Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къыдитахэм девгъэгупсыси, къыдимытахэр тщагъэгъупщэнщ!

Алыхьу Лъагэ, ЛъапIэм, зи фIыгъуэхэр бжыгъэншэм фIыщIэ худощI, и закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ. ЛIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, нэхъыфI дыдэу Алыхьым бгъэдэтами и бегъымбарыгъэм дытохъуэ щыхьэт.  

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьышхуэм дыщывгъэшыни, ди дин IуэхукIи, ди дуней IуэхукIи къытхуищIэ фIыгъуэхэм девгъэгупсыс. Абыхэм дегупсысмэ я фIыщIи нэхъ тщIынущ, къытхуэзыщIэри нэхъыфIу тлъагъунущ. 

ЗIы щIэныгъэлI жеIэ: «Алыхьым къыпхуищIэ фIыгъуэхэм уегупсысмэ, ахэр уи бзэгупэм телъмэ, уи гум илъмэ, абыхэм Алыхьыр фIыуэ уагъэлъэгъунущ». 

Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий жиIауэ къаIуэтэж: «Алыхьым мы и фIыгъуэхэм нэхъыбэрэ фигу къэвгъэкI, нэхъыбэрэ фатэпсэлъыхь. Ахэр уигу къэбгъэкIмэ, уатепсэлъыхьмэ я фIыщIэ пщIа мэхъу!». 

НэхъыфIкIэ угугъэным, гугъэ дахэм уиIэным щыщщ ар. ИкIи Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм фIыкIэ угугъэныр фIэфIу, Iейм ущыгугъыныр, Iейм упэплъэныр и жагъуэу щытащ. АкъылкIэ уегупсысми аращ губзыгъагъэр. 

Ауэ нобэ цIыхум я нэхъыбэр псэлъэну тIысамэ, я псалъэр тхьэусыхафэу зэхэлъщ. Мыхъум, яхузэфIэмыкIым, ямыIэм фIэкIа тепсэлъыхьынухэкъым. 

Хэт и улахуэр зэрымащIэм иротхьэусыхэ, хэт и Iуэхур зэрымыхъум, и щэнщэхуэныр зэрымыкIуатэм..н.къ. Хэт къэралым, хэт къэралтетым топсэлъыхь. Псом щхьэкIи гукъеуэ гуэр яIэщ, псоми зыгуэр тралъхьэ, ауэ и езыхэм лажьэ гуэр яIэу къащыхъужкъым. 

Ауэ цIыхур тIэкIунитIэ зэгупсысыжатэмэ къыгурыIуэнут, Алыхьым абы къыхуимыщIам нэхърэ къыхуищIар зэрынэхъыбэр, къыримытам нэхъри къыритар зэрынэхъыфIыр. ИкIи апхуэдизыр къытхуэзыщIэ Тхьэшхуэм ди тхьэусыхафэ фIэкIа зэхимыхыныр емыкIущ икIи гуэныхьщ.. 

Сыт хуэдиз дэ ди Тхьэшхуэм къытхуищIэрэ тлъагъуу, ди нэм къыщIэуэу?! Ауэ дымылъагъуу икIи демыгупсысыххэу къытхуищIэхэр нэхъыбэжщ ик1и нэхъыфIыжщ. 

Алыхьым къыпхуищIэр пшхы, ипф, узэрыс, узыщIэсхэм я деж къыщызэтеувыIэкъым, уеблэмэ къыпхуищIэхэм я нэхъ мащIэ дыдэр ахэрауэ пхужыIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, джаурхэми къахуоупсэ Алыхьыр апхуэдэ зыгуэркIэ.   

«Ишхымрэ ирифымрэ ятеухуауэ фIэкIа Алыхьым и нигьмэтыр зымыщIэм и щIэныгъэри мащIэщ», — жеIэ зы щIэныгъэлI. 

Аращ, нигьмэтхэр куэдщ, ауэ хэт ищIын абыхэм я фIыщIэ?! 

Гуэныхь дапщэ блэжьрэ щэхуу, абыхэмкIэ уи напэр Алыхьым зэрытримыхыр, уи Iуэхур утыку Iуэху зэримыщIыр нигьмэтхэм яхыубжэрэ?! 

Уэсуэсэм иукIыу, сыт иIысми шэч къытрихьэу, унагъуэм исхэри, лэжьапIэм къыдэлажьэхэри, и ныбжьэгъухэри и Iыхьлэгъухэри бэлыхьым хэзыдзэу дапщэ щыIэ?! Абыхэм уазэрыщихъумар нигьмэткъэ?! 

Хьэмэрэ къыбгъэдэту хъуар джауру, езымрэ езым игъусэ цIыху зы-тIущым Жэнэтыр зи инагъыр къыхуагъэхьэзырауэ зи гугъэжу дэтхэм уазэрыщихъумар нигьмэткъэ?! Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэхэри диIэщ. 

«ДиIэкъым», «дыхъукъым», «дыщIэкъым» жызыIэу тхьэусыхэм, — «мы дуней мылъкур уэттынщи уи узыншагъэр къыдэт е уи Iэпкълъэпкъым щыщ гуэр къыдэщэ», — жраIамэ, идэнутэкъым. НтIэ, зыщомыгъэгъупщэ мылъкум къызэгуиуду, ауэ я узыншагъэр яхузэтемыгъэувэжу, яIэу хъуар абы щIатыну, ауэ зыми зыри къыхуимыщIэфу мы дунейм цIыху гуэр зэрытетыр!! 

Хьэмэрэ мы диныр зи дахагъымкIэ, мы диныр зи къабзагъымкIэ къызэрыпхуэупсар щэ?! Мы дунейм миллиард бжыгъэкIэ цIыху тетщ, гъуэщауэ, щыуауэ, хэт мывэм щхьэщэ хуищIу, хэт Iэщым хуэпщылIу, хэт и щхьэм хуэпщылIыжу. Апхуэдиз бжыгъэм уэ уакъызэрыхихам щхьэ уемыгупсысрэ?! 

ХуэдвгъэщI Алыхьым фIыщIэ, девгъэгупсыс икIи дытевгъэпсэлъыхь Абы и фIыгъуэхэм. ФIыщIэ зыщIым Алыхьым нэхъыфIыж къыхуищIэнущ, зымыщIым а иIэри IэщIихыжынущ!