыху гъуэзэджэхэр диIэщи, Алыхьышхуэм ар и фIыщIэщ.
Алыхьым абыхэм я бжыгъэр игъэбагъуэ, я псапэхэри яхуигъэбагъуэ, я мурадыфIхэри къаригъэхъулIэ, я Iуэхуми берычэтыр къыхилъхьэ!
Зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, илъэс къакIуэри хъеркIэ ирыдигъэхьэкI. Ди дин IуэхукIи, ди дуней IуэхукIи Алыхьым дыкъихъумэ, гузэвэгъуэхэми, фитнэхэми дащихъумэ!