Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Тэухьидыр псоми я лъабжьэщ

08.08.2016
Еджауэ 3 593

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Аллаху Тэгьала закъуэращи, ахэр ди Тхьэшхуэм худогъэфащэ, и цIэр лъагэу доIэт, хуэмыфащэ псоми хыдоIэтыкI.

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну, хъуэхъум я нэхъ дахэри къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, Мухьэммэд عليه الصلاة والسلام-ым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам Iэдэм عليه السلام-ыр къигъэщIщ, псэ хипщэри, Жэнэтыр тIысыпIэ хуищIащ, ауэ Алыхьым иухат ар мы щIым къехыну, дэри абы дыкъытехъукIыжынуи, Алыхьым иухам фIэкIакъым.

Къехащ Iэдэм عليه السلام-ыр мы щIым, ауэ и гур щигъэтIылъакъым абы мыбдеж, атIэ къызыбгъэдэкIа Алыхьышхуэм зэрыбгъэдыхьэжын, къызэрыкIа Жэнэт дахэм зэригъэзэжын Iэмал зэрихуэу и гъащIэр ихьащ.

Ихьащ и гъащIэр Алыхь Иным пыщIауэ, игури и псэри Абы и дежкIэ гъэзауэ, Абы къыхуимыщIэмэ зыми къызэрыхуимыщIэфынур хьэкъыу пхырыкIауэ, Абы и арэзыныгъэм зыри япэ ибгъэщ зэрымыхъунур фIэщхъуныгъэ быдэ хуэхъуауэ.

Тетащ а фIэщхъуныгъэ къабзэм, гьэкъидэ пэжым, тэухьидкIэ дызэджэм Iэдэм عليه السلام-ыр. Тетащ абы Iэдэм къытехъукIыжа и щIэблэри лъэхъэнипщIкIэ.

Ауэрэ зэманыр кIуатэурэ, цIыхухэри Алыхь хэIэтыкIам къыбгъэдэкIуэтурэ, щIым хэIуба гуэрым бгъэдэкIуатэу щIадзащ, я гупсысэр лъагапIэм нэмысыжыфу, я нэм къиубыд гуэрым я гугъэр пащIэу хуежьащ, хуэмурэ Алыхьым и пIэ нэгъуэщI гуэрхэр ирагъэувэу хъуахэщ.

Ауэ Алыхьу зи гущIэгъур иным и губжьыр занщIэу къатрикъутакъым цIыхухэм, атIэ зэрыщыуэхэр, зэрыгъуащэхэр къагуригъэIуэжыну, и закъуэныгъэри ягу къигъэкIыжыну лIыкIуэхэр къахуигъэкIуащ.

КъэкIуауэ хъуами я псалъафэу щытар мы аятым къеIуатэ:  

“وَمَا أَرْسَلْنَا مِنْ قَبْلِكَ مِنْ رَسُولٍ إِلَّا نُوحِي إِلَيْهِ أَنَّهُ لَا إِلَهَ إِلَّا أَنَا فَاعْبُدُونِ”.

«Дэ уяпэкIэ зы лIыкIуи нэдгъэкIуакъым, уэхьий ны­хуедмыгъэхыу: «Сэр нэмыщI, нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Сэ фыкъысхуэпщылI», — жытIэу». (Iэл-IэнбияI, 25).

Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэращ псоми лъабжьэ яхуэхъужыр. Зы псапи Алыхьым пIихынукъым, зы гуэныхьи къыпхуигъэгъунукъым а гъэзэкъуэныгъэр хьэкъыу пыпхырыкIамэ, абы и пхэнж ширкми укъыхэмыгъэкъэбзыкIамэ.

Уеблэмэ къурш абрагъуэхэм яхуэбгъадэ хъуну IуэхуфI блэжьми, Алыхьым ар зы щIыпIи хибжэнукъым, ар Абы и цIэкIэ умылэжьамэ, а блэжьар Абы къузэригъэхъулIари уи фIэщ мыхъуамэ, атIэ сабэ икъухьам хуэдэу мыхьэнэ имыIэу кIуэдыжынущ ахэр псори.

Уеблэмэ, бегъымбар пэтрэ и бегъымбарыгъэр зыкIи сэбэп къыхуэхъужынукъым Алыхьым гъусэ хуищIатэмэ. Арамэ, адрейхэр зыщыгугъыр сыт? ЖеIэ Тхьэшхуэм бегъымбархэм ятеухуауэ:

“وَلَوْ أَشْرَكُوا لَحَبِطَ عَنْهُمْ مَا كَانُوا يَعْمَلُونَ”

«Ширк ялэжьатэмэ, ялэжьауэ хъуар кIуэдыжынут». (Iэл-Iэнгьам, 88).

