Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ГъуэгурыкIуэ ущыхъур

10.09.2013
Еджауэ 3 964

УпщIэ:  “Мусафир” ущыхъур сытра? Километр дапщэкIэ уздэпсом узэрыбгъэдэкIын хуейр “мусафир” ухъуным папIщIэ. ИтIанэ махуэ дапщэ узэрымусафирыр?
Абыхэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэр зэтемыхуэу щытмэ, нэхъыбэм жаIэр сыт? ТегъэщIапIэу сыт абыхэм ящIыр?

Жэуап:  Нэмэз рэкгьэтиплIыр тIууэ пщIы щыхъу гъуэгуанэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр зэтехуэкъым:

Имам Iэбу Хьэнифэрэ, абы иригъэджэжахэмрэ я еплъыкIэмкIэ, цIыхур гъуэгурыкIуэу къэплъытэфын папщIэ махуищкIэ зэпач гъуэгуанэ техьэн хуейщ. Хьэнэфий мэзхьэбым нэхъ захуэу къалъытэри гъуэгуанэр махуэ бжыгъэкIэ тепщIыхьыныр аращ, гъуэгуанэм езым и кIыхьагъым уемыплъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур зырикIуэ гъуэгум елъытауэ кIыхьагъми зихъуэжынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ гъуэгу захуэмрэ, бгылъэ щIыпIэхэмрэ зэтехуэкъым; щIым ущытетымрэ, псым ущытетымрэ зэхуэдэкъым.  Ауэ иужьрей щIэныгъэлIхэм махуэ бжыгъэр фэрсэхъкIэ тыраухуащ. Хэти фэрсэхъ 21-рэ жеIэ; хэти 18 жеIэ, хэти 15-у къелъытэ. Фэтуа зэратри 18-ращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар ику нэхъ итщ. Километр бжыгъэкIэ ар тепщIыхьмэ, 80-м ноблагъэ.

Мыдрей имамищым (Малик, Шафигьий, Iэхьмэд) я еплъыкIэмкIэ, я нэхъ мащIэу бэридиплI икIун мурад иIэн хуейщ. Зы бэридыр: фэрсэхъиплI мэхъу. Зы фэрсэхъыр: милиплIым поблагъэ. Километр бжыгъэкIэ къапщтэмэ, ахэр зэхуэхьэсыжауэ: хэти 64,80 км, хэти 72 км, хэти 76,8 км, хэти 89 км жаIащ.   

Мис а бжыгъэр цIыхум нобэрей Iэмалхэр къигъэсэбэпу зы сыхьэткIэ зэпичыфынуми, гъуэгуанэ тету къэплъытэ мэхъу.

НэгъуэщI щIэныгъэлI гупи щыIэщ, гъуэгуанэр зы бжыгъэ гуэркIэ е зэман гуэркIэ пыбухыкIыну дэлил щыIэххэкъым, жаIэу. АтIэ “гъуэгуанэ” псалъэр утIыпщауэ диным къигъэсэбэпащи, сыт хуэдэуи гъуэгуанэкIэ узэджэ хъунур абы хеубыдэ, диным абы зэмани бжыгъи иIэу игугъу ищIакъым, жаIэ. Ар я еплъыкIэщ жьахирийхэм. Хьэнбэлий щIэныгъэлI Ибн Къудамэ и псалъэми ар къыхощ. МыдэкIэ ар нэхъ къыхахащ Ибн Тэймийе, Ибн Iэл-Къэйим сымэ. (Уеплъыж хъунущ тхылъхэу: “Iэл-Мугъни” 4:29, “Рэдд Iэл-Мухьтар” 2:602, “Бидает Iэл-Муджтэхид” 1:135, “Мэжджмугь фэтауа ибн Тэймийе”: 24:11-14, “Зад Iэл-Мэгьад” 1:459).

