Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Рэмэдан нэужьым

05.08.2015
Еджауэ 1 989

ФIыщIэри щытхъури Алыхьым ейщ, зи къарумкIэ цIыхур къэзыгъэщIам, и даIуэныгъэмкIэ зыхуейм хуэупсэм, и IущыгъэмкIэ зыхуейр утыкум къизынэм. ХэIэтыкIащ Алыхьышхуэу зыми хуэмыныкъуэр; хуэпщылIми Абы зыри хуищIэфынукъым, хуэмыпщылIми Абы зыри ирищIэфынукъым.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауи абы Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ цIыхум я нэхъыфI Мухьэммэдыр абы и пщылIу икIи и лIыкIуэу зэрыщытым. Алыхьым и нэфI къыщыхуэ, и сэламри къырих абы езыми, и гъуса махуэхэми, и лъагъуэ ирикIуэхэми.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьышхуэм дыщывгъэшыни и даIуэныгъэм сыт щыгъуи дыхэвгъэт, имыда Iуэхугъуэхэр сыт щыгъуи IудвгъэгъэкIуэт. ЕхъулIащ тхьэшынагъэр зи гъуазэр, унэхъуащ и псэм фIэфIым зыдэзыгъазэр!  

Алыхьым къытхуищIэ фIыгъуэ бжыгъэншэхэр ди нэгум зэпымычу щIырет, ахэр тIэщIахыжыну дыхуэмеймэ и фIыщIэ дывгъэщI! ФIыщIэ зыщIым иIэр нэхъыбэ мэхъу, зымыщIым иIэр берычэтыншэ мэхъу, ахърэтми гьэзаб гуащIэр къыщыпоплъэ.

Аллаху Тэгьалам аращ жиIэр:  

” وَإِذْ تَأَذَّنَ رَبُّكُمْ لَئِنْ شَكَرْتُمْ لَأَزِيدَنَّكُمْ وَلَئِنْ كَفَرْتُمْ إِنَّ عَذَابِي لَشَدِيدٌ”.

«Фи Тхьэм хъыбар фегъащIэ: фIыщIэ фщIымэ – нэхъыбэжу фхуэсщIэнущ, фымыщIрэ – си гьэзабыр гуащIэнущ». (Ибрахьим, 7).

ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, фIыщIэ Алыхьым хуэтщIмэ, ди щхьэ фIыщIэ хуэтщIыжу аращ, Алыхьыр абы хуэныкъуэкъым, дымыщIми фIыщIэ, ди щхьэ зэран дыхуэхъужу аращ, Алыхьым абы щхьэкIэ зыри хэщIынукъым. 

Хьэдис-къудсийми щыжеIэ Алыхьышхуэм: «Си пщылIхэ! Мыхэр фэращ зи IуэхущIафэр, сэ ахэр фхузобж, иужькIэ фи пащхьэ нислъхьэжыну. Аращи, фIы зыгъуэтыжым абы и фIыщIэ ирещI, нэгъуэщI гуэр зыгъуэтыжым и щхьэ фIэкIа нэгъуэщI зыгуэр иремыгъэкъуэншэж!». (Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди щIыбагъым къыдэднащ иджыри зы нэщI мазэ. Куэдым къехъулIащ ар екIуу ирахьэкIыну, я махуэхэри я жэщхэри Алыхьышхуэр зэрыхуейм хуэдэу ягъэкIуэну. Иджы я насыпщ абыхэм, щIемыгъуэжу я илъэсыр апхуэдэу ягъэкIуэфмэ, гуэныхькIэ замыуфIеижмэ.

ШыIэныгъэ зыхэплъхьэу Алыхьым уедаIуэу упсэуныр, шыIэныгъэ зыхэплъхьэу Алыхьым имыдахэм уакъыпекIуэкIыныр хэт зи хьэлыр жыпIэмэ, муслъымэн пэжым и хьэлщ.

Алыхьым фIыуэ илъагъум укъыхэкIыу фIыуэ имылъагъум ухэмыхьэ, уэ пфIэмыфI гуэр Алыхьым уигъэлъэгъуну ухуэмеймэ!

IейкIэ зомыхъуэж, уи Iуэхур IейкIэ ихъуэжыну Алыхьым ухуэмеймэ!

А псом хэту укъихъумэну, и едэIуэныгъэр къыбдигъэпсынщIэну, уи щхьэм укъыхуимыгъэнэжыну, уи къарумрэ, уэ зэфIэкIымрэ уащимыгъэгугъыжыну Алыхьым елъэIу!

Муслъымэным и Iуэхур нэхъыфI дыдэу икIи нэхъ дахэ дыдэу щыщытыр дапщэщ? — жыпIэмэ, — псапэ къихьмэ, а псапэм иджыри псапэ кIэлъилэжьыжу, зы дахэм дахэ щIигъужу, псапитIым я зэхуаку гуэныхь димылэжьыхьу щыпсэум дежщ.

Абы къыкIэлъыкIуэр сыт?- жыпIэмэ, — гуэныхь къыIэщIэщIамэ, абы иужькIэ кIэщIу псапэ илэжьыжу, гуэныхьыр абы иригъэлъэщIыжу псэунырщ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Дэнэ ущыIэми Алыхьым щышынэ! Гуэныхьми псапэ кIэлъылэжьыжи, ар илъэщIыжынщ! ЦIыхухэми хьэл дахэкIэ ядекIуэкI!». (Тирмизий).

Нэхъ Iей дыдэу сыт хуэдэу муслъымэныр зэрыщытыфынур? – жыпIэмэ, — гуэныхьым гуэныхь кIэлъилэжьу, «сыджэламэ сыщырелъ!» жиIэу и гъащIэр ирихьэкIынращ. Ар насыпыншагъэ дыдэщ!

Пэжращи, Рэмэданыр иуха щхьэкIэ, илъэс псори зыгуэркIэ Рэмэданым ещхьщ. НэщI жыпIэмэ, нэщI IыгъыкIэ Iэджи илъэс хъурейм хэтщ, Алыхьыр фIыуэ зэрыплъагъур, жыIэдаIуэу Абы узэрыбгъэдэтыр къырибгъэлъэгъуэну, Абы и псапэр къыриблэжьэну, и гущIэгъури зылъыбгъэсыну! АткIэ, нэмэзым и Iуэхури аращ, нэгъуэщI IуэхуфIхэри аращ.

Арамэ, уи гъащIэр псори Рэмэданым ещхьу щырет: уи Тхьэм къабзэу убгъэдэту, Тхьэм къигъэщIахэми гуапэу уахущыту!

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам, и нэIэ къыттетуи илъэс къакIуэр ирыдигъэхьэкI, Iуэхум я нэхъыфI дыдэм дыхэтуи и пащхьэ дыришэж!