Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

23. ЛIэныгъэм дыхуэхьэзыру дыпсэуныр!

10.06.2019
Еджауэ 605

Муслъымэн жэмыхьэт! Псэуныгъэри, лIэныгъэри къэзыгъэщIар Аллаху Тэгьаларащ, абыкIэ дигъэунэхуну, зи IуэхущIафэр нэхъыфI хъунур зэхигъэкIыну.

КъигъэщIащ Алыхь Иным лIэныгъэр муслъымэныр мы дуней зэвым икIыу дуней хуитым Iэпхъуэжыфын, гъэунэхупIэм икIыу зыкIуэцIырыкIам къыпэкIуар илъагъужыфын, IуэхуфIу илэжьам щыгуфIыкIыжын, цIыхуфIхэм яхуэзэжу и гур зэгъэжын папщIэ.

ЛIэныгъэр ар фIэкIыпIэ зимыIэщ, абы зыгуэр къелынутэмэ, къелынт нэхъыфI дыдэу Алыхьым илъэгъуа Бегъымбар лъапIэр, صلى الله عليه وسلم.

Ауэ нэхъ шынагъуэу Iуэхум хэлъыр, а лIэныгъэр къыщысынур зэрыдмыщIэращ, абы нэхъ шынагъуэжри, ар къызэрысыну щIыкIэр, къэса нэужь дызэрытыну щытыкIэр, дыздэщыIэну щIыпIэр зэрыдмыщIэращ.

Абы тыригъэчыныхьу жеIэ Алыхь Закъуэм:

﴿ إِنَّ اللَّهَ عِنْدَهُ عِلْمُ السَّاعَةِ وَيُنَزِّلُ الْغَيْثَ وَيَعْلَمُ مَا فِي الأرْحَامِ وَمَا تَدْرِي نَفْسٌ مَاذَا تَكْسِبُ غَدًا وَمَا تَدْرِي نَفْسٌ بِأَيِّ أَرْضٍ تَمُوتُ إِنَّ اللَّهَ عَلِيمٌ خَبِيرٌ ﴾

Алыхьыращ дунейкъутэжыгъуэр зыщIэр. Абы уэшхри къырегъэшх, ныбэм илъри ещIэ, икIи зы псэми ищIэркъым пщэдей къыщыщIынури, щылIэжыну щIыпIэри. Алыхьыращ [псоми] щыгъуазэри зыщIэри!. (Лукъман сурэ, 34).

Хьэдисым къыщокIуэ, ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыбгъэдэкIауэ: “Аллаху Тэгьалам цIыхум и псэр зы щIыпIэ гуэрым и деж щыхихыну хуеймэ, а щIыпIэм цIыхур кIуэну хуейуэ ещI!“.  (Муснэд Ахьмэд).

КъаIуэтэж мыпхуэдэ хъыбар: Сулейман бегъымбарыр عليه السلام щыст зы щIыпIэ деж, цIыхухэри къыбгъэдэсуи, мелыIыч псэхэхыр абдежым къырихьэлIащ. Псэхэхым и нэр тыриубыдауэ абдежым щыс зыгуэрым еплът, жи. Арати, мо зэплъыр Сулейманым къоупщI: -Уэ, Сулейман, хэт мыхуэдизу къызэплъыр?-жери. – Мыр мелыIыч псэхэхращ-, жиIащ Сулейман. – Уэ, Сулейман, мыбы сэ си Iуэху зэримыхуу си фIэщ хъукъым, кхъа жьы къепщэм жеIи нэхъ жыжьэу Индие щIыналъэмкIэ сегъэхь! (Сулейман, тIэ, зэрытщIэщи, жьыр хуэжыIэщIэу ищIауэ щытащ Алыхь Иным).

ЛъэIум тету Сулейманым мор ИндиемкIэ ирегъэхь. Абы иужькIэ Сулейманыр псэхэхым йоупщI: — Сытыт апхуэдизу а лIым ущIеплътэр?-, жеIэри.

— А лIым и псэр иджыпсту куэд мыщIу Индие щIыналъэмкIэ щыхэсхыну унафэ къысхуащIати, уэ къыббгъэдэсу мыбдежым щхьэ щысу пIэрэ, жысIэу згъэщIагъуэу сеплъу арат!-, жиIащ псэхэхым.

