Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зул-Къэгьдэ мазэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Зул-Къэгьдэ, Зуль-Хьиджджэ, Мухьэррэм, Рэджэб. Мы зэхэтххэр мазэцIэу аращ, ауэ къызэрыгуэкI мазэу щыткъым ахэр, атIэ Езы Тхьэшхуэм КъурIэнкIэ щхьэхуэу къыхигъэща мазэщ ахэр.

Мазэхэм псоми я гугъу ищIу, а мазиплIыр щхьэхуэу къыхигъэщыжа нэужь, Алыхь Иным мыпхуэдэу жеIэ:

Абыхэм фыхэту фи щхьэ лей евмыхыж (гуэныхь влэжьу, жыIэмыдаIуэ фыхъуу)”. (Iэт-Тэубэ: 36).

Къэтадэ щIэныгъэлI иным, Алыхьым и рэхьмэтыр зылъигъэсыным, жеIэ а аятым ехьэлIауэ: “Хьэрэм мазэхэм ирихьэлIэу IуэхуфI ялэжьым и псапэр нэхъ ин мэхъу, лей зрахьари нэхъ леишхуэ щохъу. Лей зехьэныр, гуэныхь къэхьыныр сыт щыгъуи Iуэху цIыкIуфэкIуу щыткъым, ауэ Алыхьым зыхуейм нэхъ мыхьэнэшхуэ иретри – Алыхьым мыхьэнэ зритам фэри ефт!…”. (Тэфсир Ибн Кэсир: 4\148).

НэгъуэщIу жыпIэмэ, иджыпсту Алыхьым хьэрэм ищIа мазэхэм, пщIэ лей нэхъ зыхуищIахэм дыхэтщ, уеблэмэ, абыхэм япэ дыдэ иту къакIуэ Зул-Къэгьдэ мазэр идохьэк1ри, дывгъэсакъ, ди псапэхэр зэрыбагъуэм хуэдэу, ди гуэныхьхэри нэхъ абрагъуэ хъуну шынагъэ щыIэщи, ди щхьэ лей едмыгъэхыж!

Мы мазэхэм лъапIэныгъэ зэрабгъэдэлъыр япэм щыIа бегъымбархэми къыхагъэщу щытащ. Абы ипкъ иткIи, хьэрыпхэм ар къахуэнауэ иджыри диныр къамыщтэ ипэ мыбыхэм гулъытэ лей хуащIу щытащ.

Сыт хуэдэ IуэхуфIми, сыт хуэдэ хабзэфIми мис апхуэдэу бегъымбархэм я Iэужь гуэр, я лъэужь гуэр хэлъу гу лъыботэ, нобэ “дэ ди хабзэ, дэ ди нэмыс” жызыIэхэр зыригъэгупсысыжын хуейуэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ етхьэкI мы мазэм и кIуэцIкIэ муслъымэным я тхыдэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ къызыдэкIуа Iуэхугъуэшхуэхэр къыхэхъухьащи, абыхэм ящыщ зы нобэ дигу къэдгъэкIыжмэ сэбэп мыхъумэ, зэран хъункъым, Тхьэм жиIэмэ.

Муслъымэнхэм я щхьэр Мэккэ къыдахыу Мэдинэ къызэрахьрэ илъэсих хъуауэ, абы и кIуэцIкIи мэккэдэсхэмрэ муслъымэнхэмрэ я зэхуаку Iэджэ Iуэхугъуи къыдэхъуауэ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم мурад ещI муслъымэнхэр щIыгъуу Мэккэ кIуэуэ Гьумрэ ящIыну.

Абы ипкъ иткIэ, я бжыгъэр минрэ щиплIым нэблагъэу щэхьабэхэм загъэхьэзырыри докIхэ, Зул-Хьулейфэ дежым носхэри Iихьрам щыгъыныр щатIагъэ, нет ятри йожьэхэ.

