Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

9. Дэ дызыхуеймрэ диныр зыхуеймрэ!

10.06.2019
Еджауэ 455

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI нигьмэтрэ, фIыгъуэу къытхуищIэм теухуауэ, сыт хуэдиз щыуагъэ дымылэжьми и гущIэгъум дызэрыхимыным щхьэкIэ. ХэIэтыкIащ ди Тхьэшхуэр сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми, хуэфащэщ ди Тхьэшхуэм сыт хуэдэ щытхъури.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу къызэрытхуигъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыбдежым щIэс дэтхэнэ зыми «дымуслъымэнщ» жыдоIэ, ауэ зэхэтщIэжу пIэрэ а псалъэр зэрыпсалъэшхуэр, и лъабжьэми мыхьэнэшхуэ зэрыщIэлъыр?!

«Журтхэмрэ чыристэнхэмрэ жаIэ езыхэм фIэкIа Жэнэтым нэгъуэщI имыхьэну, ауэ ар абыхэм я гугъапIэ къудейуэ (къафIэщIу, я щхьэ къагъэпцIэжу аращ); уэ яжеIэ: «Фэ жыфIэр пэжмэ, абы и щыхьэт къэвгъэув!».

АдэкIэ пещэ: «Хьэ­уэ, Алыхьым (муслъымэну) еувалIэу фIы зыщIа цIыхум къилэжьар Тхьэм къыхуи­щIэжынущ, абыхэм нэщхъеягъуи шынагъуи къащIэхьэнукъым». (Iэл-Бэкъэрэ, 111-112).

«Муслъымэну еувалIэу фIы зыщIа!», — жеIэ Тхьэшхуэм. Муслъымэн зыфIэзыщыжу, зыхуейр зыщIэу дэувэжа, жиIэкъым, иджыпсту куэдым зэращIым хуэдэу.

Дымуслъымэнщ, жызыIэу муслъынагъым щыщ зыри имылэжьу, зыри абы химыгъэщIу дапщэ щыIэ? ИгъащIэм къыриубыдэу и щхьэр зэ сэждэм тыримылъхьауэ, Алыхьым хьэрэм ищIа фадэр и жьэм жьэдимыхауэ дапщэ щыIэ?

Ауэ, абыхэм иджыпсту ягугъу дэ тщIынукъым. Уеблэмэ иужькIи щIын хуэмейуэ  я Iуэхур гурыIуэгъуэщ, абыхэм езы дыдэхэми къагуроIуэж къахуэтыр, ныкъусаныгъэшхуи я Iуэхум зэрыхэлъыр.

Ауэ, нэмэзи ищIу, мэжджытми екIуалIэу, уаз ятхэри зэхихыу…. ауэ итIани ахэр псори и гум нэмысу, и псэм хэмыхьэу, атIэ езыр зэрыхуейм хуэдэу псэууэ, къыригъэзэгъэзыр и дину и гъащIэр ихьу дапщэ къытхэт?!

МыхъумыщIэ цIыхум ищIэрэ, ар зэрымыхъумыщIэр къыгурыIуэжрэ тIысыжмэ, тоби къихьыжмэ – ар цIыху сурэтым итщ. Ауэ мыхъумыщIэм теухуауэ тобэ къихьыжын дэнэ къыщына, атIэ а мыхъумыщIэр езы диным хэту, абы псапэ къыдэкIуэу егупсыс цIыхум дапщэщ тобэ къыщихьыжынур?

ЗэикI къихьыжынукъым, атIэ а фIеягъэр къабзагъэ игугъэжурэ, фIей кIэрылъу мащэм яхьыжынущ, ар кIэрылъуи Къемэт махуэм екIуэлIэжынущ.

Дапщэщ тобэ къыщихьыжынур: нэмэз зымыщIым е муслъымэн дин зезымыхьэм и мылъкур фIэпшх хъуну къызыщыхъум, сыт епщIэми хьэлэлу зи гугъэм?!

Дапщэщ тобэ къыщихьыжынур: зыгуэрым мылъку къытрихрэ е уеблэмэ къыфIидыгъурэ, абы зы Iыхьэ гуэр хигъэкIмэ адрей къэнар хьэлэлу къызыщыхъу цIыхум?!

Мыхэр къызыхэкIыр щIэныгъэншагъэрамэ – мыр зэрыхьэрэм цIафтэр, зэрыгуэныхьышхуэр абыхэм яжыдоIэ.

Мыр къызыхэкIыр апхуэдэ цIыхухэм я напэншагъэрамэ, е я нэпсеягъэрамэ, е езыхэр лэжьэну хуэмейуэ, нэгъуэщIхэм къалэжьамкIэ псэуну зэрыхуейрамэ – абыхэм къахуэтыр щIэныгъэкъым, атIэ Гьумэр رضي الله عنه, и башращ.

Мы диным и напэр тедвмыгъэх, мы диныр къэдгъэсэбэпурэ ди дуней Iуэхур дэдвмыгъэх, мы Алыхьым и диныр къыддэджэгукъым, мыр джэгупIэ дывмыгъэщI!

ЦIыхум я нэхъ Iейр, жаIэ щIэныгъэлIхэм, зи динымкIэ дунейр зышхращ. Мы дунеижьым дыримыгъэхьэхыу, Ахърэтым къырелыну Алыхьым цIыхум къырита диныр мы дунейм къыхуигъэсэбэпу, абыкIэ зызыгъэунэхъужым нэхъ насыпыншэ щыIэ?!

Мыбы дыкъэкIуамэ, мы диным и пщIантIэ дахэм дыдыхьамэ – ди щIыбагъым къыдэдвгъанэ дэ дызэсари, дызыхэтари, уэрамым щытлъэгъуари, ди акъылкIэ зэдгъэзахуэри.

Мыр Алыхьым и динщ, уэхьийуэ уафэ къабзэмкIэ къикIыу къеха Псалъэщ. Дэ ди акъылкIэ тхузэмыгъэзахуэ куэд хэтщ мыбы, ар иджыри акъыл зэтет диIэу щытмэ, ауэ Iушэу дагъэсауэ, ихъуреягъыр мыхъумыщIэу дыкъэхъуауэ, ди гупсысэкIэр зэтрахуауэ – сыт хуэдэу апхуэдэ акъылкIэ мы дин дахэм узэрыхэIэбэнур?!

Пэжщ, диIэщ муслъымэн псэ къабзэ куэд, уеблэмэ нэхъыбэри апхуэдэщ, ахэр мыхъуами мы диIэри диIэнутэкъым. НтIэ, мис ахэр дгъэгушхуэн, ахэр щапхъэ тхуэхъун ипIэкIэ, языныкъуэхэм абыхэм я щытыкIэр къуаншэу, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ, нэгъуэщI дуней тетыкIэ яIэн хуейуэ мыдрейхэм ягъэув!

Ауэ, Алыхьым жиIэмэ, пэжыр пэжу, къуаншэр къуаншэу щытынущ, купщIэ зиIэри кънэнущ, купщIэншэри кIуэдыжынущ.

Алыхьым пэжу бгъэдэтын, и диныр къабзэу зезыхьэн, жьы къепщэм иримыудын, лъэ быдэкIэ щытын, зимыхъуэжуи Алыхьым и пащхьэ ихьэжын – Алыхьым дищI!