Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Бзэр псэлъэныр – нигьмэтышхуэщ! (08-05-2009)

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхум пщIэ къыхуищIу нэгъуэщI псэущхьэхэм зэрахигъэлъэпIыкIахэм ящыщщ: и бзэр псалъэу зэрищIар.

Псэущхьэ псоми бзэгу Алыхьым яритащ, ауэ псоми я бзэр къигъэпсэлъакъым, зи бзэ къигъэпсэлъахэми абы и фIыщIэ зыщIу яхэтыр мащIэщ. 

Диныр хьэлщэн защIэкIэ зэхэлъмэ, псэлъэкIэри абы щыщщ. ЦIыхум псэлъэкIэ дахэ зэхимылъхьауэ диныр дахэу хэлъу пхужыIэнукъым.

ПсэлъэкIэри дахэ щыхъужыр Iуэхум къезэгъыр къыщезэгъым и деж жыпIэнращ. Ар пхузэмыгъэзэхуэнумэ къэнэжыр уи бзэм ухуитыжу упсэунращ.

Нэхъыбэ дыдэуи нобэ дэ къыдэфыкI узхэм ящыщщ ди бзэгум дызэрыхуимытыжыр, къезэгъри къемызэгъри зэрыжытIэр.

Пэжми дыхуеймэ, цIыхур псэлъэреймэ абы узыщыгуфIыкIын зыри хэлъкъым, атIэ абы зыгуэр къигъэлъагъуэми къигъэлъагъуэр зэрыхьэлыншэрщ, и акъылыр зэрыныкъуэрщ, и динри зэрылъэныкъуабэрщ.

Хьэлыншэм къыпэплъэри наIуэ къещI ди лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: “Фэ фщыщу сэ нэхъыфI дыдэу слъагъури, Ахърэтми нэхъ гъунэгъу дыдэ къыщысхуэхъунури нэхъ хьэл дахэ зыхэлъхэращ. Фэ фщыщу нэхъ жагъуэ дыдэу слъагъури, Ахърэтым нэхъ жыжьэ дыдэ къыщысхуэхъунури нэхъ хьэл Iей зыхэлъхэращ; псэлъэрилэхэр (псэлъэрейхэр),  жьэшхуэ зэщIэзыххэр, жьэ утIыпща зиIэхэр“.  (Ахьмэд, Ибн Хьиббан, Ибн Iэби Шейбэ, Тирмизий, нэгъуэщIхэми. Хьэдисыр пэжщ).

Имам Iэн-Нэуэуий, Алыхьыр рэхьмэткIэ зыхуэупсэным, етх: “Мыр зыгурыгъаIуэ: балигъыпIэ иувауэ, акъыл зэтет зиIэ цIыхум и бзэгур сыт хуэдэ псалъэми щихъумэн хуейщ, фIы къызэришэнур нэрылъагъуу щыт псалъэм къищынэмыщIа. Къыупсэлъыну псалъэм гуэныхь зыри хэмылъ пэтрэ, ар жыпIэми жумыIэми хъейр хэлъыр зэхуэдэу щыщытым деж: Суннэм укъызыхуриджэр умыпсэлъэнращ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуэныхь зыхэмылъ псалъэм хьэрэмым е мэкрухым ухуишэнкIэ мэхъу, ар куэдри къохъу, зыхуэсакъыжа хуэди щыIэкъым”. (Рияд ащ-Щалихьин, 391нап.).

Ныкъусаныгъэ гуэр зыбгъэдэмылъ цIыху гъуэтыгъуейщ, ауэ зи ныкъусаныгъэр къэщIэгъуей щыIэщ, псэлъэрейм апхуэдэ насып иIэкъым, абы и дагъуэхэр псори утыкум илъщ.

Псэлъэрейми нэгъуэщIым псалъэ езытыф, нэгъуэщIыр щыпсалъэм деж едэIуэф щыIэщ. Ауэ зыми псэлъапIэ езымыт, къэувыIэжыкIи зымыщIэ щыIэщи, мис ар куэдкIэ нэхъыкIэщ.

ЗызыщIэжым и насыпщ, ауэ куэд щыIэщ зыри жамыIэу цIыхухэр къызэредаIуэм папщIэ, жиIэхэр ягу ирихь къыщыхъужу нэхъри ирихьэжьэ. ЦIыхухэр къодэIуэну ухуеймэ, уэри дэIуэкIэ зегъасэ.

