Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ХьэжыщI кIуэхэмрэ, кIуэхэм зэран яхуэхъухэмрэ

31.08.2016
Еджауэ 3 040

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ хуэтщIу къыдоублэ ди хъутIбэр. ФIыщIэ зыщIым нэхъыфIыж хуэфащэщ, зымыщIым къыхуащIари Iахыжмэ езым и лажьэщ. Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Махуэ зыбжанэ дэкIмэ, Алыхьым жи1эмэ, мурад дахэ яIэу гъуэгуанэ лъапIэ теувэнущ муслъымэн гуп. УкъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьалам и Унэм хьэщIапIэ укIуэну гъуэгуанэ утеувэным нэхъыфIи, нэхъ лъапIи щыIэу къыщIэкIынкъым.

Я Iэпкълъэпкъыр а щIыпIэ лъапIэм иджыри нэмысами, я псэмрэ я гупсысэмрэ япэ ищауэ абы щыIэщ а гупыр. Я гур зыдэнэсам я Iэпкълъэпкъри кIэлъигъэси, щIежьэ мурад дахэр къехъулIауэ Алыхьым къихьыжхэ!

ЩIежьэ мурадри Алыхьым къалэн къащищIа фарзыр зыщхьэщахыну щIэхъуэпсхэу, абыкIэ жэуап ирагъэхьыжыным тешыныхьхэу аращ Алыхьым жиIэми, ар насыпышхущ.

Насыпышхуэкъэ шэм хуэдэу утхьэщIауэ гуэныхьыншэу, къабзэу уи унэм укъихьэжыныр?! ЖеIэ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым: «Алыхьым и цIэкIэ хьэж зыщIу, абы здэщыIэм мыхъумыщIагъэ къимыпсэлъамэ,  мыхъумыщIагъи имылэжьамэ, и анэм къызэрилъхуам хуэдэу (къабзэу, гуэныхьыншэу къигъэзэжынущ абы». (Бухъарийрэ Муслимрэ).

Абы къыхахыу япэм хабзэфI щыIащ: хьэж щIыпIэм къикIыжам гуэныхьхэмкIэ зимыуфIеиж ипэкIэ кIэщIу зыхуагъазэрэ духьэ ирагъэщIу.

Хьэж щIыным я нэр къыхуикIыу, абы къыпэкIуэ фIыгъуэми щIэхъуэпсхэу, ауэ Iэмалу яIэр зэрымащIэм къыхэкIкIэ абы кIуэну зыхузэфIэмыкI щыIэщи, ахэми я гугъэр щIафIэкIуэдын щыIэкъым, атIэ мурадыфIыр Алыхьым игъэкIуэдкъыми, я нетым къыпэкIуэ псапэри ягъуэтыжынщ.

МыдэкIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ: ищхьэкIэ дэ жытIа псори нэхъ зытеухуар зи фарзыр зыгъэзэщIэну а щIыпIэ лъапIэм кIуэхэращ. Ауэ псапэ лей къахьыну етIуанэ, ещанэу абы тезыгъазэхэм я Iуэхур тIэкIу нэгъуэщIщ.

Диным псапэ къызэрахь Iуэхугъуэ гуэрхэр хэтщ нэхъыбэрэ пщIэхукIэ уи дежкIэ нэхъыфIу, абы щхьэкIи зыми зэран ухуэмыхъуу, ауэ и сэбэпынагъри уэ уи щхьэм фIэмыкI хабзэу. Абы и щапхъэщ псапэ нэмэзхэр.

НэгъуэщI псапэ къэхьыкIэ гуэрхэри щыIэщ, цIыхум езым и щхьэм фIэкIрэ нэгъуэщIым лъыIэсу. Абы и щапхъэщ сэдэкъэ тыныр. Ари нэхъыбэхукIэ уи дежкIи, зыхуэпщIэм дежкIи нэхъыфI хабзэу щытщ, фы щIэнми исраф хыхьэкъым, жаIэ.

Ауэ нэгъуэщI псапэ къэхьыкIэ гуэрхэр щыIэщ, ар къыщыпхькIэ нэгъуэщI зыгуэрым сэбэп ухуэхъун дэнэ къэна, атIэ уеблэмэ зэран ухуэхъункIэ шынагъэ щыIэу. Абы и щапхъэщ нобэ зи гугъу тщIы хьэж щIыным и Iуэхур.

