Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Захуагъэм демыбакъуэу!

Муслъымэн жэмыхьэт! Дэри, ди япэкIэ щыIахэри къэзыгъэщIа Алыхь Иным дыщывгъэшынэ. Тхьэшынагъэм щIиуфэнущ ди ныкъусаныгъэхэр, абы и хьэтыркIи къытхуэгъунущ ди гуэныхьхэр. 

Пэжращи, Аллаху Тэгьалам цIыхухэр я теплъэкIэ зэмыщхьу къызэригъэщIам хуэдэу, я гупсысэкIэкIи зэхуэмыдэ ищIащ, зым иримытар адрейм иритащ, адрейми мыдрейм къыхуэтыр ищIащ къыхуэмыту. 

Зэбийхэр къэгъэнауэ, зэныбжьэгъухэр зэакъылэгъу щымыхъур мащIэкъым; зэрылъагъу мыхъухэр къэгъэнауэ, зи псэхэр зы чысэ илъхэри щызэтемыхуэр куэдщ. 

Ауэ цIыху губзыгъэхэр, цIыхугъэ зыхэлъхэр, диныр дахэу зезыхьэхэр зэтемыхуэныгъэм теухуауэ адрейхэм къащхьэщокI, акъылэгъу къадэмыхъухэм зэрегупсысхэри нэгъуэщIущ ахэр.  

Ахэм езыхэм зыгуэру закъыщыхъужкъым, ящIэу хъуари, жаIэу хъуари пэжу яукъуэдийкъым, адрей цIыхухэри ягъэкъуэншэну епIэщIэкIхэкъым, атIэ зэпIэзэрыту, егъэлеиныгъи Iуэхум хамылъхьэу мэпсэухэ. 

Я еплъыкIэ гуэр езыхэм къыщыхалъхьэм и деж, «мыр сэ пэжу къысщохъу, ауэ щыуагъэ гуэри хэтынкIэ хъунущ», -жиIэу бгъэдохьэ. НэгъуэщIым зыгуэр къыхилъхьэмэ «абы къыхилъхьар сэ щыуагъэу иджыпсту къызолъытэ, ауэ пэжуи къыщIэкIынкIэ хъунущ»,- жеIэф. 

Сыт хуэдизу цIыхухэм ахэр акъылэгъу ядэмыхъуми — лей адрейхэм ирахыну, яхуэмыфащэ ирапэсыну, ауан ящIыну, я псалъэр зэблашу къимыкI къырахыну я щхьэ хуагъэфэщэнукъым, я тхьэшынагъэми ар къахуидэнукъым. 

КъагуроIуэ абыхэм фIыуэ цIыхур щауагъэншэ зэрымыхъур, щыуагъэми зэрыщымыхъумар. Иралъыт абыхэм цIыхухэр я щхьэм, зацIыхуж абыхэм езыхэми, цIыхухэри яцIыху. 

Я гъуазэщ абыхэм Аллаху Тэгьалам и псалъэхэр: 

 يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا كُونُوا قَوَّامِينَ لِلَّهِ شُهَدَاءَ بِالْقِسْطِ وَلَا يَجْرِمَنَّكُمْ شَنَآنُ قَوْمٍ عَلَى أَلَّا تَعْدِلُوا اعْدِلُوا هُوَ أَقْرَبُ لِلتَّقْوَى 

«Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым и хьэтыркIэ пэжым фытет, щыхьэт фыщыхъукIи фызахуэ. ЦIыху гуэрхэм яхувиIэ гужьгъэжьыр зытевгъакIуэу захуагъэм фемыбакъуэ. Захуэу фыщыт, ар Тхьэм фIэлIыкIыныгъэм нэхъ пэгъунэгъущ…». (Iэл-МаIидэ, 8).

Муслъымэн жэмыхьэт! Зыгуэр акъылэгъу къыддэмыхъумэ, ди еплъыкIэхэри зэтемыхуэмэ абы къыхэтхыу хьэлыншагъэ къыддалъагъу хъунукъым, акъылыншагъи длэжь хъунукъым, щхьэзыфIэфIыныгъэми зедгъэхь хъунукъым. 

Абыхэм нэхърэ нэхъ Iеижращи, «дэ ди еплъыкIэм къытехуэкъым» жытIэу Iуэхур IэштIымкIэ зэфIэтхыну дигу къэкIыххэ хъунукъым. «Ди еплъыкIэм къытехуэкъым» жытIэу къэралыр адрейхэм едушту дыдэувэж хъунукъым. 

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи зэрыщытын хуейм хуэдэу куэдыр дыщыткъым, атIэ дэ езым зэрытфIэфIым, шейтIаным дызыригъэдаIуэм хуэдэу дыщытщ, губжьым дыздидзымкIэ зыддзыу ди гъащIэ мащIэр, ди зэман лъапIэр идохьэкI! 

Ди къуэш муслъымэным и дуней еплъыкIэр нэгъуэщIмэ е дуней хьэхум щыщ гуэркIэ дытемыхуэмэ – куэдыр ди бзэгум дыхуитыжкъым, цIыхугъи, ныбжьэгъуагъи, къуэшыгъи тщIэжкъым. 

ФIейр къэзылъыхъуэ хьэпщхупщым ещхьу, а нэхъ Iей дыдэу цIыхум дэтщIэр жытIэнкIэ хъунущ, дзыхь къытхуищIу къызэрыддэгуэша щэхур къуажэ Iуэху тIщынкIэ хъунущ, уеблэмэ, бгъэдэмылъри бгъэдэлъ хуэдэу, имылажьэри илажьэ хуэдэу дгъэвуункIэ хъунущ. 

Зэтемыхуэныгъэм ди Iуэхур абы нигъэсмэ, дин зетхьэми зыри къикIыжкъым, зэкъуэшыныгъэ жыхуэтIэри псалъэ гъущэу къонэж, «хьэл дахэ» жыхуэтIэри тхылъхэр мыхъумэ гъащIэм къыхэмыщу щытынущ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым дыщывгъэшыни, дин къызэрытхуэупсам хуэфэщэжу дывгъэпсэу. Мы гъащIэ кIэщI къыдитари зыми щымыщу дывмыгъэгъакIуэ! 

Зэманыр апхуэдизкIэ лъапIэщи гужьеигъуэм дызэщIищтэу ди псапэр дгъэбагъуэу, ди фIыр нэхъыбэ тщIыуэ, дэ езым ди щыуагъэхэм дакъыдэмыхуэу ди гъащIэр етхьэкIын хуейщи, апхуэдэ гъащIэ дахэ езыхьэкIын Алыхьым дищI!