Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

3. Гури акъылри зэгъусэу

10.06.2019
Еджауэ 400

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар цIыхум куэдкIэ къыхуэупсащ, ауэ къызэрыхуэупсахэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ: акъыл зэтетыр, акъыл узыншэр, гупсысэкIэ захуэр.

Акъылым, гупсысэм мыхьэнэ яIэу щымытамэ, КъурIэн лъапIэм апхуэдизрэ къытригъэзэжурэ ц1ыху гупсысэхэм, акъыл зиIэхэм я Iуэхур къыхигъэщынтэкъым.

ЦIыхур езыр губзыгъэрэ, акъыл зэтет иIэмэ, абы ищхьэжкIэ мы дин дахэм и нурыр къытепсэжамэ, абы Алыхьым къыхуимыщIа щыIэкъым, жып1э хъунущ, ауэ а тIум языр къызыхуэтым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, а тIум язым фIэкIа зимыIэм насыпыншагъэ дыдэ къытепсыхащ.

Нобэ ди зэхэтыкIэм, ди дин зехьэкIэм, ди дуней Iуэху еплъыкIэм ухэплъэмэ, апхуэдизкIэ ныкъусаныгъэ куэд хэлъщи, акъылымрэ динымрэ зэгъусэу зэрытхэмылъыр абы къегъэлъагъуэ.

Диныр гу къудейкIэ зепхьэ хъунукъым, апхуэдэуи акъыл къудейкIэ зепхьэ хъунукъым, атIэ гум урихужьэмэ, гум уришажьэмэ, акъылым узэтриIыгъэрэ, зэпIэзэрыту гъуэгум утетын хуейщ.

Гу къудейкIэ диныр зезыхьэм, КъурIэным щыщ аят е хьэдис гуэр зэрызэхихыу, занщIэу ар ирихьэжьэну, занщIэу ар зы щIыпIэ деж щыхипщэну яужь йохьэ.

Абы зыри зэригъэзахуэкъым, «а зэхэсхар тэмэму къызгурыIуауэ пIэрэ, зэманкIэ ар иджыпсту къезэгъыу пIэрэ, и чэзуи пIэрэ, зыжесIэнуми къыгурыIуэну пIэрэ, зэрыжесIэну щIыкIэри сыт хуэдэу?»… жиIэу а упщIэхэмкIэ зэмыупщIыжурэ зыгуэр зэIищIэнурэ, диным ущышынэу, ущыщтэу, абы и цIэр зэхэпхмэ укъащтэу уищIынущ.

МыткIэ, КъурIэн аяти, хьэдиси хэмыту зи акъыл гъущэмкIэ хъунури мыхъунури, пэжри мыпэжри зэхэзыгъэкIыну хэтым и шыми куэд ижынукъым, атIэ «гупсысэн хуейщ, зэгъэзэхуэн хуейщ, губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьэн хуейщ», — жиIэурэ губзыгъэм имыщIэн гуэр ищIэнурэ, губзыгъагъэм уигу щигъэкIынущ.

Зи гум ирихужьэ цIыхум лъэпкъыр щыхупIэм хуишэнущ, зи акъылым кIуапIэ къезымыт цIыхум лъэпкъыр и пIэм иригъэжыхьынущ.

Дэ дызыхуейри, дэ къытхуэтри, дызыхущIэкъун хуейри, къэтлъыхъуэн хуейри, зи жьауэ дыщIэувэн хуейри, ди япэ идгъэувэн хуейри – зи акъылри, зигури зэдэлажьэхэращ, акъыл пцIанэкIи, гу пцIанэкIи Iуэхум пэрымыхьэхэращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! КъурIэн лъапIэм дыхэплъэжмэ, мы жытIам и тегъэщIапIэ къыхощ. Уеблэмэ, хъутIбэ къэси а аятымкIэ хъутIбэр зэхудощIыж. Ар «إِنَّ اللَّهَ يَأْمُرُ بِالْعَدْلِ وَالإحْسَانِ…»-, жиIэу къыригъажьэ аятращ. (Сурэ Iэн-Нэхьл, 90).

Сыт абы къикIыр? «Аллаху Тэгьалам унафэ къыфхуещI, жи, захуагъи фIагъи фхэлъыну».

Захуагъэр къызыхэкIыр акъылым зэригъэзахуэращ, фIагъыр къызыхэкIыр гум зэригъэзахуэращ.

Абы мыр и щапхъэщ:  цIыхум зыгуэр къыуищIамэ, и лей гуэри къыптехьамэ, къыуищIам хуэдэ дыдэ епщIэжыну ухуитщ, ауэ хуэбгъэгъурэ абы зы фIы гуэр хихынумэ, хуэбгъэгъумэ нэхъыфIщ.

Иджы, а къыуищIам хуэдэ епщIэжын, жыхуиIэр, ар акъылым гъущэу къыбгъэдэкI Iуэхугъуэщ, ауэ хуэбгъэгъун, жыхуиIэр, ар къызыбгъэдэкIыфынур гуращ, гущIэгъуращ.

Ауэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ деж гур, гущIэгъур Iуэхум хэдмыгъэхьэу, акъылкIэ гъущэу, пыупщIауэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къыхощ.

Ар – цIыху гуэр жагъуэу зэрытлъагъум, е ди бийуэ зэрыщытым къыхэкIкIэ лей етхыныр зэрымыхъунуращ. Мыбдежым Iуэхум гур хэдгъыхьэ хъунукъым, хэдгъыхьэмэ цIыхум лей етхынкIэ хъунущ дыкъэгубжьу, атIэ акъылкIэ зэфIэхын хуейщ.

Гур, гущIэгъур яужь къыщинэн хуейхэм ящыщщ: сабийр нэмэзым къыхуэдмыгъэушу е диным къызыхуриджэ гуэрым къыхуедмыджэу, тфIэгуэныхь хъууэ дытIысыжмэ, абы гущIэгъу хуэтщIауэ аракъым, атIэ ди нэпсыр къыщIэжурэ мафIэм зэрыхисыхьэн Iуэху зетхуэу аращ. Ар гущIэгъу?!

Аращи, тщIэр тщIэжу, щIэтщIэри тщIэжу, акъылыр япэ игъэщыпхъэмэ япэ идгъэщу, гур япэ игъэщыпхъэмэ гур япэ идгъэщу диныр зетхьэн хуейщ.

Ар къыдэхъулIэн папщIэ, ди еджахэм деупщIу, ди нэхъыжьхэм дечэнджэщу, ди щIэныгъэми хэдгъахъуэу дызэхэтын хуейщи, ар къызэхъулIэн гуп, жэмыхьэт  Алыхьым дищI!