Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Рэмэданыр икIэм нэблэгъащ

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъеркIэрэ берычэткIэрэ гъэнщIа мазэр икIэм нэблэгъащ. Дыкъызэхинэу ежьэжынуи мурад ищIащ. Ежьэжми иджыри къигъэзэжыну, нэщI мазэ лъапIэ куэд иджыри дыхиубыдэну Алыхьым къыщIигъэкI!

 ЦIыхум псапэ зыпылъ гуэр илэжьамэ, ар къабыл хъуарэ мыхъуарэ зэрызэхагъэкI нэщэнэхэм ящыщщ: иджыри фIы злэжьащэрэт, иджыри псапэ къэсхьащэрэт жиIэу ухъуныр.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, нэхъыфI ухъу зэпыту, хыумыгъахъуэмэ хыумыгъэщIу ебгъэфIакIуэ зэпыту дунейм утетмэ – Алыхьым и нэфIыр къыпщыхуауэ аращ.

Къысхуауха гъащIэм хэщIауэ, ауэ си лэжьыгъэфIым хэмыхъуауэ блэзгъэкIа махуэм нэхъ сызыхущIегъуэж щыIэкъым“, — жиIэу щытащ Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Ибн Мэсгьуд.

Аращи мы мазэ лъапIэр икIмэ лъэмыжым уикIауэ къыпщыхъуж хъунукъым, атIэ пхуэщIам щхьэкIэ Алыхьым и гущIэгъум ущыгугъыу, пхуэмыщIам щхьэкIэ гьэзабым уфIэлIыкIыу – икIи умыбэлэрыгъыу икIи гугъэр пфIэмыкIуэду утетын хуейщ дунейм.

Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий щIэныгъэлIышхуэм жиIащ: “Муслъымэным и лэжьыгъэм Алыхь Талэм ухыпIэу хуищIар лIэныгъэ закъуэращ”.

НэщIыр зэфIэкIмэ мэжджыт кIуэныр зыщыгъупщэжыр, сэдэкъэ тыныр щызыгъэтыжыр, КъурIэн еджэныр пызычыжыр – насыпыншэщ. Абы къыгурыIуакъым нэщIым и купщIэри, гъащIэ къратам и мыхьэнэри.

Уеблэмэ нэщI мазэр икIамэ нэщI Iыгъыныр зэфIэкIакъым, атIэ Шэууалым и махуихыр щыIэщ, ар къэзынэщIми илъэс псо къинэщIам хуэдэу псапэ хуатх.

АдэкIэ мазэ къэс махуищ ухэнэщIыхьыныр щыIэщ, ар бегъымбар лъапIэм, e-эм къигъэнэххэу щытакъым.

Абы къинэмыщIауэ блыщхьэ махуэмрэ махуэкумрэ унэщIыныр псапэу къокIуэ. НэгъуэщIу Гьэрэфэ махуэми унэщIыну, IэшрыI махуэми, нэгъуэщIхэри.

Ар нэщI закъуэм ехьэлIауэ. НэщIым имызакъуэу псапэ къэкIуапIэхэр куэдщи, шейтIаным бгъэдыхьэпIэ имыгъуэтыжу лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ зыкъэухъуреихь, армырамэ езы шейтIаным узыгъэхьэулеин лэжьыгъэхэмкIэ укъихъуреихьынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI икIыж гьидым ипэ къихуэу бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр, цIыхухэм къахэхьэти я мылъкум бытыр хагъэкIын зэрыхуейр къажриIэт. (Абу Дауд). Дэри абы дытету бытырым и Iуэхур фигу къыдогъэкIыж.

Бытыр тыныр мы дин дахэм хэт Iуэхугъуэ дахэхэм ящыщ зыщ. БытырымкIэ тхьэмыщкIэр гуфIэгъуэ махуэм – гьидым гуфIэу тыбогъэхьэ, цIыхухэм щIелъэIун е щIехъуэпсэн щхьэусыгъуэ имыIэу а махуэ лъапIэм ирыбогъэхьэлIэ.

Абы ипкъ иткIэ бытырым и тыныр Iэмал зэриIэкIэ гьид нэмэзым нэхъ пэгъунэгъухукIэ нэхъыфIщ.