Ауэ Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэр цIыхум хьэкъыу пхыкIауэ щытмэ, гуэныхьхэр куэдкIэ нэхъ IэтыгъуафIэ хъунущ. Тхылъ бгъущIрэ бгъукIэ гуэныхьхэр зыхуатха цIыхур Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэмкIэ къызэрелар къэзыгъэлъагъуэ хьэдисыр абы щыхьэт тохъуэ. (Тирмизий, Ибн Маджэ).

Алыхьым и закъуэныгъэр къызэрыдгъэлъагъуэр «لا إله إلا الله» псалъэращ. А псалъэращ и купщIэр лIыкIуэхэр къыщIагъэкIуам, тхылъхэр къыщIрагъэхам. Аращ Жэнэтри Жэхьэнэмэри къыщIагъэщIыжар, цIыхухэри зи фIэщ хъурэ зи фIэщ мыхъурэ жиIэу зэхэзыдзыжри аращ.

Бегъымбархэм я гъащIэр а псалъэм къыхураджэу яхьамэ, щылIэжхэми ар уэсят къащIыжурэ лIэжахэщ. Ар къыхощ Ибрахьимрэ Егькъубрэ я хъыбарым. (Iэл-Бэкъэрэ, I32).

А псалъэр къабзэу зи гум илъахэращ, абы къикIым хуэфэщэжу дунейм тетахэращ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и шэфыхьэтым хиубыдэну гугъэ хъунухэр. (Бухъарий).

А гъэзэкъуэныгъэр нэхъыбэу цIыхум хэлъыхукIэ Алыхьым и гъэгъуныгъэри нэхъыбэу къылъыIэсынущ, зыри гъусэ хуимыщIыххэу и пащхьэ ихьэжмэ и гуэныхьхэр псори къыхуигъэгъунущ. (Ибн Iэл-Къэйим).

Алыхьращ псори къэзыгъэщIыр, псори зезыгъакIуэр, унафэ зыщIынуи хуитыр. Алыхьращ гузэвэгъуэр щхьэщызыхыр, гуфIэгъуэри къэзыхьыр. Алыхьращ псори зэлъэIуу зыми емылъэIужыр, псори зыхуэныкъуэу зыми хуэмыныкъуэжыр.

Арамэ, аращ гъэзэкъуэн хуейр. Абы и гъэзэкъуэныгъэми ныкъусаныгъэ гуэр хэзылъхьэнкIэ хъуну псоми я бжэр быдэу игъэбыдэу щытащ عليه الصلاة والسلام-ым.

«Алыхьым жиIамрэ (иухамрэ) уэри жыпIамрэ (быухамрэ)!», — жиIэу зыгуэрым зэхихат عليه الصلاة والسلام-ыми, «Алыхьым гуэгъу сыхуэпщIауэ ара?!», — жиIэри ешхыдащ. «АтIэ, Алыхьым и закъуэ жиIар (иухар) жыIэ», — жыриIащ.  (Муснэд Ахьмэд).

НэгъуэщI зы къакIуэу: — Мыпхуэдэ щIыпIэм деж махъшэ щызукIыжыну нузыр сщIащ, — щыжиIэм, — «Зэманыжьым щыIа тхьэнэпцIхэм ящыщ гуэрым абдеж щыхуэпщылIу щыта?», — жиIэри щIэупщIащ. – Хьэуэ, — щыжаIэм, — «Я гьидхэм щыщ гуэр щагъэгьиду щыта абдежым?», — жиIэри иджыри зэ щIэупщIащ, — Хьэуэ, — щыжаIэм, «Арамэ, уи нузырыр гъэзэщIэж, гуэныхь зыхэлъ нузырыр ягъэзэщIэжкъым», — жыриIащ абы —عليه الصلاة والسلام-ым. (Абу Дауд).

Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу Суннэм хэтщ. Абыхэм псоми къагъэлъагъуэр зыщ: ширкым и бжэр быдэу игъэбыдэну, абы бгъэдыхьэпIэу иIэр зэхуищIыну арат зыгъэгузавэр икIи къезыхуэкIыр عليه الصلاة والسلام-ыр.

Ари щIищIэжыр Алыхьым хуэмыфащэ ирамыпэсын, хуэфащэр хуагъэфэщэн щхьэкIэт, абы текIхэу цIыхухэм замыгъэунэхъужын, зэманыжьым щыIа бэлыхьым хэмыхуэжын папщIэт.

А гъэзэзэкъуэныгъэр ди гум илъу, ди бзэгуми телъу, ди IуэхущIафэри абы хуэфэщэжу икIи ещхьыжу Алыхьым дигъэпсэу, ахэр псори тхэлъу и пащхьэ дыришэж!