Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

31. Сэламыр

11.06.2019
Еджауэ 488

Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэхущытыкIэр нэхъ дахэ ищIыну, дигухэр нэхъ къабзэ зыр зым хуищIыну сыт щыIэми ар диным хэмытынкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэ дыдэуи, зэхущытыкIэр Iей ищIыну, дигухэр зыр зым щигъэкIыну сыт щыIэми, ари къыхимыгъэщу къанэкъым.

ФIым, дахагъэм, къабзагъэм ящыщу диным къыхигъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ – цIыхухэр зэхуэзамэ зыр зым гуапэу сэлам ирихыныр, сэламри псом япэ ирагъэщыныр.

Ислъам диным къытхуихьа сэлам хыкIэм нэхъ дахи, нэхъ екIуи, нэхъ купщIафи бгъуэтынкъым. Абы къызэщIеубыдэ: мамырыгъэри, узыншагъэри, Алыхьым и гущIэгъури, Абы и берычэтри. А псомкIэ ухуохъуахъуэ цIыхум сэлам щепхкIэ.

Муслъымэнхэм я сэлам хыкIэр жыжьэ къыщожьэ. Япэ дыдэ Аллаху Тэгьалам Iэдэм عليه السلام-ыр къыщигъэщIам, мелыIычхэм сэлам ярихри, езы мелыIычхэми сэлам кърахыжри, абдежым щыригъэжьащ апхуэдэ сэлам хыкIэр. Къыхощ ар хьэдис пэжым.

Арамэ, мы сэламыр Жэнэтым деж къыщежьащ, абы иужькIэ дунейм къырахьэхащ, цIыхухэм Жэнэтым ягъэзэжмэ абыкIэ зыр зым сэлам ирихыу щыIэнухэщ. Абы щыхьэт дохъуэ Аллаху Тэгьалам и Псалъэ – КъурIэнри.

ЖеIэ Аллаху Тэгьалам, Жэнэт Iыхьлыхэм ятеухуауэ:  

﴿ دَعْوَاهُمْ فِيهَا سُبْحَانَكَ اللَّهُمَّ وَتَحِيَّتُهُمْ فِيهَا سَلاَمٌ ﴾

Я дугьэр абыхэм “Субхьанэкэл-Лахуммэ”,- жыIэнращ, я фIэхъусыр абдежым сэламращ“. (Юнус, I0).

Ди Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم-эм жеIэ сэламым теухуауэ: Сэламыр Алыхьым и цIэм ящыщ зыуэ мы щIым къытригъэхьащи, фи зэхуакум ар куэду дырелъ. ЦIыхум адрейхэм япэ ищу сэлам щарихкIэ езым и псапэр нэхъыбэ мэхъу; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мобыхэм сэлам зэрахынур ягу къигъэкIащ. ЗыгуэркIэ абыхэм сэлам къырамыхыжмэ, абыхэм нэхърэ нэхъыфI икIи нэхъ къабзэ гуэрым сэлам къырехыж абы!“. (Щэхьихь Iэл-Iэдэб Iэл-Муфрэд).

Адрей хьэдисми къызэрыхэщщи, муслъымэнитIым сэлам зыр зым щырихкIэ, зым адрейм и Iэр щиубыдкIэ, жыгым и тхьэмпэхэр къызэрыпыщэщым хуэдэу я гуэныхьхэри йощэщэх!”. (ТIэбэраний).

Сэламыр гуапэу цIыхухэм щызэрахым и деж абы хъейр къыдэмыкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Гьумэру, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и псалъэхэм ящыщщ: “Мы щым уахуэсакъмэ уи къуэшым къыпхуиIэ лъагъуныгъэр къабзэ хъунущ: уIущIэмэ сэлам епхыным, зы щIыпIэ деж ущысу къырихьэлIамэ тIысыпIэр хуит хуэпщIыным, нэхъыфI дыдэу илъагъу цIэмкIэ уеджэным!”.  

