Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэм теунахъуэхэр

30.04.2017
Еджауэ 2 407

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Абы худощI; псори къэзыгъэщIам, тщIэуэ хъуар къыдэзыгъэщIам, ди хъейр зыхэлъу хъуам дыхуэзыузэщIам!

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри гуапэу къырихыну дыхуолъаIуэ, лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, муслъымэну дунейм тетым я напIэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! ДыкъэзыгъэщIа Алыхьышхуэм къыригъэха КъурIэн лъапIэм мыр къыдоджыкI:

{وَآتَاكُمْ مِنْ كُلِّ مَا سَأَلْتُمُوهُ وَإِنْ تَعُدُّوا نِعْمَتَ اللَّهِ لَا تُحْصُوهَا } [إبراهيم: 34]

«ФызыщIэлъэIуа псоми щыщ къывитащ, Алыхьым и фIыгъуэхэр фыбжыну яужь фихьэми фхуэбжынукъым!». (Ибрахьим, 34).

КуэдкIэ къытхуэупсащ дэ Тхьэшхуэр. Къытхуэупсащ нэкIэ, бзэкIэ, гукIэ, псэкIэ, нэгъуэщI куэдкIэ. Хэти абыхэмкIэ и псапэр егъэбагъуэ, хэти абыхэмкIэ и гуэныхьыр егъэбагъуэ.

Нэхъыбэ дыдэуи шейтIан нэлатыр цIыхум къызэрыдэджэгур: нэращ, пхужыIэнущ. Нэр зэплъым сурэт трехри, гум и деж ирегъэхь, адэкIэ гум адрей пкъыгъуэхэм унафэ яхуещIыж. Арамэ, псори къыздежьэр нэм и дежщ.

МафIэшхуэр мафIэ цIыкIукIэ зэрыхагъанэм хуэдэу, гуэныхьышхуэми пэублэ хуэхъур гуэныхь цIыкIуращ. Абы ещхьу Iуэху щIэнри зэраублэр нэкIэщ.

Нэр зэмыплъыпхъэм йомыгъэплъу быубыдыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, ар хуит пщIырэ абы къыкIэлъыкIуэжыну IуэхущIафэхэр иужькIэ къэбгъэувыIэжын нэхърэ.

Зи нэм и шхуэр зыгъэлалэм хуэмурэ и Iуэхур зинэм хуэкIуэнущ. Аращ къыщIыджиIэри عليه الصلاة والسلام-ым: «Зэ еплъыгъуэм нэгъуэщI еплъыгъуэ кIэлъомыгъакIуэ. Япэрейм ухуитми, адрейм ухуиткъым».

Аращ къыщIыджиIэри а цIыху лъапIэм: «Гъуэгущхьэм фытемыс!», — жиIэу. – Дытесын хуей щыхъу щыIэщ, — щыжаIэм, — «НтIэ фытемысынкIэ Iэмащ щимыIэм деж, гъуэгу хьэкъыр вгъэзащIэ!», — жиIащ. – Я, рэсулэл-Лах, сыт гъуэгум и хьэкъыр?-, жаIэу щыщIэупщIэхэм, — «Нэр ехьэхын, зэран умыхъун, сэламыр пхыжын!», — жиIащ صلى الله عليه وسلم.

Зи нэм хуимытыж цIыхум зэикI гупсэхугъуэ игъуэтынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, плъагъу псор пхузыIэрыгъэхьэнукъым, къыпIэрымыхьэф псоми гуныкъуэгъуэ къуатынущ.

ЗэикI ууей мыхъуфынум ущIеплъыххэнур сыт? Ар уи нэгу къыщIэбгъэхьэурэ зыщIэбукIыжынур сыт? Хамэм и мылъкур убжмэ къулей ухъуну? Абы уеплъмэ ар къыпхэхъуэну?

Зи насыпыр зы гупсысэр зэкIэщIэмыжращ, япэ къэс мыхьэнэншэм зыкIэрызымыщIэращ, атIэ зы Iуэхушхуэ гуэрым зи акъылыр тезыухуэфращ.

Iуэхуу щыIэм я нэхъ инри  — пщэдей къыпхуэнэжынуращ, щыIэу хъуами я нэхъыщхьэр – пщэдей укъызыхуэнэжынуращ.

Гупсысэм я нэхъыфIыр Алыхьышхуэм пыщIа гупсысэращ. Япэ дыдэ абы къиубыдри: КъурIэн лъапIэ къыригъэхам ухэгупсысыхьынращ, абы акъыл гуэр къыхэпхыу уи гъащIэм хыупщэнращ.

КъурIэным феджи, къивджыкIар зыхэфлъхьэ!, — къыджаIати, деджэф къудеймэ нэгъуэщI гуэр щIэн хуэмейуэ зыгуэрхэм къыдгурыIуащ, жиIэт зы щIэныгъэлI.

Гупсысэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ: дэ езыр дызэгупсысыжыныр, ди щыуагъэхэм гу лъыттэжыныр, дызэрымыхьэнэншэр тщымыгъупщэжыныр, дызэрыщIэныгъэншэр тщIэжыныр.

Нобэ куэдым я щхьэ щIаIэтыр зацIыхужыкъыми аращ, ину щIэпсалъэхэр защIэжкъыми аращ. ЗызыщIэжым и щхьэр ехьэхащ, зи щхьэ ехьэхами нэгъуэщIым и щыуагъэр илъагъунукъым, атIэ езым зилъагъужынуращ.

Зэгупсысын хуейхэм щыщщ: зэман етхьэкIыр, зэман тфIыблэкIыр. Зэманыр джатэм хуэдэщ: джатэр зэпомыудмэ, езым узэпиудынущ.

Зэманым щыщуи дыдейр: Алыхьышхуэм хухэтхыфращ. Адрейр кIуэдауращ. ЦIыхум нэмэз щищIкIэ, а нэмэзым щыщу езым къыхуэнэжынур темыгупсысыкIыу ищIаращ. ЗытегупсысыкIар кIуэдауращ. Абы ещхьщ гъащIэ псори.

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэр къызэрыдублам и деж дгъэзэжмэ, нобэ нэм и Iуэхум нэхъ щIытедгъащIэр, нэр къизыщI мыхъумыщIагъэхэр хуабэм игъусэу бэтащи аращ.

Нобэ куэдым я зыхуэпэкIэр къэзыгъэщIа Алыхьым фIэфI фIэмыфIракъым зытеухуар, атIэ зэманым нэхъ къезэгъыу къалъытэращ. Нобэ сыретхъи, пщэдей хуейми сыреунэхъу, жаIэ хуэдэщ.

Дэ уэрамым дэт псоми я унафэ тхуэщIынукъым, ауэ ди щхьэ, ди щхьэгъусэ, ди бын я унафэ тхуэщIыжын хуейщ, зыри мыхъужыххэмэ, ди нэм дыхуитыжын хуейщ.

 

Нэм и Iуэхур къыщыхэдгъэщкIэ, мыбы хиубыдэр цIыхухъухэм я закъуэкъым, атIэ цIыхубзхэми я нэр яхъумэжын хуейщ. ЦIыхухъур зытекIуадэм цIыхубзри текIуэдэфынущ. Аращ а унафэр тIуми яхуэгъэзауэ КъурIэн лъапIэм къыщIыхэщри.

Алыхьым ди къарур, ди иманыр, ди шыIэныгъэр япигъэлъэщ мыпхуэдиз фитнэ къекIуэкIым. Зыдмыхъуэжауэ, ди диным дыхуэпэжу Алыхьым и пащхьэ къабзэу дыришэж!