Ибн Рушд щIэныгъэлIым жеIэ:  (Мы Iуэхугъуэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэр щIызытемыхуар “гъуэгуанэ” псалъэм и купщIэм уегупсысын хуей, хьэмэрэ зэрыщытым хуэдэу къэпщтэну? Гъуэгуанэм нэмэзыр кIэщI щIыуигъэщIыр абы гугъуехь зэрыхэлъращ… Iуэхур апхуэдэу щыщыткIэ, гугъуехь щыIэмэ нэмэз гъэкIэщIи щыIэщ…

Мыдрей гупыр абы и купщIэм еплъыхакъым, атIэ “гъуэгуанэ” зыфIэпщ хъуну псори абы хырагъэубыдащ, ар кIэщIми кIыхьми…). )Бидает Iэл-Муджтэхид: 1-135[.

Шейхъ Мухьэммэд ибн Будейр жеIэ:  (Дин унафэр (хьукмыр) мардэ гуэрым щимытым деж цIыхухэр зэрыхуейм хуэдэу абы ириджэгун шынагъуэ щыIэщ. ЩIэныгъэлI-фэкъиххэр Iуэхум хэплъэхэри къагурыIуащ, сыт хуэдэ гъуэгуанэри къэбгъэсэбэпу нэмэзыр кIэщI пщIы зэрымыхъунур. Мис абы ипкъ иткIэ, муслъымэнхэр гуитIщхьитI мыхъун папщIэ е щхьэзыфIэфIхэр Iуэхум иримыджэгун щхьэкIэ “гъуэгуанэр” зиIыс дыдэр зэхагъэкIын хуей хъуащ…

Мис абы къыхэкIыу, ди щIэныгъэлIхэмрэ, ди имамышхуэхэмрэ жаIахэм дытетын хуейщ абы Iэмал иIэххэмэ, абыкIэ щыуагъэм нэхъ щыхъума дыхъунущ…, абыхэм езыхэми  Алыхьым и арэзыныгъэр къалъыхъуэу, яхузэфIэкI къагъэнакъым.

ИкIи шынагъуэщ еджакIуэ ныбжьыщIэхэр имамышхуэхэм емыдаIуэжу къэдгъэхъуныр. Имамышхуэхэм я щIэныгъэр зэрамыпэсыж щыхъум, жэмыхьэт куэд гъуэгу захуэм тещхьэрыукIащ. ФIыри хъейри Алыхьым и шыкуркIэ ди имамхэм я едэIуэныгъэм хэлъщ. Абыхэм сыт жаIами, сыт хуэдэ унафэ ящIами ахэр къызыхаха дин текстхэри нэрылъагъуу дагъэлъагъужащ. Аращи, абыхэм дедаIуэмэ чыристэн дин лэжьакIуэхэм (щоджэнхэм) я IуэхущIэкIэм ещхь дыхъуауэ щIыжытIыни Iуэхум хэлъыххэкъым.

АтIэ ди бынхэри, динкIэ ди къуэшхэри ди япэ ита имамышхухэм къызэдащта Iуэхугъуэхэм и пхэнжу зыгуэр жаIэным щыщтэхэу, абы фIэлIыкIыу къэдгъэхъун хуейщ. Ахэр щызэтемыхуэм и дежи дэлил къахьахэм я нэхъ пэжымрэ, дэлилу нэхъ къэлъытапхъэмрэ къэтлъыхъуэу абы щIэтпIыкIын хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, имамышхуэхэр щызытехуэм дежи, щызытемыхуэм дежи абыхэм я псалъэм и къэухьым димыкIын…). )Шейхъ Гьэбдуллах Iэл-Бэссам “Тэудихь Iэл-Iэхькам мин булугъ Iэл-Мэрам”: 301-302).

ИпэжыпIэкIэ ухуеймэ, ди япэ ита щIэныгъэлIышхуэхэм гъуэгуанэм мардэ гуэр щIыхуагъэувам тегъэщIапIэ имыIэу щыткъым, щхьэусыгъуэншэуи ар хуагъэувакъым. Ауэ дэ дэлилхэм зэхэхауэ иджыптсу игугъу тщIыкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджыпсту нэхъыщхьэу къыхэдгъэщыну дызыхуейр аракъым.

Щхьэныкъуэ А.