Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмэз зымыщIым и Iуэхур

24.07.2012
Еджауэ 8 008

УпщIэ: СызэрынывэупщIэну сызыхуейтэр: умыщIэу зы нэмэз къэбгъанэмэ, абы укафиру къикIрэ?ИтIанэ апхуэдэ гуэныхьыр дауэ упшыныж хъуну?

Жэуап:  «УмыщIэу зы нэмэз къэбгъанэмэ» жыхуэпIэм къикIыр гурыIуэгъуэ дыдэкъым. ЦIыхум нэмэз ищIын зэрыхуейр имыщIэу, щымыгъуазэу нэмэзхэр имыщIамэ, абы гуэныхь иIэкъым икIи ипшыныжыни хуейкъым. Ауэ къищIэну Iэмал иIэ пэтрэ къимыщIамэ, щIэмыупщIамэ, апхуэдэм гуэныхь къихьынущ икIи нэхъыбэ щIэныгъэлIым я еплъыкIэмкIэ и нэмэз блэкIахэр ипшыныжын хуейщ, абы хэтуи тобэ къихьыжын хуейщ. Зэрипшыныжыр зэрыблэкIам хуэдэущ, я зэкIэлъыкIуэкIэм Iэмал зэриIэкIэ хуэсакъыурэ. Нэмэз щыупшыныж хъу зэманхэм ирегъэхьэлIэри, япэ щIыкIэ пщэдджыжьыр, итIанэ шэджагъуэр, итIанэ ичындыр… епшыныж. Нет щиткIэ, мыпхуэдэу гухэлъ ищIмэ нэхъыфIщ: «Иужь дыдэ блэзгъэкIа пщэдджыжь (е шэджагъуэ…) нэмэзыр».

Нэмэз зымыщIым и муслъымэнагъ е и мымуслъымэнагъ теухуауэ къапщтэмэ, щIэныгъэлIхэм мы Iуэхур тIууэ зэхадз: зыр нэмэзыр зэрыфарзыр и фIэщ мыхъуу, ар игъэпцIу щытыр, адрейр щхьэхынагъэм е къыфIэмыIуэхуныгъэм къыхэзыхыу нэмэз зымыщIыр.

Нэмэзыр зи фIэщ мыхъур, зэрыфарзыр зыгъэпцIыр зэрыджаурым шэч хэлъкъым. АбыкIэ щIэныгъэлIхэр псори зэакъылэгъущ.

Мыдрейуэ нэмэзыр и фIэщ хъуууэ, зэрыфарзыри къыгурыIуэу, ауэ щхьэхынагъым е къыфIэмыIуэхуныгъэм къыхихыу нэмэз зымыщIым теухуауэ щIэныгъэлIхэр зэтехуэкъым:

Нэхъыбэм я еплъыкIэмкIэ апхуэдэр диным икIауэ, джауру убж хъунукъым, жаIэ, ауэ джауру умыбж пэтрэ тезыр гуэр къызэрилэжьымкIэ псори зэтохуэ, тезырымкIэ зэтемыхуэхэми.

Аращ мыбы и Iуэхур кIэщIу зэрыщытыр.

Уэллаху агьлэм.

Щхьэныкъуэ А.