Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

1. Алыхьым дызэрыбгъэдэтын хуей щIыкIэр

10.06.2019
Еджауэ 492

Муслъымэн жэмыхьэт!  ЦIыхум и гум илъымрэ, и Iэпкълъэпкъым илэжьымрэ щызэтехуэм и деж; Iэпкълэпкъри гури зэгъусэу щызэдекъум деж гуми зегъэпсэху, Iэпкълъэпкъми зегъэпсэху.

Зегъэпсэху, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гум илэжьын хуейр Iэпкълъэпкъым дежкIэ игъэкIуатэмэ, Iэпкълъэпкъыр гугъу йохь, Iэпкълъэпкъым илэжьын хуейр гум дежкIэ къигъэкIуатэмэ — гур гугъу йохь.

МыдэкIэ, ди дин Iуэхум, ди дин зехьэкIэм и деж Iуэхур къэтхьмэ, цIыхум дин нэгъэсауэ зэрихьэу щыжыпIэфынур, гури Iэпкълъэпкъри зэгъусэу икIи зэбгъэдэту Аллаху Тэгьалам щыхуэлажьэм, щыхуэпщылIым дежщ.

Мыр Iуэху цIыкIукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум и IэпкълъэпкъкIэ диным щыщ куэд илэжьу, ауэ и гум и лэжьыгъэр Iэпкълъэпкъым и лэжьыгъэм къызэрыкIэрыхум папщIэ, и IуэхущIафэр купщIэншэ хъункIэ хъунущ.

Апхуэдэу щыщыткIэ муслъымэн губзыгъэм хузэфIэкI къимыгъанэу и дин зехьэкIэр иригъэфIэкIуэн, и кIуэцIкIи и щIыбкIи ар игъэдэхэн хуейщ. 

Ар цIыхум къехъулIэн папщIэ, ищIэн, зэхилъхьэн хуейхэм ящыщщ: гьибадэт гуэрым пэрымыувэ ипэ и нетыр къабзэу абы тыриухуэныр, дуней гупсысэхэр псори лъэныкъуэ иригъэзу абы теувэныр.

Нэмэзыр къэтщтэнщи, цIыхур абы хуемыжьэ ипэкIэ, ар Аллаху Тэгьалам и цIэкIэ зэрищIэр игу къигъэкIыжын хуейщ, уеблэмэ, хуежьа нэужькIи, щIэх-щIэхыурэ абы теухуауэ зэгупсысыжын хуейщ.

ЦIыхум зыгуэр къыщыфIэIуэхум деж, а Iуэхум гулъытэ лей хуещI, ипэ иту абы зыхуегъэхьэзыр, абы пожьэ.

Мы нэмэзитхум я ткIиягъыр къыщыдгурыIуакIэ, ди къелынри а къалэным пыщIауэ щыщыткIэ, сыт ягъэ кIын ар къызэрытфIэIуэхур къигъэлъагъуэу ипэ иту зыхуэдгъэхьэзырмэ, уеблэмэ, ди андезекIи нэгъуэщIкIи дыхьэзыру уахътыр къидгъыхьэмэ?!

Андез зыIыгъыу зи нэмэз уахътыр къихьа цIыхумрэ, андезыншэу абы ирихьэлIамрэ зэикI зэхуэдэ хъунукъым. ЕджапIэм и дэфтэркIи, и къалэмкIи хьэзыру кIуамрэ, абдежым ахэр къыщызылъыхъуэу увыжамрэ зэхуэдэ хъун?!

Ипэ иту нэмэзым зыхуэгъэхьэзырыным щыщщ: нэхъ пасэу мэжджытым уекIуэлIэныр. Аращ япэрей сатырым ухэтыным и псапэри щIэнэхъ иныр.

Нобэ дызэрыт жумхьэ махуэм и жумхьэ нэмэзым цIыхухэм я къекIуэлIэкIэр зэрызэмыщхьым хуэдэу, псапэ къратыжынури зэрызэмыщхьыр къэзыгъэлъагъуэ хьэдисри абы ящыщщ.