Псапэ щIэгъуэ зэманыр щыпыухыкIакIэ, адэкIи бгъэкIуатэ, мыдэкIи къэбгъэкIуатэ щымыхъунукIэ, псапэ щIапIэри пыухыкIауэ щыщыткIэ, абы зыр зым зэран ущыхуэмыхъункIэ Iэмал иIэкъым.

Iэмалыншагъэм къыхэпхыу зэран ухъуныр ар зыщ. Уи фарз птелъыр зыщхьэщыпхыну ущыкIуам деж ар Iэмал зимыIэ зэран хъукIэщ. Ауэ псапэ лей къэпхьыну абы укIуауэ муслъымэнхэм уеIунщIу, уетIыркъыу удэтыну сыт хуэдэ Iэмалыншагъэ щыIэ?!

Апхуэдиз цIыху зэрыпIытI абы къыщекIуэкIри куэдкIэ зи зэраныр етIуанэ, ещанэу абы тезыгъазэхэращ. Хьэжым и купщIэри мэкIуэд, и IэфIагъри зэхомыщIэжу уохъу апхуэдиз цIыху зэрызехьэм, зэрызекъуэм уащыхэхуэм деж.

ЕтIуанэу, ещанэу хьэжыр ищIын папщIэ, уеблэмэ щIыхуэ къэзыщтэ щыIэщ, уеблэмэ къэзылъэIухуэ щыIэщ, документ нэпцIхэр зэзыгъэпэщ щыIэщ, унагъуэр къыхуэныкъуэ пэтрэ къизымыдзэу ежьэ щыIэщ, хьэжыр тегъэупIэ зыхуэхъуауэ кIуэ-къэкIуэжу тети щыIэщ.

Языныкъуэм загъэзэхуэжу: сэ зыр а къомым сакъыхэжыжын? Сэ сыщыIэми сэркIэ ахэр нэхъыбэ хъунукъым, сыщымыIэми нэхъ мащIэ хъунукъым, жызыIэ щыIэщ.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, апхуэдэхэр зи псалъафэр, си щхьэ нэхъапэщ хэт и щхьэ нэхъри жызыIэм и псалъафэм ещхьщ. Дэтхэнэ зыми апхуэдэу жиIэмэ а псалъэр купщIэншэ зэрыхъур гурыIуэгъуэкъэ?!

Абы ипIэкIэ, хьэжым тыригъэкIуэдэну уасэр цIыхум сэдэкъэуэ хуэныкъуэ гуэрым иритмэ е зы щIыпIэ хилъхьэмэ, абы кIуэфамэ Гьэрэфэм, Муздэлифэм, Хьэрэмым щиубыдыну щIыпIэр зи фарз зыщIыну абы кIуа гуэрым сэдэкъэуэ ириту нет цIыхум ищIмэ – куэдкIэ нэхъ псапэ хъунущ, Алыхьым жиIэмэ.

Имам Ахьмэд, رحمه الله, еупщIахэт, цIыхум псапэ лейуэ хьэж ищIмэ нэхъыфI, хьэмэрэ абы и уасэмкIэ и Iыхьлы и благъэхэм сэбэп яхуэхъумэ нэхъыфI?, — жаIэри. – И Iыхьлыр, и благъэр а мылъкум хуэныкъуэу щытмэ, ахэр япэ игъэщыпхъэу къызолъытэ, — жиIащ имамым. Ибн Муфлихь, «Iэл-Фуругь».

Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий رحمه الله жиIауэ къаIуэтэж: — «Хьэж сщIынущ, хьэж сщIынущ!, — жаIэ языныкъуэм. – Хьэж пщIащ, иджы уи Iыхьлы-благъэм якIэлъыIэбэ, гугъу ехь гуэрым и гугъуехьыр щхьэщых, гъунэгъум сэбэп хуэхъу!». Ахьмэд, «Iэз-Зухд».

ДауикI дэ ди псалъэм хиубыдэкъым и щхьэгъусэм е и Iыхьлы цIыхубзым мэхьрэму дэщIыгъуу, е ныбжь зиIэ адэ-анэм ядыщIыгъуу хьэжыщIым кIуэр е абыхэм ещхь щхьэусыгъуэ зиIэхэр. Ауэ пэжым дыхуеймэ, нэхъыбэу абы кIуэм апхуэдэ щхьэусыгъуэ яIэкъым.

Сытми мы Iуэхугъуэм дегупсысын хуейщ. Нэхъапэр япэ идгъэщыфу, псапэ нэхъыбэ къызыдэкIуэнур зэхэдгъэкIыфу дыщытын хуейщ. Алыхьым и арэзыныгъэр къэзылэжьыфын дищI дэтхэнэ зыри!