Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Умылъэгъуа хуэдэу зыпщIыныр

Аллаху Тэгьала хэIэтыкIам, зи пщIэр лъагэу Iэтам, псори къэзыгъэщIыжам, псори зэкIуэлIэжынум, псори зэлъытэжам фIыщIэ мыухыжыр хуэфащэщ! Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, къигъэкIуам ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Дуней гъащIэр зэхущытыкIэ защIэу зэхэлъщ. Уэр нэхърэ нэхъыжьым узэрыхущытын, уэр нэхърэ нэхъыщIэм узэрыхущытын, уи ныбжьэгъухэм уазэрыхущытын. Абыхэм дэтхэнэ зыми хущытыкIэ гуэр яIэжщи, ар къызыгурыIуэр тыншу мэпсэу.

МыдэкIэ, хэт убгъэдэмытами, мащIэми куэдми зыгуэр зыдэбгъуэ мыхъун цIыху мы дунейм теткъым. Уэри езыр убегъымбаркъым. ЦIыхум дэбгъуэу хъуам теухуауи уныкъуакъуэкIэ зыри къикIкъым. Арамэ, къэнэжыр а дагъуэр щымыIэххэ хуэдэу къызыщэбгъэхъуу тыншу упсэунращ, модрейри бгъэпсэунращ. Абы нэхъыфI зыри щыIэкъым.

Хьэлщэным я нэхъ дахэ дыдэхэм щыщу ябж: зыгуэр Iуэхум зэрыщыIэр пщIэуэ, ауэ ар щымыIэ хуэдэу зыпщIыфыныр.

Мыбы нэхъыбэу дэ къедгъэубыдыр уэ уи щхьэ Iуэхуу щытхэращ, уэ уи хьэкъхэращ, Iуэху цIыкIу щхьэкIи Iуэху ин щхьэкIи умыныкъуэкъуэнращ. Ауэ Алыхьым и хьэкъхэм теухуауэ цIыхум зыгуэр дэплъагъумэ е дэпщIэмэ, абы и бгъэдыхьэкIэр нэгъуэщIщ.

НэгъуэщIщ, ауэ цIыхум я нэхъыбэр зыгуэркIэ ныкъуакъуэ хъумэ щIэныкъуакъуэр Алыхьым и хьэкъракъым, атIэ езыхэм я хьэкъращ.

ЦIыху дапщэ щыIэ, динри зэрихьэ хуэдэу, уеблэмэ, динкIэ къулыкъу гуэри иIыгъынк1э хъуну, ауэ адрей цIыхухэм диныр зэрызэрахьэм, гуэныхьу ялэжьым теухуауэ и напIэ мыхъеину, ауэ езым и щхьэ Iуэху теухуауэ, зэрыс шэнтым ехьэлIауэ зыгуэр ныкъуакъуэу къищIэмэ – уафэм дэкIуейуэ къехыжыну!

Ауэ Алыхьым и хьэкъым нэхъапэ зэрыщымыIэр зыщIэ муслъымэн пэжым и гупсысэкIэр нэгъуэщIщ. Абы езым и щхьэ теухуауэ сыт къыщыщIми, сыт къырапэсми, сыт хуэдэ лей къылъысми ишэчыфынущ, ауэ диным, Алыхьым, Бегъымбарым теухуауэ хуэшэчынукъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Псалъэр къызэредгъэжьам и деж догъэзэжри, уи щхьэ теухуауэ зыгуэрхэр умылъагъу хуэдэу зыпщIыныр – цIыху хэIэтыкIахэращ, щхьэрэ-пщIэрэ зиIэхэращ зи хьэлыр.

Мыдрей уэрамым къыщыхъуахэм ящIэкъым ар зиIысыр. Ахэр сыт хуэдэ Iуэху мыхьэнэншэ щхьэкIи къоныкъуэкъуфынущ, Iэмбатэ зэрымытым Iэтэ ирагъэувэфынущ.

Апхуэдэу зэрыныкъуэкъуэфыр, зы псалъэм псалъищ къызрыпидзыжыфыр губзыгъагъэм хэзыбжэ щыIэщ, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, мы дунейм зы делагъэ щыIэмэ, а хьэлыр етIуанэщ.

Апхуэдэ хьэл зыхэлъым и унэ кIуэцIыр жэхьэнэмэ кIуэцI пэлъытэщ. Сыт хуэдэ мыхьэнэншэ теухуауи абы исхэр зоныкъуэкъу: лIыр фызым, фызыр лIым, адэ-анэр быным, бынри адэ-анэм йоныкъуэкъу.   

«Мыр мыбдеж щхьэ щылъ? Мор мобдежым щхьэ телъ? Мыр щхьэ фIей? Мыр щхьэ пщтыр? Мыр щхьэ щIыIэ? Мыр щхьэ Iуха? Мыр щхьэ хуэщIа? Мыр щхьэ щыт? Мыр щхьэ щыс?…». ЦIыхухъу куэдым лIыгъэмрэ, губзыгъагъэмрэ хабжэ мы упщIэхэр.

«Сыт абы къибгъэкIар? Хэт телефонкIэ къыпхуэзыщIар? Хэт къыпхуэзытхар? Сыт укъыщIэгувар? Дэнэ ущышхар? Хэт уздэшхар?…». ЦIыхубз куэдым ахэращ упщIэу мы дунейм тету ящIэр.

КIэух яIэкъым а упщIэ мыхьэншэхэм. ЕмыкIущ абыхэмкIэ укъацIыхуныр икIи насысыпыншагъэщ уи зэман лъапIэр абыхэмкIэ бгъэкIуэдыныр. А упщIэхэмкIэ ерыщым Iуэхум и хэкIыпIэ къилъыхъуэкъым, атIэ къилъыхъуэр псалъэмакъщ.

ХэкIыпIэ къэзылъыхъуэм и нэр зыгуэрхэм хуеуфIыцI, зыгуэрхэри зэхимыха хуэдэу зещI, зыгуэрхэри къыгурымыIуа хуэдэу зещI. Аращ акъылри, аращ диныр зыхуейри.

Зи гугъу тщIы хьэл дахэр ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и хьэлу щытащ. КъурIэн лъапIэми абы щыщ гуэр къыхощ. Уеблэмэ езы Алыхь Талэри къызэрыддекIуэкIыр апхуэдэущ. Дэ къэдлэжьу хъуар Алыхьым къыдищIэу щытамэ, мы дунейм цIыху тетыжынутэкъым.

МыдэкIэ цIыхуфIхэми я хъыбархэм мы хьэл дахэр куэду къыхощри, фIы дылъыхъуэмэ, ахэращ щапхъэри, абыхэм щапхъэ ятедвгъэх! Зи мурадыр фIым Алыхьыр и Телъхьэщи, дэ абыхэм ящыщ дырехъу!