Дэтхэнэ зыри мы Iуэхугъуэм дигъэгупсысэу, мыбы дгъэнэхъапэ щымыIэу дыщытын хуейщ. Ауэ, лIэныгъэм дегупсысурэ ди лъэр щIэхуу дытIысыжыну аракъым, атIэ лIэныгъэм дегупсыса нэужь ди лъэр щIэтыхукIэ дымыбэлэрыгъыу псапэ къэтхьын хуейуэ аращ.

ЦIыхур фIым хуэпабгъэу, фIым хущIэкъуу, нэхъыфI зэрыхъун Iуэху сыт щыгъуи зэрихуэу, псапэ къызэрихьын, зыгуэрым и гуапэ зэрищIын Iэмалхэр къилъыхъуэу, и Iуэхуми фэрыщIагъ хэмылъу щытмэ – ар Алыхьым утыкум къыринэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Псэ хэкIыгъуэм дежи а гъэунэхупIэ иным, теплъэм я нэхъ дахэм иту къыригъэкIынущ а цIыхур.

ЛIэныгъэр къыщысыну дэкъикъэр щыдмыщIэкIэ, ауэ къэмысыну Iэмал щимыIэкIэ – зы напIэзыпIи щIэдгъэдэкIуэдын щыIэкъым фIы дымылэжьу, ди псапэм хэдмыгъахъуэу, зыгуэрым и гуапэ дымыщIу, зыгуэрым и гузэвэгъуэ дэдмыхыу.

КIэух дахэ щыIэщ, кIэух Iеи щыIэщи. Дэ ди кIэухыр дахэ хъуну дыхуеймэ, а кIэухым ипэ къит лэжьыгъэм ар елъытэжащи, дэ езым ди деж къыщожьэ ди кIэух хъужынури.

Абы ипэ къиту Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIам, псори зи IэмыщIэ илъ Тхьэшхуэм ди гугъэр пыщIауэ, ди дугьэр Абы и дежкIэ гъэзауэ щытын хуейщ: ди кIэухыр дахэ хъуным ехьэлIауэ.

Езы Бегъымбар дыдэр صلى الله عليه وسلم, зы нэмэз къимыгъанэу Алыхьым елъэIуу щытащ и кIэухыр дахэ ищIыну, лIэныгъэм и фитнэм, и гъэнэунэхупIэм дахэу къыришыну.

ТIауус щIэныгъэлIым, ар табигьинхэм ящыщу щытащ, зэгуэрым и щIалэм еупщIат, а дугьэр нэмэз ищIам щыжиIарэ щыжимыIарэ. -ЖысIакъым дугьэр-, щыжиIэм щIалэм, — НтIэ уи нэмэзыр щIыж!-, жыриIат, а дугьэм и мыхьэнэр зэрыиныр къигъэлъагъуэу.

Мыри عليه الصلاة والسلام и дугьэхэм ящыщу щытащ:

﴿ أعوذُ بكَ أنْ يَتَخَبَّطَني الشَّيطانُ عندَ الْمَوْتِ”

Я-Алыхь, лIэгъуэм и деж шейтIаныр тепщэ къысхуэхъуным сыщыхъумэ!. (Абу Дауд, НэсаIий).

Абы къикIращи, шейтIаныр муслъымэным и псэ хэкIыгъуэм деж зыкъырегъэхьэлIэри, къырищIэфу хъуар къырищIэну яужь йохьэ: тобэ къыримыгъэхьыжыну, е зыгуэрым и щIыхуэ телъмэ ар зыхуей хуимыгъэзэжыну, е Алыхьым и дежкIэ мыгугъэу нэгъуэщI зыгуэрхэм щыгугъыу ищIыну, е лIэныгъэм къигъэгубжьу Алыхьым и деж нэмысын псалъэ гуэрхэр жыригъэIэну.

Мис абыхэм уащызыхъумэфынур, шейтIан нэлатми укъыIэщIэзыхыфынур Алыхь Ину къытщхьэщытращи, уи дугьэр Абы хуэгъазэ, уи лъэIур Абы бгъэдэлъхьэ!

Алыхьым насып тхуищI цIыхуфIу дыпсэуну, цIыхуфIуи дылIэжыну, дыкъагъэтэджыжми цIыхуфIхэм дыхашэжыну, ди Iыхьлы, ди благъэхэу, ди ныбжьэгъухэу ди япэ ищахэм напэ хужькIэ дахуихьыжыну, псоми Жэнэтыр екIуэлIапIэ тхуищIыну!