Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Си гур къабзэщ сэ…

24.08.2016
Еджауэ 2 745

ФIыщIэ Алыхьым худощI сыт иIысым теухуауи, ар тфIэфI теухуауи, тфIэмыфIым теухуауи, дигу ирихьым теухуауи иримыхьым теухуауи, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ ди хъер дыдэр зыхэлъыр зыщIэр Алыхь Закъуэращ.

ЖиIэр сыт Алыхьышхуэу дыкъэзыгъэщIам:

وَعَسَى أَنْ تَكْرَهُوا شَيْئًا وَهُوَ خَيْرٌ لَكُمْ وَعَسَى أَنْ تُحِبُّوا شَيْئًا وَهُوَ شَرٌّ لَكُمْ وَاللَّهُ يَعْلَمُ وَأَنْتُمْ لَا تَعْلَمُونَ

«Фэ фи жагъуэр фэркIэ фIыуэ, фэ фи щIасэр фэркIэ мыгъуэу къыщIидзыжынкIэ мэхъу, Алыхьым ещIэ, фэ фщIэкъым». (Бэкъэрэ, 216).

Псом нэхъапэр ди гур къабзэнращ, мурад дахэхэм дыкърахуэкIыу Алыхьым къыддищIэнращ. Апхуэдэ мурад дахэ дызэриIэр Алыхьым къыддищIэмэ, адэкIэ сыт къэхъуми къэхъунур дифI зыхэлъщ, ди хъер зыхэлъщ.

Ауэ мурад Iейхэм, мурад бзаджэхэм дыкърахуэкIмэ, дэ ди щхьэм къырикIуэр Алыхьым фIэфIу, фIы фIэкIаи Алыхьым тхуимыухын хуэдэу зэпкърытхыныр акъылыншагъэщ.

Уи гум Iей илъу дауэ Алыхьым фIы къузэригъэхъулIэнур? Уеблэмэ зыгуэр къохъулIэ хуэдэу къыпщыхъуами, ар уифIкъым, уи хъери абы хэлъкъым, атIэ уигъэбэлэрыгъыурэ уи гуэныхьыр нэхъыбэ зыщIын, уи гьэзабри нэхъ гуащIэ зыщIын фIыуэ аращ ар.

Мыбы къыхэтхын хуейращи: мурад дахэм, мурад къабзэм дыкъырихуэкIыу, сыт тщIэми «псапэ хъуащэрэт», «зыгуэрым сэбэп хуэхъуащэрэт» жытIэу ди гъащIэр тхьынращ.

Пэжщ, мурад дахэ уиIэ къудейкIэ Iуэхур дахэ мыхъункIэ хъунущ, «ФIы зигу илъу, ар къызэмыхъулIэу дапщэ щыIэ?!», — жиIащ Ибн Мэсгьуди رضي الله عنه-м.

Абы къикIыр, «сэ сигум фIыщ илъыр» жыпIэу, Iуэхум занщIэу упэрылъадэ зэрымыхъунуращ, атIэ а си гум фIы илъыр Алыхьым жиIам, къыригъэха диным техуэрэ, хьэмэрэ темыхуэрэ, жыпIэу узэупщIыжын зэрыхуейращ.

Куэд щыIэщ, я гум фIы илъ къудеймэ, ар Алыхьым фIэфI хъун хуейуэ къащыхъуу. Абы ипкъ иткIи, диным щымыщ куэд къыхалъхьэрэ, абыкIэ гьибадэт ялэжьу.

Нэмэзым и пэжыпIэ дыдэр ищIэтэкъыми, джабэм зыкъыригъэджэзэхыурэ нэмэз ищIт зыгуэрми, ар Алыхьым Iихащ, жаIэри хъыбар гуэр кърахьэкI. Ауэ пэжращи, Алыхьыр Езыр зыхуей нэмэз щIыкIэр къыригъэха нэужь, нэгъуэщI нэмэз щIыкIэ зыри щыIэжкъым икIи Iахынукъым.

Куэд щыIэщ, диным щыщ зыри ялэжьыну хуэмейуэ, ауэ «дэ ди гур къабзэщ, зыми дефыгъуэкъым, зыми зэран дыхуэхъукъым», жаIэурэ, абыкIэ я Iуэхур зэфIэкIын я гугъэу.

Абыи и жэуапыр аращ. Ди гум и къабзагъым игъусэу, ди IэпкълъэпкъкIи длэжьын хуейуэ Алыхьым ди диным Iуэхугъуэ куэд къыхигъэуващи, ахэр зэкъуэзычым и диныр зэкъуеч икIи зэкIэщIеч, дин ныкъуэкIи из пхуэщIынукъым уи тэрэзэр.

Къапщтэмэ, псалъэмакъыу щыIэр къызэрыкIыр мыпхуэдэ бгъэдыхьэкIэращ. Щхьэж езым зэрыфIэфIым хуэдэу дин жыг дахэм зы къудамэ къыхечри, ар жыг псом хуэдэу егъэпIий, а къудамэм къыдэмыфэми цIэ лейхэр яфIещ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэр къызэрыдублам деж догъэзэж. Абы и купщIэращи, нобэ тлъагъу тIэкIум, иджыпсту зэхэтх мащIэм тетщIыхьу унафэшхуэхэр тщIыжу дытIысыж хъунукъым  е абы ди пIэм дыкъришу дызыхущIегъуэжын длэжь хъунукъым.

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэу щытамэ, диныр къыщежьам и деж щиухынурэ ежьэжынут.

Сыт хуэдиз кърапэса а цIыху лъапIэм, сыт хуэдизи и щхьэ къырикIуа, ауэ и пIэ кърашыфакъым, и хьэлри зытрахуфакъым, ауан зэращIыжыфын гуэри цIыхум яригъэлъэгъуакъым.

Уэ пхуэмыфащэу цIыху акъыл ныкъуэм зыгуэр къыпхуигъэфэщамэ, фIей гуэри къыуипэсамэ, абы щхьэкIэ, пхузэфIэкIмэ, укъэмылыд, икIи укъытемылъадэ, икIи укъытемыхьэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы жиIэхэр уэракъым зыхуэгъэзар икIи зытеухуар.

Напэншэ, къыбжезыIэм, уэ лажьэ уимыIэмэ, уэракъым зи гугъу ищIыр. Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и цIэ дахэ «Мухьэммэдыр» жамыIэу, и лъэпкъэгъухэр «Музэммэм» жаIэурэ шхыдэу щытащ. «Къурейшым я шхыдэмрэ, я нэлатымрэ нэгъуэщIыпIэкIэ Алыхьым зэригъазэр вгъэщIагъуэкъэ?-, жиIэт عليه الصلاة والسلام-ым, — Музэммэм гуэрым хуошхыдэхэ, Музэммэм гуэрым нэлат ирах, ауэ (ар сэракъым), сэ сыМухьэммэдщ!». (Бухъарий).

Алыхьым сэбэп тхуищI нобэ зэхэтхар! Iейм Алыхьым дыщихъумэ, ауэ ди щхьэ къыримыкIуэнкIэ Iэмал зимыIэхэми дазэрыпэлъэщын Iиман къыдит. Гу къабзагъымрэ, псэ къабзагъымрэ ди гъуазэу Алыхьым дигъэпсэу!