Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ФIым щыгугъыр фIым хуозэ!

Алыхьу дыкъэзыгъэщIам, Ислъам динми ди гур къыхузэIузыхам фIыщIэ худощI, и закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ. Диным къигъэув къалэнхэр убзыхуауэ ди пащхьэ къизылъхьэжа Мухьэммэд лъапIэми и бегъымбарыгъэм щыхьэт дытохъуэ, Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэнуи, сэламым я нэхъ гуапэри къырихыну дыхуолъаIуэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ГупсысэкIэ, псэлъэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ, цIыху хэтыкIэ… сыт теухуауи муслъымэн цIыхум щапхъэм я нэхъыфIу иIэр Бегъымбар лъапIэращ صلى الله عليه وسلم-эр. Абы нэхъ щапхъэфI зэрыдмыгъуэтынури ди Тхьэшхуэм КъурIэн лъапIэкIэ къыджиIащ.

Арамэ, нобэрей хъутIбэмкIэ, Алыхьыр ди дэIэпыкъуэгъуу, къэдгъэлъэгъуэнщ абыхэм ящыщ зы.

Имам Бухъарий и тхылъми, имам Муслим и тхылъми ярытщ Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къиIуэтэжа мы хьэдисыр. ЖиIащ عليه الصلاة والسلام-ым: «Сэ сфIэфIщ фIым Iуэхур хуэхьыныр, фIыкIэ гугъэныр; псалъэ гуапэ зэхэсхыныр».  

ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и щхьэм гузэвэгъуэу къырикIуам дыщыгъуазэщ псори: Мэккэ иджыри дэсу лейуэ къытехьар, уеблэмэ, къыщалъхуа щIыпIэм дэмысыжыфу и щхьэр абы къызэрыдихар, и Iэщхьабхэм щыщ куэди зэрыщIилъхьэжар, и бынхэм я нэхъыбэми я жэназым зэрыхэтар, ауэ итIани и гугъэр фIэкIуэдакъым, и гурэ-ищхьэри зэбгъэжакъым, атIэ фIыкIэ гугъэу, фIым щыгугъыу и гъащIэр ихьащ.

Уеблэмэ, зауэ IэнатIэм щыIутым дежи а хьэлыр далъагъуу щытащ عليه الصلاة والسلام-ым. Хьудейбийем щыгъуэ муслъымэнхэм къепсэлъэну Сухейл ибн Гьэмр къыщагъэкIуам, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم занщIэу жиIауэ щытащ: «Фи Iуэхур нэхъ тынш хъуащ!». Ар къызыхихар, лIы къэкIуам и цIэрат; Сухейл цIэм тыншыгъуэ мыхьэнэр къыхощ. (Бухъарий).

Нэхъыбэ дыдэу и жагъуэ къыщащIам щыгъуи IэщIэхуакъым а бгъэдыхьэкIэ дахэр عليه الصلاة والسلام-ым. ТIаIиф къыщикIыжам щыгъуэ и жагъуэ къэзыщIахэм, езыр хуеймэ, гьэзабыр тралъхьэну къыщыбгъэдалъхьэм: «Хьэуэ, сэ согугъэ (мыхэр апхуэдэу щытми) мыбыхэм я кIуэцIым Алыхьым къабзэу, Iыхьэгъу хуамыщIу хуэлэжьэн къыригъэкIыну!». (Муслим).

Дэри, Алыхьым жиIэмэ, аращ дызэрыгугъэр ди лъэпкъэгъухэм теухуауэ. Алыхьым хузэфIэмыкIын зыри щыIэкъым, абы шэч гуэри къытепхьэ хъунукъым.

ИкIи абы щыхьэт техъуэ куэд дигъэлъэгъуащ ди Тхьэшхуэм. Зы илъэс тIощI ипэ хэт игугъэнт диным мыпхуэдэу зиубгъуну, мыпхуэдиз цIыхуми динымкIэ зыкъагъэзэжыну?!

Пэжщ, зыкъэзыгъэзэжахэми, щхьэж езыр къызэрыхъуам, зэресам теухуауэ, проблемэхэри къыздахьащ, ауэ абы фIэкIыпIэ иIэкъым, сыт хуэдэ Iуэхуми апхуэдэ зыгуэрурэщ зызэриужьыр.

Гуныкъуэгъэ къыдэзыт зэрыщыIэм папщIэ ди Iэр еддзыхыжу, ди щхьэрэ дигурэ зэбгъэжу дытIысыж хъунукъым, атIэ нэхъыфIкIэ дыгугъэу, ди гур фIым щыгугъыу дыщытын хуейщ.

Апхуэдэу дыщытмэщ ди Iуэхури нэхъыфI щыхъунур. ЩыжеIэ عليه الصلاة والسلام-ым хьэдис къудсийм: «Алыхьу Ину Лъагэм жиIащ: Сэ си пщылIыр къызэрысщыгугъым хуэдэу сыкъыхущIидзынущ: фIыкIэ къысщыгугъмэ – фIы игъуэтынущ, IейкIэмэ Iей игъуэтынущ». (Муснэд Ахьмэд).

Апхуэдэу дыщытмэщ зыгуэри нэхъ щытхуэщIэнур, къаруи къыщытхыхьэнур. Къару зыхэлъ, зэфIэкI нэхъ зыбгъэдэлъ муслъымэнри Алыхьым куэдкIэ нэхъыфIу елъагъу мыдрей къарууншэ, мыхьэнэншэм нэхърэ!

Алыхьым нэхъыфIкIэ дыщогугъри, нэхъыфIкIэ ди Iуэхур къызэридзэкI! Я-Алыхьыр ди насыпыр тегъакIуэ, ди Iуэхури егъэфIакIуэ, къэхъуми хъейр къытхудэгъакIуэ!