Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

13. Зи гур пхъашэхэр

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум диным щыщу нэхъыбэ къищIэхукIэ, уаз нэхъыби зэхихыхукIэ, нэхъыбэри дин зезыхьэхэм яхэтыхукIэ – и гур нэхъ мащIэ, нэхъ щабэ хъууэ, и цIыхуфIагъыр хэхъуэу, и псапэ лэжьынри нэхъыбэ хъууэ щытын хуейт.

Хуейт, ауэ языныкъуэм деж абы и пхэнж дыдэр къыщыщыщI щыIэщ цIыхум. Абы ипкъ иткIэ, и нэмэзым теухуауэ щхьэхынагъыр къытекIуэу, сэдэкъэ сыт теухуауэ нэпсеягъыр япэ фIищу, лъагапIэм щыIэ АхърэтымкIэ зишиину хуэмейуэ, лъахъшапIэм щыIэ дунейм зыхишыхьыну хуейуэ мэхъу.

Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Абы и щхьэусыгъуэр, а цIыхум и гур пхъашэ, быдэ хъуауэ е хъууэ аращи, икIэщIыпIэкIэ Iэмалу щыIэр ирихьэлIэн хуейщ цIыху сурэтым, муслъымэн теплъэм къихьэжын папщIэ, къыщIагъэщIа къалэныр хуэгъэзэн щхьэкIэ.

Аллаху Тэгьалам КъурIэнкIэ къыщыджеIэ:

﴿ فَوَيْلٌ لِلْقَاسِيَةِ قُلُوبُهُمْ مِنْ ذِكْرِ اللَّهِ ﴾

Гъуэгу мыгъуэ теуващ Алыхьым и диным теухуауэ зи гур пхъашэхэр!”. (Зумэр сурэ, 22 аят).

ЩIытеувари нэрылъагъущ: зи гур пхъашэ цIыхум фIым и гъуэгуу и деж къекIуалIэхэр зэхуещI, фIым и къилъэдапIэу щыIэр егъэбыдэ, и гум игъусэу и бзэри пхъашэ мэхъу, и нэми нэпс щIэмытыжу мэхъу, псэлъамэ бзаджэу, плъамэ пыджэу. 

Абы иужькIэ, абы мыхъумыщIэу щыIэр къыбгъэдэкIыфынущ: цIыхум хуэпсэлъэн, бзэгу зехьэн, фыгъуэн, нэпсеин хуэдэхэр. АдэкIэ Iэби, гуэныхьыр къыфIэмыIуэхуу илэжьын, гуэныхь зылэжь илъагъуми къыфIэмыIуэхун…

А псом ипкъ иткIэ, апхуэдэ цIыхум дунейр къытоункIыфIэ, гупсэхугъуэ жыхуаIэр имыщIэжу, насып жыхуаIэр зэхимыщIэжу мэхъу, щтэIэщтаблэу, зыри къемыхъулIэу, дэнэкIэ имыгъазэми и Iуэхур мыхъуу….

Ахэр псори къызыхэкIыр гу быдагъэ, гу пхъашагъэращи, цIыхур зэгупсысыжрэ зыкъищIэжмэ и насыпщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум къыщыщIыр зи лажьэжыр езыращи, абы зыгуэр езыхьэлIэфынур езыращ.

ДауикI, цIыхур зы махуэ зы жэщкIэ хъукъым гу быдэ, гу пхъашэ, атIэ, нобэ зы гуэныхь елэжь, а гуэныхьым нэгъуэщI гуэныхь къелъхуж, цIыкIур куэд мэхъу, куэдыр ин мэхъужри цIыхур щIепIытIэ.

Хьэдис лъапIэми къыхощ ар къызэрыхъур: цIыхум зы гуэныхь къихьа нэужь, ар и гум дамыгъэ фIыцIэу тыредзэ, абы иужькIэ зыкъищIэжмэ, тобэ къихьыжмэ, гур къабзэ мэхъуж, армырамэ, гум фIыцIагъэ тырищIэурэ фIыцIабзэ мэхъури, дэгу мэхъу, нэф мэхъу.

Аращ Iэл-МутIэффифин сурэм (14 аят) къыщыкIуа аятми жиIэр:

﴿ كَلاّ بَلْ رَانَ عَلَى قُلُوبِهِمْ مَا كَانُوا يَكْسِبُونَ ﴾

Гуэныхь къахьар я гум фIейуэ тырищIащ“.

Гуэныхь сыт тIэ цIыхум езыгъащIэр? Гуэныхьым сыт щхьэусыгъуэ хуэхъур? КIэщIу жыпIэмэ мыхэращ: ныбжьэгъу мыхъумыщIэ зэриIэр, гугъэ нэпцIым зэриIыгъыр, и гур цIыху цIыкIум япищIауэ зэрыщытыр, шхэнкIэ, жеинкIэ зэрыерыщыр.

Дызыгъэунэнри дощIэ, дызыгъэунэхъунури дощIэ, ауэ дымыщIэм хуэдэу допсэу. Зыгуэрым дыпоплъэ, зыгуэрым дожьэ. Ауэ абы зыри фIы къытхуихьынукъым, атIэ гуэныхьым гуэныхь къытрихьэурэ, лIэныгъэм дыIэщIилъхьэжыну аращ.

Алыхьышхуэр къызэрытщхьэщытыр тщIэуэ, Жэнэтри Жэхьэнэмри къызэригъэщIам дыщыгъуазэу, КъурIэн лъапIэу тIэщIэлъым уазрэ, ущиеу итым деджэу, Суннэ къабзэм къыщыкIуа хъыбар куэдым дыщыгъуазэу, мэжджытым декIуалIэу, хъутIбэхэр зэхэтхыу, дерсхэм дыщIэсу… А псом яужькIэ ди гур пхъашэмэ, дэ зыри тхуэфащэкъым!

Алыхьым дыщогугъ и гущIэгъум дыхимыныну, и нэфI къытщыхуэну, узэщIахэм я бжыгъэм дыхибжэну, цIыхуфIхэм дахэту дигъэпсэуну, абыхэм дахэтуи и пащхьэ дыришэжыну!