Махуэр Iуэхуншэу щыкIуэм и деж нэхъри уозэш, жаIэ цIыхухэм, абы ещхьщ даIуэмрэ псалъэмрэ я Iуэхур. ЦIыхур езыр щыпсалъэкIэ куэдрэ езэшкъым, ауэ едаIуэр нэхъ щIэх йозэш, мис ар зэикI уигу ибгъэху хъунукъым ущыпсалъэкIэ.

ПсэлъэкIэ ищIэкъым зи щхьэ щытхъужым, ищIа-илэжьахэмкIэ зызыгъэщIагъуэу щысым.

Уи щхьэ ущытхъужым хуэдэщ уи быным, е уи щхьэгъусэм, е уи Iыхьлыхэм уащыщытхъум деж. Ахэр къекIукъым.

ПсэлъэкIэ ищIэкъым: жиIэ псалъэм кърикIуэнум емыгупсысу псалъэм. И бзэм текIуэдэжащ зыхужаIэри апхуэдэрщ.

Уджалэмэ укъэтэджыжыфынщ, ауэ уи бзэр джатэм хуэдэу бгъэдалъэмэ абы иужькIэ къэтэдж жыхуаIэр умылъагъужынкIэ хъунущ.

Уеблэмэ дунеягъэм имызакъуэу, АхърэткIи цIыхур къэмытэджыжыфыну зыщIыпIэ щыхункIэ хъунущ.

ЖеIэ л1ык1уэ лъап1эм, гьэлейхищщэлату уэссэламым: “ЦIыхум къыфIэмыIуэхуу Алыхьыр къэзыгъэгубжьын псалъэ жеIэри, абы и зэранкIэ Жэхьэнэмэм хоукIурие“. (Бухъарий).

Зыгуэрым зэрыжиIауэ: “Алыхь Талэм тхьэкIумитI къуиту зы жьэ къущIитар, нэхъыбэрэ удаIуэу, нэхъ мащIэрэ упсэлъэн щхьэкIэщи”, дымыгупсысауэ дывмыгъэпсалъэ, дыпсалъэ хъуми кIэщI зыдвгъэщI.

Зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, ди бзэгум и зэрани Алыхьым къыдимыгъэкIыж. Зи бзэгум теунахъуэ щыIэми, дэ зи бзэгукIэ ехъулIэныгъэ къэзылэжьынухэм ящыщ Алыхьым дищI!

ЕтIуанэ хъутIбэ

Муслъымэн жэмыхьэт! Зы цIыху Iущ гуэрым жиIащ: «Уи бзэгур IэпцIанэ-лъэпцIанэщи, абы къытекIуэм ар зэрыхуейм хуэдэу къегъэсэбэп».

Уи акъылыр текIуэмэ акъыл зыхэлъ къыбжьэдэкIынущ, уи бзэгуми и зэран къокIыжынукъым, ауэ уи губжьыр е уи щхьэзыфIэфIыныгъэр уи бзэгум тепщэ яхуэхъумэ, ар уэ ууеижкъым, атIэ уи бийм хуэлажьэу щIидзауэращи, насыпыншагъэм зыхуэгъэхьэзыр.

Иужь дыдэм Iэл-Мауэрдий щIэныгъэлIым и псалъэхэм дыкъеджэжынщ. Етх абы:

УщыпсалъэкIэ ущыуэну, ныкъусаныгъэ гуэри пIэщIэкIыну ухуэмеймэ мыхэр зыхэлъхьэ:

Япэрауэ, щхьэусыгъуэ бэлыхь щымыIэу умыпсалъэ. Щхьэусыгъуэри ар: уи псалъэм хъейр гуэр къыпхуихьыну е Iей гуэрым ущихъумэну щыщытым дежщ.

ЕтIуанэрауэ, къыщезэгъым деж фIэкIа умыпсалъэ.

Ещанэрауэ, уи Iуэхур зэфIэзыгъэкIынум хуэдиз фIэкIа жумыIэ.

ЕплIанэрауэ, къэбгъэсэбэпыну псалъэхэр ухуэсакъыурэ къыхэх; узэпсалъэ цIыхуми, уздэпсалъэ щIыпIэми, ущыпсалъэ зэманми къезэгъын хуэдэу.

Мис ахэр чэнджэщыфIщи абы щIэдэIуфын, ахэр зэхэзылъхьэфын, зэхилъхьами дунейкIи АхърэткIи щыгуфIыкIыжын Алыхьым дищI!