Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Пщэдджыжьым дыхэмыжаеу

13.05.2017
Еджауэ 2 865

الْحَمْدُ لِلَّهِ مُسْدِي النِّعَمِ وَمُتَمِّمِهَا، وَبَاسِطِ الْخَيْرَاتِ وَمُكَمِّلِهَا، وَدَافِعِ النِّقَمِ وَرَافِعِهَا، نَحْمَدُهُ وَنَشْكُرُهُ، وَنَتُوبُ إِلَيْهِ وَنَسْتَغْفِرُهُ، وَنُثْنِي عَلَيْهِ الْخَيْرَ كُلَّهُ، لَا إِلَهَ إِلَّا هُوَ الْعَزِيزُ الْحَكِيمُ.

 وَأَشْهَدُ أَنْ لَا إِلَهَ إِلَّا اللهُ وَحْدَهُ لَا شَرِيكَ لَهُ؛ وَأَشْهَدُ أَنَّ مُحَمَّدًا عَبْدُهُ وَرَسُولُهُ  صَلَّى اللهُ وَسَلَّمَ وَبَارَكَ عَلَيْهِ وَعَلَى آلِهِ وَأَصْحَابِهِ وَأَتْبَاعِهِ إِلَى يَوْمِ الدِّينِ، أَمَّا بَعْدُ:

ФIыщIэ Алыхьым худощI, фIыгъуэхэр къызыбгъэдэкIым, хъейр куэдыр зи Iэм къикIым, гузэвэгъуэ къакIуэм езыгъэгъазэм, къэкIуа гузэвэгъуэр щхьэщызыхым. 

ФIыщIэ Тхьэшхуэм худощI, тоби и деж къыщыдохьыж, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунуи дыщогугъ! И закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ!

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIам зэракIэухым.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур дунейм щехыжым и деж уэсят къищIыж хабзэщ. ИкIи уэсятым цIыхум хыригъэубыдэри, нэхъыбэ дыдэу зыгъэгузавэ, мыхьэнэ нэхъыби зыритыр аращ.

Дунейм ехыжам и хьэтыр ялъагъуу, уэсятым купщIэшхуэ зэрыхэлъыр зэхащIэу, цIыхухэр а Iуэхум бгъэдохьэхэ, зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэуи ягъэзащIэ.

Уэсятыр къэзыщIыжар цIыху къызэрыгуэкI пэтрэ апхуэдизу гулъытэ цIыхум абы хуащI, нтIэ уэсятыр къытхуэзыщIыжар псоми Алыхьым яхигъэлъэпIыкIа, бегъымбару иужьу къытхуигъэкIуэжам и уэсятым дауэ дызэрыбгъэдыхьэн хуейр?!

А упщIэм жэуап етын хуейкъым, атIэ уэсятыр къэщIэн хуей къудейуэ аращи, уэсятыр зытеухуар ди нэмэзращ. «Нэмэзым, нэмэзым фыхуэсакъ»,- жиIэурэ дунейм ехыжащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэныр صلى الله عليه وسلم.

Нэмэзыр диным и пкъоущ, пкъо зыщIэмытри щытынукъым, нэмэз зымыщIми и диныр жыжьэ нэсынукъым. Зи нэмэзым емылIалIэри адрей и къалэнхэм елIэлIэнукъым.

Ауэ зи нэмэзым елIалIэхэми иджыпсту Iэпэдэгъэлэл зыщIхэр яхэтщ. Жэщыр кIэщI хъууэ, махуэр кIыхь зэрыхъуам къыхэкIкIэ, нобэ куэдым пщэдджыжь нэмэзыр и чэзум яхуэмыщIу хъуащ.

Ауэ зэманым зэрызихъуэжам и закъуэкъым абы и щхьэусыгъуэр, атIэ щхьэусыгъуэхэм ар ящыщ зы къудейуэ аращ.

ЦIыхум а нэмэзыр щIыфIыблэкIым и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм яхыубжэ хъунущ: и гуэныхьхэр. Гуэныхь къэзыхьар зытешыныхьын хуейр тезыр къытралъхьэнкIэ зэрыхъунум и закъуэкъым, атIэ гуэныхьым и зэранкIэ псапэ къихьынум зэрыхагъэкIыжынкIэ хъунуми егупсысын хуейщ.