Муслъымэн жэмыхьэт! Сэламым теухуауэ гу зылъытапхъэ гуэрхэр щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, цIыху щыIэщ езым ицIыхухэм фIэкIа нэгъуэщIхэм сэлам езымых. Ар щыуагъэшхуэщ, езы Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم-эм дыкъызыхуриджам и пхэнжу макIуэ.

АдэкIэ, “сэ сэлам есхмэ езым къызимыхыжынкIэ хъунущ”, жызыIэу, сэлам хыныр зыгъэмащIэ щыIэщ. Ари щыуагъэщ. ЩIэщыуагъэр, япэрауэ гурыщхъуэ къудейкIэ Iуэху дахэр къыщIэбгъэнэн щыIэкъым, етIуанэрауэ, абы сэлам къуимыхыжми, абы нэхърэ нэхъыфI гуэрым сэлам къуихыжынущ. ИщхьэкIи ар къыхэщащ.

КъинэмыщIауэ, нэхъ жыжьэм сэлам езыхыу, езым и унэм щIэсхэм, и щхьэгъусэм, и быным сэлам езымых щыIэщ. Ари Iуэху бгъэдыхьэкIэ узыншэхэм ящыщкъым.

АдэкIэ, цIыхум сэлам щепхкIэ зэхихын хуэдэу епхын хуейщ, макъым зомыгъэIэтыщэу икIи йомышэхыщэу. Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم жэщу унэм щIэсхэм яхыхьэжмэ, жейр къимыгъэушын хуэдэу, мыжейми зэхихын хуэдэу сэлам ихыу щытащ. (Муслим).

АдэкIэ, хьэдисым къыхощ: шым е нэгъуэщI зыгуэрым тесым щIым щытым япэ ищу сэлам ирихын хуейуэ; зыр щысу адрейр блэкIыу щытмэ, блэкIыр япэ ищын хуейуэ; гуп мащIэр гупышхуэм япэ зырагъэщу сэлам ирахын хуейуэ.

АдэкIэ, гуп зэхэтым е зэхэсым сэлам къырахамэ, гупым щыщ зым сэлам ихыжмэ, абыкIэ адрейхэм ящхьэщокI.

Гуп зэхэтрэ, псоми я Iэр бубыдыну мурад пщIымэ, сэламымкIэ япэ игъэщыпхъэр щIэныгъэ зыбгъэдэлъращ, абы иужькIэ зы Iуэху дахэ гуэркIэ цIэрыIуэ хъуаращ, абы иужькIэ нэхъыжьхэращ. Абыхэм я Iуэхур зэфIэкIмэ, абыхэм я ижьырабгъумкIэ къыщыщIыбодзэри укъекIуэкIыурэ сэлам ябох.

АдэкIэ, нобэ хуэдэ махуэм хъутIбэр екIуэкIыу мэжджытым ущIыхьамэ, сэлами чэлами щымыIэу уетIысэхыу, хъутIбэм уедаIуэу ущысын хуейщ, ар зыдекIуэкIым сэлам къуахамэ сэлам епхыжыну ухуиткъым.

Сэламыр псэум зэрырахым хуэдэу лIами ирах. Муслъымэныр кхъэм ихьа нэужь щIэлъу хъуам захуегъазэри сэлам ярех, дугьэи яхуещI. Ари хьэдисым къыщокIуэ.

Мис ахэри, нэгъуэщIхэри щыIэщ сэламым теухуауи абыхэм дахуэвгъэсакъ. Сэламым зэхущытыкIэр дахэ ищIыну ди диным къыхилъхьауэ аращ Алыхьышхуэми, абы и купщIэр дгъэкIуэдмэ сэламым псалъэмакъ къикIынкIэ хъунущ.

Нобэ щыщIэдзауэ нэхъыбэж ирехъу ди сэлам хыныр, нэхъ гуапэж ирехъу ди сэлам хыкIэр. Мыбы дэри дыхуэвгъэсакъ, ди унэ щIэсхэри, гъунэгъуу къыдбгъэдэтхэри мыбы щIэдвгъэпIыкI!