Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

44. ЩIэиныр гуэшыжыныр Алыхьым и хабзэщ

11.06.2019
Еджауэ 520

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI, зи къарур иным, зи пщIэр лъагэм, зи упсэныгъэм гъунапкъэ имыIэм, зи жумартагъым хуэдэ щымыIэм, тобэ къэзыхьыжым и тобэр Iызыхым.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм, пэжагъымрэ, захуагъэмрэ цIыхур хуэзыузэщIым.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу ар лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам. Абы и езыми, и Iэщхьабхэми, и Iыхьлыхэми, абыхэм я гъуэгъум ирикIуэ дэтхэнэ зыми Алыхьым и нэфIыр къащыхуэну, и сэламри гуапэу къарихыну дахуолъаIуэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нэхъ кIыхьу къатщтэмэ: цIыхур дунейм къытехьэу текIыжыхукIэ, нэхъ кIэщIу къатщтэмэ: цIыхур къэушу гъуэлъыжыхукIэ ищIэнури, жиIэнури, зэгупсысынури мы дин дахэм зэпкърыхауэ, зэщхьэщыхауэ хэтщ. Ар зыщIэм ещIэ, зымыщIэм ищIэкъым.

Уеблэмэ, дунейм щытетым имызакъуэу, мы дунейр ихъуэжа нэужь кIэлъызэрахьэн хуей хабзэхэри диным къыщыгъэнэхуащ, нэхъ дахэ щыIэ, нэхъ екIуи щыIэ, жыуигъэIэу, псори гъэпсащ.

ЦIыхури, цIыхур зытет мы дунейри къэзыгъэщIыжа Аллаху Тэгьалам нэхъ ищIэнкъэ Iуэхур гъэпсын зэрыхуейр. Аращ жиIэри езы Тхьэшхуэм:

﴿ أَلاَ يَعْلَمُ مَنْ خَلَقَ، وَهُوَ اللَّطِيفُ الْخَبِيرُ “

КъэзыгъэщIам ищIэнкъэ?! Ар къигъэщIам хуэщабэщ, я IуэхущIафэми щыгъуазэщ“. (Iэл-Мулк, 14).

НтIэ, мис апхуэдэу цIыхур дунейм ехыжа нэужь кIэлъызехьэн хуей хабзэхэм ящыщщ: къыщIэна мылъкур диным къигъэув хабзэхэм, унафэхэм тету къабзэу къыщIэнахэм ятегуэшэжыныр, уэсят къищIамэ хуэгъэзэщIэжыныр, щIыхуэ къытенамэ, ар псом япэ иту щIэиным хэгъэкIыныр.

Мыхэр Iуэху джэгукъым, ауэ цIыху куэдыр джэгуу Iуэхум бгъэдохьэ, Аллаху Тэгьалам и диным ироджэгухэ, я щхьэзыфIэфIыныгъэ Iуэхум халъхьэ, хабзэ мыхъумыщIэ гуэрхэм Iуэхур тращIыхь.

Мыр Iуэху цIыкIуу е къызэрыгуэкI гуэру щытамэ, езы Аллаху Тэгьалам зэрызурэ, хэт сыт къылъысми КъурIэнкIэ мыр зэпкърихынутэкъым, зым ныкъуэр къылъос, адрейм Iыхьэ щанэр, адрейм Iыхьэ плIанэр…., жиIэурэ.  

Аращи, зыгуэрхэр зэхэтIысхьэрэ, “мобы мыпхуэдиз идот, мыдрейми мыпхуэдиз къылъос”, жаIэурэ, езыхэм къызэрагъэзэгъым хуэдэу зэрагъэзахуэ хъунукъым, мыр зэзыгъэзэхуэнум зэригъэзахуэри гъэзэщIэн фIэкIа къыхуэмыту псори зэтриухуащ.

ЦIыхур дунейм ехыжамэ, псом япэ иту и Iэпкълъэпкъыр зыхуей хуагъазэ, кIэлъызехьэн хуей хабзэхэр кIэлъызэрахьэри, адэкIэ кIэщIу къыкIэлъыкIуэр уэсят къищIамэ ар гъэзэщIэжын, щIыхуэ къытенамэ ар и мылъкумкIэ хуупшыныжын е псапэу хуапшыныжын, адэкIэ къакIуэр, къыщIэнахэм къэна мылъкур Шэригьэтым къызэригъэувым хуэдэу ятегуэшэжынращ.