Хьэж е Гьумрэ ящIын мурад яIэу Мэккэ къакIуэм зэикI зыкIи зэран яхуэхъуу щытакъым мэккэдэсхэр, ауэ мыбдежым я хабзэри, я динри ящыгъупщэри, муслъымэнхэр Мэккэ дамыгъэхьэну, Гьумри ирамыгъэщIыну къапэщIэувахэщ.

Апхуэдиз лей цIыхум епхауэ: и унэм къыщIэпхуауэ, и мылъкур къытепхауэ, и къалэм къыдэпхуауэ, абы ищIыIужкIэ, “Алыхьым и Унэм деж тIэуафи щозгъэщIынукъым, нэмэзи щозгъэщIынукъым”, жыпIэу цIыхум упэщIэувэжмэ, абы нэхъ лей щыIэ?! Алыхьым хуэдэу лейр нэхъ зи жагъуи щыIэ?! Ар Алыхьым игъэгъунутэкъым.

ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, зырадзэжыну мащэр и бийм къыхуитIыжащ, зыхужаIам ещхьт абдежым мэккэдэсхэм ялэжьа акъылыншагъэр. ИкIи, абдежым къыщекIуэкIар щхьэусыгъуэ хуэхъури муслъымэнхэр Гьумрэ закъуэкIэ Мэккэ дыхьэу-къыдэкIыжыным имызакъуэу, Мэккэ езыри, мэккэдэсхэри я IэмыщIэ къихуэжауэ щытащ.

Мэккэдэсхэм я зыщIыкIэм къыхэкIри, жыг лъабжьэм деж “بيعة الرضوان”-кIэ дызэджэр къыщекIуэкIауэ, щэхьабэ махуэхэм Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم ягъэпэжыну псалъэ быдэ иратри, Алыхьым и арэзыныгъэр къалэжьауэ щытащ.

Апхуэдизу гурыфI дахэхэм иIыгъыу ежьа щэхьабэхэр Мэккэ дамыгъэхьэну щызэхахым, Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم ягъэзэжыну унафэ къащыхуищIым, ар шэм хуэдэу къатехуауэ щытащ, зызэращIынур ямыщIэжу.

Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, абы щыгъуэ зыгуэрхэм тегушхуэри, иужькIэ игъащIэ псокIэ абы хущIегъуэжу псэуащ.

Езы Гьумэр жеIэж: Абы щыгъуэ Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم сыбгъэдыхьэри, — Уэ пэж дыдэу Алыхьым урибегъымбаркъэ?-, жысIэри сеупщIащ, жи. – “Сырибегъымбарщ!”, — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. – Дэ пэжым дытету, ди бийхэр пцIым тету аракъэ зэрыщытыр?-, жысIащ. – “Аращ зэрыщытыр!”-, жиIащ. – НтIэ арамэ, ди диныр ягъэпудыну Iэмал абыхэм еттрэ?-, щыжысIэм. – “Сэ Алыхьым сырилIыкIуэщ, Абы и псалъэм сыф1экIынукъым, си Iуэхури абы къыздиIыгъынущ“-, жиIащ صلى الله عليه وسلم.

– Сыт щхьэкIэ къыджепIатэкъэ Алыхьым и Унэм дыкIуэну, тIэуафи абыдежым щытщIыну?-, жеIэ Гьумэр. – “БжесIат, ауэ мэгъэм пщIыну бжесIат?“. – Хьэуэ. –”НтIэ, а Унэм укIуэнущ, тIэуафи щыпщIынущ“-, жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым.

ИкIи عليه الصلاة والسلام-м зэрыжиIам хуэдэ дыдэу псори къэхъуащ. Муслъымэнхэм, Гьумэри яхэтыжу Гьумри ящIащ, нэгъуэщI куэди къехъулIахэщ. Алыхьым псори зэрегъэзахуэ, ауэ цIыхур ц1ыкIур тIэкIу допIащIэ.

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Дызыхэт мазэм и лъапIагъыр къыдгурыIуэжу, абы и кIуэцIкIэ къыщыхъуахэм дерс хэтхыфу, ди япэ фIыкIэ ищахэм, фIыкIэ яужь дитыфу Алыхьым дунейм дытригъэт!