Абы теухуауэ Ибрахьим ибн Езид щIэныгъэлIым жиIам девгъэдаIуэ: “Нэмэзыр къызэрызэIуах япэрей тэкбирым емылIалIэу абы зыкъыкIэрызыгъэхум куэдыщэкIэ ущымыгугъ”. (Фейд аль-Къэдир).

КъинэмыщIауи, нэмэзым ипэ иту зыхуэзыгъэхьэзыр цIыхур зэикI пIэщIэгъуэкIэ, “сыкъыкIэроху”, жиIэу нэмэзым екIуэлIэнукъым.

Нэмэзым жэрыгъэкIэ къекIуалIэу, гузэвэгъуэкIэ нэмэзым телъадэу, зи бзэгури, зи гури, зи Iэплъэпкъ псори къызэмыдэIуэжу ар зыщIымрэ, гупсэхуу нэмэзым екIуалIэу, и гури и щхьэри зэтету ар зыщIымрэ зэхуэдэ хъун?!

Аращ щIыжиIэри عليه الصلاة والسلام-ым: “Нэмэз ящIыну икъамэт къыщахьам и деж, жэрыгъэкIэ абы фыкъемыкIуалIэ, атIэ, гупсэхугъэ фхэлъу, лъэбакъуэ къызэрыгуэкIкIэ фыкъекIуалIэ. Фыздынэсам деж пыфщи фщIы, блэкIар иужькIэ иривгъэкъуж. Пэжым фыхуеймэ, нэмэзым кIуэр, нэмэзым тетым хуэдэщ“. (Муслим).

КъинэмыщIауэ, цIыхум и гьибадэтыр нэгъэса хъун щхьэкIэ, и гьибадэтым тезыгъэгупсысыкIыну щыIэу хъуар лъэныкъуэ иригъэзу е езым лъэныкъуэ зыригъэзу илэжьын хуейщ и гьибадэтыр!

Абы теухуауэ жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وشلم: “Нэмэз зыщIыр и нэмэзым тезыгъэгупсысыкIын гуэр щIыщIэлъын щыIэкъым унэм“. (Щэхьихь Iэль-Джамигь).

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун IЭНЭС щэхьабэм къеIуэтэж: ГьаIишэ и пэшым къирам (щэкI кIапэ, зэмыфэгъуу) фIэлъти, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыжриIащ абы: “ФIэхыт мы къирамыр, абы хэт сурэтхэр нэмэз щысщIкIэ си нэгум къыщIоувэ!“. (Iэл-Бухъарий).

Ар дыдэм щыщщ Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ГьаIишэ къиIуэтэжари. Абы жиIащ: — Сэ зэхэсхащ Алыхьым и лIыкIуэм, صلى الله عليه وسلم, жиIэу: “Нэмэз щыIэкъым шхыныр хьэзыр хъуауэ, е цIыхум зыгуэр къеныкъуэкъуу“. (Муслим).

А псор зытеухуэжари, цIыхум гьибадэт щилэжькIэ мы дуней хьэхуэм зы тэлайкIэ зыкъыхиIэтыкIыу, а Iуэхугъуэ иным и гури и псэри етауэ ищIынращ. Аллаху Тэгьалам зэрыхуэлэжьэнум гукIи, псэкIи, IэплъэпкъкIи зытриухуэнращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы Iуэхугъуэр къыдэхъулIэн папщIэ Iэмал куэд щыIэщ, ауэ щыIэракъым Iуэхур. Iуэхур, цIыхум мурад быдэ ищIу мы Iуэхугъуэм гулъытэ лей хуищIынращ.

Хуумыдэ уи псэм, хуумыдэ уи Iэпкълъэпкъым: Алыхьым хуэблэжь лэжьыгъэр купщIэншэ ящIыну, уи гугъуехьри лейуэ ягъэкIуэдыну!

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам, абы ипкъ иткIи нэхъыфIкIэ зызыхъуэжын, и зыхъуэжыныгъэми дунеягъэкIи ахърэткIи щыгуфIыкIыжын муслъымэн Алыхьым дищI!