Ди япэ ита цIыхуфIхэр гузавэу щытащ, «махуэм гуэныхь гуэр къытIэщIэщIэмэ, абы и зэранкIэ жэщкIэ нэмэз тхуэщIыжынукъым», жаIэу, ауэ иджыпсту щыIэхэм, махуэм имызакъуэу жэщми гуэныхь къахь. Абы иужькIэ умыгъэщIагъуэ нэмэзыр яфIыблэкIми.

— Зы гуэныхь къэсхьри, абы и зэранкIэ мазитхукIэ жэщ нэмэз схуэщIыжакъым, — жиIат Суфьян Iэс-Сэурий, зэхэзыхахэр еупщIахэщ: — Сыт хуэдэ гуэныхьу пIэрэ ар?, — жаIэри, — Дин IуэхукIэ зыгуэр гъыуэ слъэгъуати: «ФэрыщIагъым къыхихыу аращ ар абы», — жысIат, жи.

Пщэдджыжь нэмэзым дыщIыхэжаехэм щыщщ: абы псапэу къыдэкIуэр зэрыдмыщIэр е а тщIэр ди нэгум зэрыщIэмытыр.

Пщэдджыжь нэмэзым мелыIычхэр къырихьэлIэурэ, абдежым зэрызэблэкIым фIэкIа Iуэхум хэмылъамэ ар тхурикъун хуейтэкъэ?! Абы и Суннэт нэмэзыр мы дунейм езым нэхъри, тетми телъми нэхърэ щынэхъыфIкIэ, абы и фарзым и псапэр зыдынэсыр дэнэ?!

Пщэдджыжь нэмэзым дыщIыхэжаехэм ящыщщ: ар блэзыгъэкIым къыпэплъэ гьэзабыр зэрыдмыщIэр е тщIэр зэрытщыгъупщэр. Хьэдисым къызэрыхэщымкIэ, а гьэзабыр зытралъхьэнур цIыхум и щхьэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щхьэращ жейм и IэфIагъыр нэхъыбэ дыдэу зэхэзыщIэр. Апхуэдэ дыдэуи, цIыхум нэхъыбэ дыдэу къытехьэлъэр щхьэкIэ ишэч узращи, Алыхьым дыщихъумэ!

Пщэдджыжь нэмэзым дыщIыхэжаехэм ящыщщ: жэщым щхьэусыгъуншэу дызэрыщысыр, зэхэдмыха хуэдэ жасы нэужьым уэршэр лейр зэрымыфIыр, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم зэримыгъэдэхар.

Нобэ куэдым къащощI, пщэдджыжьым дыкъэтэджын щхьэкIэ, жаIэрэ жьыуэ гъуэлъыжхэу, ауэ телефоныр IэщIэлъурэ зэманыр хэзыгъэкIуатэу, пщэдджыжьым хэжае.

Пщэдджыжь нэмэзым дыщIыхэжаехэм ящыщщ: къэтэджыну апхуэдэ мурад имыIэхэу гъуэлъыж къызэрытхэтыр. Апхуэдэу Iуэхум убгъэдыхьауэ Алыхьым уи Iуэхур игъэкIуэтэн?! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы нэмэзращ япэ дыдэ жэуап зэрыдагъэхьыжынури, ар ди нэгум щIырет, ди гум ирелъ. Ди нэмэзыр мыхъуамэ, адрей псори мыхъуауэ къыщIэкIынущ.

Мыр тхузэфIэмыкIыну щытамэ, Аллаху Тэгьалам ди пщэ къыдилъхьэнутэкъым, лейуи гугъу дыригъэхьынутэкъым, атIэ дунеягъэкIи ахърэткIи мыбы хуэныкъуэр дэращ, щыгуфIыкIыжынури ди псэращ.

Ар къыдгурыIуэу зэхэтлъхьэну, ди къэкIуэнуми ди фIэщу дегупсысыну насып Алыхьым тхуищI! Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI!