Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

28. Псапэ щIэнкIэ зэпеуэхэр

11.06.2019
Еджауэ 547

ФIыщIэ Алыхь Иным худощI мы дин дахэмкIэ къытхуэупсам, ди псэр зыгъэкъэбзэнур къыдэзытам, ди насыпыр къызыхэкIынум дыхуэзыузэщIам, ди ехъулIэныгъэр къыздикIынум дыпызыщIам.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми Ар зэрыхэIэтыкIам, сыт хуэдэ фIыгъуэри Абы къызэрыбгъэдэкIам.

Щыхьэт  дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم  и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу ар лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам, иужь Тхылъри къызэрыратыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыкъызэригъэщIар ди фIэщ щыхъуакIэ, дыкъыщIигъэщIами щхьэусыгъуэ щиIэкIэ, и пащхьэ дызэрихьэжынури щытщIэкIэ – абыхэм тещIыхьауэ ди гъащIэр етхьэкIын хуейуэ, абыхэм хуэфэщэжу дыпсэун хуейуэ аращ.

Нобэ хуэдэу а Iуэхугъуэм дыщегупсысын е дыщегупсысыфын зэмани ди гъащIэм къыхэмыхуэнкIэ хъунущ. Иджыпсту зэманым я нэхъ лъапIэм дыхэтщ, Жэнэтыбжэхэр зэIуахауэ псапэ длэжьыну къытпоплъэхэ, Жэхьэнэмэбжэхэр зэхуащIауэ, ар къыщIэдлэжьын щхьэусыгъуэ дымылэжьыну къытщогугъухэ!

Уеблэмэ, муслъымэну жыжьэ плъэм «Жэнэтым сихьэ къудеймэ нэгъуэщI зыри сыхуейкъым» жиIэкъым, атIэ «Жэнэтым и курыкупсэм, Жэнэтым нэхъ ищхьэ дыдэм, ФирдэускIэ дызэджэм» сыкIуащэрэт жиIэу мэгугъэ, гугъэм имызакъуэу абы йогугъу.

И нэмэз щIыкIэкIэ, и КъурIэн еджэкIэкIэ, и зикр щIэкIэкIэ, и псапэ лэжьыкIэкIэ, и хьэлщэнкIэ дэр нэхърэ нэхъыфI гуэр тлъагъумэ, дэр нэхърэ нэхъ зи фIэщ гуэр тлъагъум «уа мыр зыдэкIуэжынум сэри сыкIуэжынукъэ, уа мыр зыдахьыжынум сэри сахьыжынукъэ, мыр зыхуейм щхьэ сэри сыхуэмейрэ, мыр зыхуэщIэкъум сэри щхьэ сыхущIэмыкъурэ, мыбы хузэфIэкIыр щхьэ сэри схузэфIэмыкIрэ?» жытIэу зыдгъэгушхуэжын хуейщ.

Жэнэт лъапIэм илъ фIыгъуэхэмрэ, а фIыгъуэхэри лIэужьыгъуэу зэрызэхидзымрэ я гугъу къытхуищIа нэужь ди Тхьэшхуэм адэкIэ къыджеIэ:

 «Мис абыхэм теухуауэ зэпеуэхэр зэпреуэ!». (Iэл-МутIэффифин, 26).

Гузэвэгъуэ дыдэри дэ гузэвэгъэу иджыпсту къытщыхъур аракъым, гуфIэгъуэри дэри гуфIэгъуэу къытфIэщIыр аракъым, атIэ гузэвэгъуэ дыдэр псапэншэу Ахърэтым укIуэжынращ, гуфIэгъуэ дыдэри псапэр уи куэду дуней пэжым бгъэзэжынращ.

Хьатэм Iэл-IэщэмкIэ еджэу зы цIыхуфI и хъыбар тхыдэм къыхощыж. Абы жиIэт: «Мэжджытым сыкъыкIэрыхури зы нэмэз абы езмыхьэлIэу сфIыблэкIати, Абу ИсхьакъкIэ еджэу зылI къызбгъэдыхьэри, а зы закъуэр къысхуэгузэващ. Си бын дунейм ехыжауэ щытамэ минипщIым щIигъу къэкIуэнурэ къысхуэгузэвэнут; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунеягъэм ехьэлIа гузэвэгъуэр цIыхухэм нэхъ къафIэIуэху, диным ехьэлIам нэхърэ».

Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, хадэ гуэр и1эти абы кIэлъыплъыну дэкIри, къыщыдэхьэжам цIыхухэм ичынды нэмэзыр ящIауэ къырихьэлIэжати, гузэвэгъуэшхуэ къызэуэлIам жиIэ псалъэхэр жиIащ «Инна лилляхи уэ инна илейхи раджигьун». Ахэр жиIэри, и къыкIэрыхуным щхьэусыгъуэ хуэхъуа хадэр сэдэкъэуэ тхьэмыщкIэхэм яритыжауэ щытащ.

ИкIи пэж дыдэм дыхуеймэ гузэвэгъуэ дыдэр зи щхьэ къырикIуэр зи нэмрэ, зи бзэгумрэ хьэрэмым щызымыхъумэращ, зи сэджытыр и чэзум хэзымыгъэкIращ, зи адэ-анэм жыIэмыдаIуэу яхущытращ, зи Iыхьлы зи благъэхэм ебийращ, цIыхухэм я мылъкур хьэрэмкIэ зышхращ…

Дунеягъэм щыщ гуэр пIэщIэкIмэ, адрей дунейм абы нэхърэ нэхъыфIыж къыщыпIэрыхьэжыну гугъэшхуэ щыIэщ, ауэ диным щыщ пIэщIэкIмэ, адрей дунейр пIэщIэкIыпэу зыри умыгъуэтыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дызэрыт мазэм КъурIэным и мазэкIэ йоджэ. КъурIэн лъапIэм и къехыныр щиублауэ щытар НэщI мазэ лъапIэращ. Абы и Iуэхур езы КъурIэн лъапIэми къыхощ.

НэщI мазэр къихьэмэ тхылъхэр псори ирагъэкIуэтэкIрэ КъурIэн лъапIэр къащтэу щытащ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэдым. Имам Зухрий НэщI мазэр къихьэмэ жиIэт: «НэщI мазэр КъурIэн еджэным, сэдэкъэ тыным я мазэщ».

КъурIэн еджэкIэри сыт хуэдэ Iуэху щIэкIэми хуэдэу зэщхькъым. Щхьэж и къеджэкIэмрэ, къиджам елъытауи Жэнэтым увыпIэхэр къыхуагъэфэщэнущи, нэхъыфIыр зыхуагъэфэщэнухэм ящыщ Алыхьым дищI!

НэщI мазэм зэикI хуэмыдэжу ди КъурIэн еджэныр куэд щIын хуейщ. Мэжджытхэм КъурIэн макъхэр къыщIэIукIыу, ущIыхьамэ бжьэм хуэдэу еджэхэр зэщIэвууэ щытын хуейщ. Мис абы къигъэлэгъуэнущ пэж дыдэу дэ НэщI мазэм дызэритыр.

Iэмал иIэххэмэ ди уэрам дэтыныр, ди цIыху хыхьэныр нэхъ мащIэ щIын хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уэрамым удэкIамэ, цIыхуми уахыхьамэ Iэмал имыIэу уи нэщIым и псапэр хэзыгъэщIын гуэр уIумыщIэу хъукъым.

Зы цIыхуфI гуэр мэджытым нэхъ зыщигъэгувэу, нэхъ щ1эсырейуэ щытт НэщI мазэми, абы теухуауэ щеупщ1ым: «Си нэщIыр сохъумэж!»-, жи1ащ.

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Алыхьым псынщIэ тщищI Жэнэтым и увыпIэ лъагэхэр къызэрыдлэжьыфын IуэхуфI куэд длэжьыныр, долъэIу Алыхь Иным длэжь псоми и берычэтыр къыхилъхьэну!