Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къэхъун хъутIбэр нэщIым и купщIэм теухуауэ

29.07.2017
Еджауэ 1 203

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Аллаху Тэгьала закъуэращи, ахэр ди Тхьэшхуэм худогъэфащэ, и цIэр лъагэу доIэт, хуэмыфащэ псоми хыдоIэтыкI.

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну, хъуэхъум я нэхъ дахэри къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, Мухьэммэд عليه الصلاة والسلام-ым.

Муслъымэн жэмыхьэт! ФIыщIэ Алыхьышхуэм щIыхуэтщIын хуейхэм ящыщщ мыпхуэдэу езым и Унэм, мэжджытым дыщызэхуэсу, Езыр арэзы зыщIын, дэри гупсэхугъуэ къытхэзылъхьэн гьибадэтхэр длэжьыну Iэмал къызэрыдитыр.

Илъэс куэд дэкIакъым мы щIыналъэр, уеблэмэ къэрал псор, мэжджыткIэ зеиншэу, дин IуэхукIэ насыпыншэу зэрыщытар. Ауэ нобэ зэманым зихъуэжащ, цIыхухэри хуиту бэуэжащ. Ари Алыхьращ зи фIыщIэр.

ФIыщIэшхуэ Алыхьышхуэм щIыхуэтщIын хуейхэм ящыщщ: иджыри зэ къытхуэупсэу, мазэхэм я нэхъ лъапIэм, нэщI мазэм, Рэмэдан мазэм дызэрыхригъэубыдари.

Аргуэру Iэмал къыдитащ ди Тхьэшхуэм ди псапэхэр дгъэбэгъуэну, ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну дылъэIуэну, зыдгъэкъэбзэжыну, нэхъыфI сыт илъэныкъуэкIи дыхъуну.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин дахэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэ хэтми, сыт хуэдэ унафэ къыщыкIуэми, ар Iущыгъэрэ губзыгъагъэрэкIэ гъэнщIащ, купщIэшхуэ псоми хэлъхьащ. ХьэрыпыбзэкIэ абы дызэреджэр حكمة، مقاصد.

А купщIэр къыдгурыIуэрэ, абы тещIыхьауэ диныр зедмыхьэмэ, гугъу дыщIехьам мыхьэнэ имыIэу, дыкъыщIагъэщIари, дыщIэпсэуари, дыщIэлIэжари къыдгурымыIуауэ Алыхьым и пащхьэ дихьэжынкIэ хъунущ.

«Уз къызэуалIэу хъужа мунафикъыр, ирапхыу иужькIэ яутIыпщыжа махъшэм ещхьщ; щIырапхари, щIаутыпщыжари къыгурымыIуауэ», — жеIэ хьэдисым.  (Абу Дауд).

Мис абы ещхьщ, «сэ сымышхэмэ, си кIуэцIым шхын езмыгъэхмэ Алыхьым щхьэ фIэфIу пIэрэ, сэ гугъу сехьмэ ар щхьэ нэхъыфIу пIэрэ…?», жиIэурэ, щIэнэщIри, щIыхэщхьэжри къыгурымыIуащэу зи гъащIэр езыхьэкIыр.

Нобэ дызыхэт гьибадэтым, Ислъам диным и пкъо нэхъыщхьэхэм ящыщ зым, НэщIым, и купщIэм дегупсысын хуейщ. КъыдгурыIуэн хуейщ ди диным ар щIыхэтыр, абыкIэ Алыхьышхуэм къыдгуригъэIуэну, дыздынигъэсыну, зыхыдигъэлъхьэну зыхуейр.

