Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ныкъуэ итщIыкIащ

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр ди Тхьэ лъапIэращи, ахэр Абы худогъэфащэ; гущIэгъу къытхуищIэну, ди гуэныхьхэи къытхуигъэгъуну, и нэфIри къытщыхуэну зыхудогъазэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэм щыщу зы ныкъуэр ди щIыбагъ къыдэднащ, блэкIам нэхъри къэнар нэхъ мащIэщ, ауэ нэхъ мащIэми нэхъ лъапIэщи зыгуэр тIэщIэкIами иджыри Iэмал диIэщ зыхуей хуэдгъэзэжыну!

Аллаху Тэгьалам цIыхум жэщым Iэмал къырет махуэм къыIэщIэщIа гуэныхьыр ипшыныжыну, махуэми Iэмал къырет жэщым къыIэщIэщIа гуэныхьыр ипшыныжыну. ГущIэгъум и бжэр зэIухащ, абы дыхьэри ехъулIащ.

Псом хуэмыдэжу нэщI мазэм а Iэмалхэр нэхъ хуит мэхъу. КъеIуэтэж Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, Бегъымбарым  صلى الله عليه وسلم.-эм жиIауэ: «НэщI мазэм и кIуэцIкIэ зы махуи зы жэщи къэмынэу зыгуэрхэр Жэхьэнэмэм къыIэщIех Алыхьым. Дэтхэнэ муслъымэнми жэуап зыратын дугьэ иIэщ». (Ахьмэд, Iэл-Бэззар).  

А дугьэм и зэманыр къыхощ нэгъуэщI хьэдисым. КъеIуэтэж Гьэбдул-Лах ибн Гьэмр ибн Iэл-Гьащ, Алыхьыр езыми и адэми арэзы къахухъу, Бегъымбарым  صلى الله عليه وسلم.-эм жиIауэ: «НэщI исым и хэщхьэжыгъуэм деж жэуапыншэ мыхъун дугьэ иIэщ». (Ибн Маджэ). Арамэ, хэщхьэжыгъуэм и деж ирихьэлIэу гурэ-псэкIэ дугьэ зэгъэпэща ищIыпхъэщ муслъымэным. 

«Насыпыншэщ – нэщI мазэм хиубыда пэтрэ и гуэныхьыр къыхуамыгъэгъуауэ ар изыгъэкIар!», — жеIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Тирмизий, Ибн Хьиббан, Iэл-Хьаким).  Арамэ, дытевгъэлажьэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуэгъуну Iэмалхэм! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Рэмэдан мазэр сэдэкъэ тыным и мазэщ. Къемэт махуэм и губгъуэ шынагъуэм дихьэжа нэужь зи сэдэкъэм и жьауэм хуэмыныкъуэжын къытхэт?!

МащIэми куэдми зегъэсэн хуейщ нэхъ щIэх-щIэхыурэ ди мылъкум зыгуэр хэдгъэкIыным. Уеблэмэ, «Хъурмэ хьэдзэ ныкъуэкIэ нэхъ мыхъуми зыщыфхъумэ МафIэм», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-м. (Бухъарий, Муслим).

ГьаIишэ رضي الله عنها –ми нэгъуэщI щэхьабэхэми я хъыбархэм къыхощыж зы хъурмэ хьэдзэкIэ сэдэкъэ ящIауэ, «а зыхъурмэ хьэдзэр сыт хуэдиз Iыхьэу езыр зэхэлъыж!» — жаIауэ.

Езы Аллаху Тэгьалами аращ жиIэр: «فَمَنْ يَعْمَلْ مِثْقَالَ ذَرَّةٍ خَيْرًا يَرَهُ»«Сабэ налъэ хуэдиз фIы зыщIам ар илъагъужы­нущ». (Iэз-Зэлзэлэ, 7).

А щэхьабэхэр я мылъкум щысхьу зы хъурмэ хьэдзэ фIэкIа я гум пымыкIауэ аракъым, атIэ куэди ящIэт, мащIэ ящIэнми щымэхъашэхэтэкъым.

Мес а ГьаIишэ дыдэр нэщI ису, ирихэщхьэжынуи зы щIакхъуэ бзыгъэ фIэкIа унэм щIэмылъу, лъэIуакIуэ и бжэIупэм къыщыIухьэм, ар япэ иригъэщри езым хэщхьэжыншэу зыкъигъэнауэ щытащ. Аракъэ «куэд ищIэу щытащ» зыхужаIэри?!

Iэбу Муса رضي الله عنه куэдрэ жиIэжу щытащ щIакхъуэ бзыгъэм теухуа хъыбарыр: «ЗылI Алыхьым илъэс блыщIкIэ хуэлэжьауэ, и шейтIаныр къытекIуэри мыхъумыщIэ къыIэщIэщIащ. ИужькIэ ищIам хущIегъуэжьауэ тхьэмыщкIэ гупым яхэсу здэщысым щIакхъуэ бзыгъэ къратащ. А бзыгъэм нэгъуэщI тхьэмыщкIэ хуэныкъуэу щилъагъум и щхьэм фIихри абы иритащ, иужькIэ дунейм ехыжащ.

Дунейм ехыжа иужькIэ илъэс блыщIкIэ илэжьамрэ модрей мыхъумыщIагъэ къыIэщIэщIамрэ яшэчри, мыхъумыщIагъэр иришэхащ. Ауэ мыхъумыщIагъэмрэ щIакхъуэ бзыгъэмрэ щхьэхуэу яшэчри, щIакхъуэ бзыгъэм и лъэныкъуэр иришэхащ».

Сытми абы къикIращи, мащIэщ жыпIэу псапэ пщIэн къомыгъанэ. Уэ уи къелынум щхьэусыгъуэ хуэхъунур пщIэкъым. Уеблэмэ зы псалъэ закъуэм уриунэнкIэ хъунущ, ауэ уриунэхъунри хэлъщ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-м: «Мыхьэнэшхуэ иримыту, ауэ Алыхьым и арэзыныгъэр хэлъу цIыхум зы псалъэ къесэлъри, абыкIэ абы и пщIэр Алыхьым лъагэу еIэт. КъыфIэмыIуэхуу Алыхьым и губжьыр къызыхэкI псалъэ цIыхум къепсэлъри, Жэхьэнэмэр натIэ хуохъу». (Бухъарий).

Ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тыригъахуэ и арэзыныгъэр къызыхэкIыну лэжьыгъэхэр куэду дигъэлэжь, Iуэхум я нэхъыфIым дыхэтуи дызэришэлIэж!