Щхьэж къылъысыр зэхэгъэкIа хъуа нэужь, хуеймэ и Iыхьэр псори зэрыщыту къызыхуигъэнэжынщ, хуеймэ нэгъуэщIым псомкIи хуэупсэнщ. Ауэ, абы ипIэкIэ нэгъуэщIым унафэ щIищIын щыIэкъым, нэгъуэщIым и мылъкур зэрыхуейм хуэдэу щIигуэшын щыIэкъым.

Абы и щапхъэу иджыпсту нэхъ къекIуэкIыр, цIыхубзхэр зэхэтIысхьэу лIам и щыгъынхэр езыхэм нэхъ зыхуагъэфащэм, нэхъ ягъэнэхъапэм зэрыратыжыр. Щыгъыным иджыри зыгуэрурэ удэкIуэтэнщ, ауэ абы фIэIэбыкIыжрэ хьэпшып нэхъ лъапIэхэри зэбгратыкIыжмэ, щIэиныр къызылъысыжын хуей дыдэхэр укъауэ къызэхэнэнкIэ хъунущ.

Абы и щапхъэхэм щыщщ: быныр нэхъыщIэмэ унэр къылъысын хуейуэ, адрейхэм я Iуэху абы зыкIи хэмылъу зэрагъэувыр.

Абы и щапхъэхэм ящыщщ: пхъур Iыхьэншэу къызэрагъанэр, “ар хамэ унэ исщ, хамэ лъэпкъ хэсщ”, жаIэурэ.

Абы и щапхъэхэм ящыщщ: балигъыпIэ имыувауэ унэм щIэс сабийхэм зыри къалъымыс хуэдэу, зы щIыпIи хамыбжэххэу унафэ зэращIыр.

Ар гуэныхь нэхъ ин дыдэ икIи нэхъ гуащIэ дыдэхэм ящыщщ. ЩIэиным теухуауэ къэкIуа аятхэми яхэту ар къокIуэ: “Ибэм я мылъкур къуаншагъэкIэ, лей зэрихьэу зыш­хым мафIэу я ныбэм ар ихьэнущ, Жэхьэнэмэ мафIэми исынущ“. (Iэн-НисаI сурэ, 10-нэ аят).

Муслъымэн жэмыхьэт! ДыщымуслъымэнкIэ, Алыхьыр ди фIэщ щыхъукIэ, и динри щызетхьэкIэ, мы нобэ зи гугъу тщIа Iуэхугъуэри ди диным щыщщ.

Нобэ зыри зэран къытхуэхъукъым ди мылъкур диным къызэригъэувым хуэдэу, Алыхьыр арэзы зытехъуэм хуэдэу дгуэшыжыну, щхьэж къылъысыпхъэр къылъысу къабзэу мылъкур зэдгъэзэхуэну.

Мыр дымыгъэзащIэмэ ди щхьэкIи гуэныхь къыдохь, ди япэ ища лIам и гуэныхьи къыдохь, и псэми гьэзаб тыдолъхьэ.

Пщэдей хуэдэм мы дунейр пхъуэжмэ, уи бынхэм, уи Iыхьлыхэм уи мылъкур диным къемызэгъыу, езыхэм зэрафIэфIым хуэдэу зэрагуэшыжыныр пщIэ пэтрэ, абы уи упсалъэ, уи унафэ хомылъхьэу мы дунейр пхъуэжмэ, уи IэкIэ зыбгъэунэхъужащ, уи быным мылъкукIэ уахуэупсэ уигугъэурэ, уи мылъкум и зэранкIэ зэрытхьэлэжыным щхьэусыгъуэ ухуэхъуащ.

Аращи, дывгъэсакъ, нэгъуэщIхэри мыбы хуэсакъыну къыхуедвгъаджэ! Мылъкур къыдэзыта ди Тхьэшхуэр зэрыхуейм, зэрыфIэфIым, зэригъэувам хуэдэу дывгъэугуэш!