Алыхьым и мурадыр къэзыIуатэр псом япэ иту Езым и Псалъэ лъапIэращи, абы мыр къыдоджыкI:

يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا كُتِبَ عَلَيْكُمُ الصِّيَامُ كَمَا كُتِبَ عَلَى الَّذِينَ مِنْ قَبْلِكُمْ لَعَلَّكُمْ تَتَّقُونَ

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Къыфщхьэщатхащ фэ нэщIыр, фи япэ итахэм къызэрыщхьэщатхам хуэдэу, тхьэшынагъэ къыхэфхын папщIэ (абы)». (Бэкъэрэ, I83).

«Тхьэшынагъэ къыхэфхын папщIэ», — къыджеIэ Тхьэшхуэм. Аращ и купщIэр мы нэщI тIыгъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу дыпсэууэ дыригъэсэн хуейуэ аращ мы нэщIым.

Ар нэхъ зэпкъырытхынщ жытIэмэ:  цIыхум нэщI щиIыгъым деж мы дунейм зэхъуапсэу, дэзыхьэхыу тетхэм я бжэр егъэбыдэ, абыхэм яхэлъ къарур фIыуэ нэхъ махэ ещI. Узэхъуапсэхэм уемыхъуэпсэжу, удэзыхьэхыу щытахэм удамыхьэхыжу ухъуамэ – тхьэшынагъэм и купщIэм улъыIэсауэ, езыми уеIусауэ аращ.

ЦIыхур къезыхуэкIыр а хъуэпсэныгъэращ, псэхупIэ къезымытри аращ, Алыхьым нэгъэсауэ хуэзымыгъэлажьэри аращ. Ауэ нэщIым ахэр псори нэхъ зэтес ещI, псори и пIэ ирегъэувэ.

НэщIым къыдгурегъаIуэ мы дуней гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэримыIэр, дызыхуэныкъуэу къытщыхъу куэдми апхуэдэ дыдэу дызэрыхуэмыныкъуэр.

НэщIым ди гупсысэхэр зэкIэщIэмыжу нэхъ къызэтренэ. Аращ щIыжиIэр Iэбу Сулейман Iэд-Дараний, رحمه الله: “ЦIыхур щымэжалIэ, псы щыхуэлIэхэм деж – и псэм нэхъ зегъэкъабзэ, нэхъ гумахи мэхъу. Ауэ и ныбэр щизым деж гунэф мэхъу”.

НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, нэщIым наIуэ къещI иджыпсту Алыхьым теухуауэ фIэщхъуныгъэ дбгъэдэлъыр зыдынэсыр. Алыхьыр зи фIэщ быдэу мыхъум нэщI иIыгъынукъым икIи хуэIыгъынукъым. НэщI зыIыгъым Алыхьыр и фIэщ хъууэ аращ.

АбыкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу «Нэмэз зымыщIым нэщI иIыгъ хъуну?!» жызыIэу цIыхухэр гуитIщхьитI зыщIхэм я Iуэхур.

КъинэмыщIауэ, нэщIым дигу къегъэкI е къигъэкIын хуейщ шхынкIэ гугъу ехьхэр, мылъкукIэ хуэмыщIахэр. ЦIыхум езым и щхьэкIэ имыгъэвауэ сыт хуэдиз жомыIами къыгурыIуэ хабзэкъым, ауэ зэ ищхьэкIэ игъэунэхумэ къещIэ Iуэхум и пэжыпIэр.

ТхьэмыщкIэхэри дигу къэкIыу, тфIэгуэныхь хъууэ дытIысыжын хуейуэ аракъым, атIэ щхьэж зэрыхузэфIэкIым теухуауэ щIэгъэкъуэн дахуэхъун хуейуэ аращ.

Муслъымэн пэжми тхьэмыщкIэр къыхуэныкъуэу ибжкъым, атIэ езыр абы хуэныкъуэу ебж. Абы и щхьэусыгъуэри Ахърэтыр зи фIэщ хъум дежкIэ гурыIуэгъуэщ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Махуэм ди нэщIымкIэ, жэщым ди нэмэзымкIэ Алыхьышхуэр арэзы зыщIыфын муслъымэн Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри!