Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

30. ПсэлъэкIэ зымыщIэр мэпыджэ

11.06.2019
Еджауэ 565

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI нигьмэтрэ, фIыгъуэу къытхуищIэм теухуауэ, сыт хуэдиз щыуагъэ дымылэжьми и гущIэгъум дызэрыхимыным щхьэкIэ. ХэIэтыкIащ ди Тхьэшхуэр сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми, хуэфащэщ ди Тхьэшхуэм сыт хуэдэ щытхъури.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу къызэрытхуигъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мунафикъ псалъэр нэхъ шынагъуэ дыдэу цIыхум зэхих псалъэхэм ящыщщ. Апхуэдэ цIыху къыпхэтыныр, уеблэмэ къыббгъэдэтыныр насыпыншагъэ дыдэщ.

Мунафикъ псалъэр зэхэтхмэ нэхъыбэу дэ къыдгурыIуэр – зи гумкIэ диныр зи фIэщ мыхъуу, зи IуэхущIафэкIэ муслъымэныфэ зытезыгъауэращ, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, абдежым щыщIидзэкъым мунафикъыгъэр икIи щиухкъым.

АтIэ, жиIэр сыт صلى الله عليه وسلم: «IуэхугъуиплI щыIэщи, ахэр псори зыхэлъыр мунафикъ дыдэщ, абыхэм ящыщ зыгуэр зыхэлъым мунафикъыгъэм щыщ гуэр хэлъщ ар зэхиныхукIэ: зыгуэр ихъумэну къратмэ абы епцIыжыр; зыгуэр жиIэмэ пцIы зыупсыр, зыгуэр къигъэгугъэмэ зи псалъэм темытыжыр, зыгуэрым едауэмэ гуэныхь хэлъ къэзыпсэлъыр». (Бухъарий, Муслим).

Мыхэр псори мунафикъыгъэм щыщщ, псори хьэдыгъуэдахэщ, муслъымэнагъымрэ абыхэмрэ зэзэгъынкIи Iэмал иIэкъым, ауэ нобэ нэхъ къыхэдгъэщыну дызыхуейр иужьрей Iуэхугъуэращ: «зыгуэрым едауэмэ гуэныхь хэлъ къэзыпсэлъыр», — жыхуиIэращ.

Абы къикIращи, Iуэхур псалъэмакъым нэсрэ, зыгуэр зэхигъэкIын хуей хъумэ цIыху сурэтым икIыу аращ апхуэдэ цIыхур, дини, напи, цIыхугъи, хьэтыри зыри имыщIэжу, и Iуэхур къикIын, и Iуэхур дэкIын папщIэ, сытри къыригъэзэгъыу.

Ар къызыхэкIыр, цIыхур зэпIэзэрыткъыми аращ, и фIэщхъуныгъэр и щхьэфэм къытелъ къудейуэ щытщи аращ, и нэкIум укIытэ илъыжкъыми аращ, мы дуней хьэхум дихьэхыIуащи аращ, къыпэщылъ лIэныгъэр и нэгум щIэкIащи аращ, шейтIаныр къызэребийр щыгъупщэжауэ ныбжьэгъу ищIыжауэ зэрыдэтращ.

Ауэ муслъымэн пэжыр, акъыли зыбгъэдэлъыр – Алыхьым щошынэ, и гуэныхьхэми тошыныхьыж, сыт жиIэми ар ятхыу мелыIычитI къызэрыщхьэщытыр и нэгум щIэтщ, сыт итхми ар зэраIэщIмыкIынур быдэу и фIэщ мэхъу.

Абы ипкъ иткIэ, псэлъэн ипэкIэ гупсысэнущ, тхэн ипэкIэ и Тхьэм дежкIэ плъэнущ, нэгъуэщI гуэр зыгуэркIэ игъэкъуэншэным ипэ иту езым зигъэкъуэншэжынущ, езым щыуагъэ къыбгъэдэкIынкIэ хъунум егупсысыжынущ. 

Си Iуэхур дэзгъэкIынщ жиIэу Iуэхум щымыщ хилъхьэнукъым, щыщ гуэр хихынукъым, хуэмыфащэ цIыхум ирипэсынукъым, минрэ и бийуэ щытми лей тыригъэхьэнукъым, пэжыр пцIыкIэ ихъуэжынукъым, пцIыр пэж сурэтым иригъэувэнукъым.

Нобэ къэхъуращи, я Iуэхур дэкIыхукIэ, я мылъку Iуэхури кIуэтэхукIэ куэдыр зэнэзэпсу зэбгъэдэтщ, я зэхуаку удэмыхьэфыну быдэу зэкъузылIауэ щытщ, ауэ псалъэмакъ я зэхуаку къызэрыдыхьэу, зэкIэщIокI, зэбгъэдокIри, езы тIур зэикI зэбгъэдэмыувэжыфын хуэдэу къуажэри жылэри я зэхуакум дагъэувэ.

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жеIэ: «Аллаху Тэгьалам нэхъ жагъуэ дыдэу илъагъу цIыхур: дауэрей, ныкъуакъуэрейращ». (Бухъарий, Муслим).

Дэуэныр зыфIэфI цIыхум ар лIыгъэу къыщохъуж, модрейм зыгуэр къыпимыдзыжамэ, езыр захуэу ар къуаншэу, абы жиIэн имыгъуэтыжу и пIэ иригъэтIысхьэжауэ къыфIощI, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, модрейми жиIэни икуэдщ, ауэ и щхьэ пщIэ хуищIыжу, и напэ тыримыхыжу, и диныр ихъумэжу аращ.

Мыдрейм апхуэдэу и пэр щыдрикъейм и деж Аллаху Тэгьала къыщхьэщытыр къызэрыхуэгубжьыр, зызэригъэпIиям и лъагагъым хуэдиз кууагъкIэ Жэхьэнэмэ мафIэм ирадзыхыну къызэрилэжьыр щогъупщэ.

Аргуэру къыджеIэ صلى الله عليه وسلم: «ЩIэдауэ Iуэхугъуэр зэрымыпэжыр ищIэ пэтрэ абыкIэ дауэ цIыхур Алыхьым и губжьым хэтщ ар къигъэнэхукIэ». (Ахьмэд).

Муслъымэн жэмыхьэт! Пэжращ дэ ди гъуазэр, ар хэт къыбгъэдэкIми, ар хэт бгъэдэлъми. Пэжым тетым дырителъхьэу, пэжым темытым дытелъэу дыщытын хуейщ, армырамэ, дэ муслъымэныцIэр тхуэфащэкъым.

Дэ ди ныбжьэгъумэ абы сытри хуэдгъэдахэу, сыткIи дыкъыдэщIу, димыныбжьэгъумэ  абы дытелъэ-дытепкIэу дыдэтмэ, адэкIэ дызытекIуэну къэтлъытэм дытегушхуэу, къыттекIуэну къэтлъытэм дырихьэIуху-бжэIухыу дыщытмэ – дэ муслъымэныцIэ дэнэ къыщына, цIыхукIэ укъыдэджэж хъунукъым, атIэ хьэкIэкхъуэкIэ дыхъуауэ аращ.

Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшынэ, ди къэкIуэнуми девгъэгупсыс, дызэрылIэжынури ди нэгум щIырет, хьисэп дызэращIыжынури ди гум ирелъ! Мис итIанэ ди дунейр дахэ хъунщ, ди Ахърэтри нэхъ дахэж хъунщ!