КъинэмыщIауи бытырымкIэ уи нэщIыр богъэкъэбзэж, щымыщ жыпIами, къызэремызэгъыу зыпщIами ахэр абыкIэ пщхьэщокI, Алыхь IэмыркIэ.

Бытыр тыныр зыхуэзэфIэкIыу щыIэ дэтхэнэ муслъымэнми къалэну и пщэм къыдохуэ. Уэ езым уи пщэ къыдэхуэм къищынэмыщIауэ уэ къыпщыгугъыу унагъуэм ису хъуам папщIэ птын хуейщ ар.

Бытырыр Iэмал имыIэу гьид нэмэзым ипэ къихуэн хуейщ. Армырауэ гьид нэужьым птар бытыр хъужкъым, атIэ сэдэкъэ къызэрыгуэкIыу къонэ. Ауэ, сыт хуэдэу мыхъуами бытыр имыту гьид нэмэзыр зыщIам ар итыжын хуейщ Iэмал имыIэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар тхьэмыщкIэхэм я хьэкъыу уи мылъкум щIыхуэу къыхэнащ. Абы имызакъуэуи зэрыбгъэгувам папщIэ къыпхуигъэгъуну Алыхь Иным уелъэIун хуейщ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. Ди нэщIи, ди нэмэзи, ди сэдэкъэи Алыхьым къабылу тIих.

ЕтIуанэ хъутIбэ

اَلْحَمْدُ لِلَِّهِ رَبِّ الْعَالَمِينَ، وَصَلَّى اللهُ وَسَلَّمَ وَبَارَكَ عَلَى الْمَبْعُوثِ رَحْمَةً لِلْعَالَمِينَ، نَبِيِّناَ مُحَمَّدٍ وَعَلَى آلِهِ وَصَحَابَتِهِ أَجْمَعِينَ. وَبَعْدُ:

Муслъымэн жэмыхьэт! Бытырыр зыхатыкI мылъкум ехьэлIауэ къэтщтэнщи, бегъымбарым e-эм и зэманым гуэдз, хьэ, хъурмэ, чыщмыщ сыт хуэдэхэм хатыкIыу щытащ.

Ахэри нэхъ хэхауэ къыщIэкIуэр абы я зэманым арат шхыныгъуэм щыщу нэхъ яцIыхуу цIыхум яIэр.

Хьэдисым къызэрыхэщыжымкIэ бытырым и купщIэр: тхьэмыщкIэхэр цIыхухэм яхуэмыныкъуэу гьид махуэм тебгъэхьэнращ.

Ар щыгурыIуэгъуэкIэ, бытыр зыхатыкI мылъкум зимыхъуэжу сыт щыгъуи зым тетыфынукъым, атIэ цIыхум я псэукIэм, шхынхэкI зэрахьэм ехьэлIауэ зихъуэжынущ.

Уеблэмэ шхынхэкI гуэр тхьэмыщкIэм епт нэхърэ, а шхыным и уасэр ептмэ нэхъ къищтэу, икIи нэхъ хуэныкъуэу щыщытыр мащIэкъым.

Аращи псори зэлъытэжар тхьэмыщкIэм нэхъ сэбэп хуэхъунуращ, ар шхынхэкI ирехъу, е абы и уасэрауэ ирехъу, тIури щIэмыхъун щхьэусыгъуэ щыIэкъым.

Аращ хьэнэфий щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр. Ар Гьумэр ибн Гьэбдил-Гьэзизи, Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрийй нэхъ трагъакIуэ. МыткIэ шейхъул-ИслъамкIэ зэкIэу щыта щIэныгъэлIышхуэ Ибн Тэймийи ар нэхъ къыхех.

Муслъымэн жэмыхьэт! “Лэжьыгъэхэр зэлъытэжар абы кIэух яхуэхъуращ“. (Бухъарий). Аращи, нэщI мазэм щыщу мы къытхуэна махуэ зы тIум “тегужьеи-кIауэ” дыхущывгъэт, гулъытэ лей хуэдвгъэщI, псапэ къритхуэхьыну зы Iэмал закъуэ щыIэмэ ари зыIэщIэдвмыгъэгъэкI.

Аллаху Лъагэ ЛъапIэм долъэIу лэжьыгъэфI длэжьахэр къабылу тIихыну, абыхэм я псапэр бэгъуауэ къыдитыжыну.