Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ПсапэкIэ дыкъызэдэвгъажэ!

ФIыщIэри щытхъури ейщ Алыхь Талэу зы щIыхьыр лъагэм, зи гущIэгъур иным, зи Iущыгъэр гъунапкъэншэм, зи ухыныгъэм фIэкIыпIэ имыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм.

Щыхьэт дытохъуэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIам я кIэухыу ар зэрыщытым, абы къихьа динми дин псори зэриIэтыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманым я нэхъ лъапIэм дыхэтщ, ахърэтым егупсысхэм я нэ къызыхуикIыу щытар я Iэ къихуащ. Иджы къыддищIэн хуейщ ди Тхьэшхуэм жытIэмрэ тщIэмрэ зэрызэтехуэр, дыхъуапсэ къудей мыхъуу абы IуэхуфIхэри къызэрыкIэлъыкIуэр.

Дыхэтщ мэжджытхэр къыщынэху мазэм, Тхьэшхуэр куэдрэ щаIэтым, дугьэ куэду щащIым, зикр куэду щыжаIэм, КъурIэныр куэду щаджым, нэмэзи куэду щащIым.

УзыгъэгуфIэн икIи узыгъэгушэн защIэщ мы мазэр, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи,  ди зэхэтыкIэм, адэкIэ муслъымэн щIыналъэхэм къыщекIуэкIхэм нэхум кIыфIыгъэ хадзэ, къабзэм фIеягъэ халъхьэ.

Сытым ещхь муслъымэнхэм иджыпсту я зэхэтыкIэ хъуар?! Хьэнэф хьэнэф и пщыжу, зи щхьэ и унафэ зыхуэмыщIыжым, жылэм я унафэ ищIу, жызум мыхъу ипэ чыщмыщ хъухэу, зыри зыхуэмыщIэхэр зыгуэр зыщIэхэм хуэпсалъэхэу….

Диныр я бзэгум телъу, ауэ я гум имылъу, шхэгъуэм деж псори бгъуэту, Iуэху щIэгъуэм деж зыри умыгъуэтыжу, уи Iуэхур щыфIым деж жеипIэ къуамыту, Iуэхур щыхьэлъэм и деж улъыхъуэми къыпхуэмыубыдыжу, я бзэгум хуимытыжхэу.

Къемэт махуэм цIыхум нэхъыфI дыдэу илъагъуу щыта цIыхум зы псапэ закъуэ иритыфынукъым, апхуэдизкIэ къекIуэкIым игъэгужьеинущи, уеблэмэ къелъэIур и адэ-анэрами, къелъэIур и бынрами. Ауэ нобэ, фIыуэ тлъагъур къэгъэнауэ, тлъагъу мыхъухэм дахуоупсэ ди псапэхэмкIэ – дахуэпсалъэурэ, ди бзэгум дыхуимытыжурэ!

Ауэ Алыхьым и шыкуркIэ муслъымэн дыдэхэри щыIэщ, цIыхуфIхэри ди мащIэкъым, цIыху пэжхэри ди куэдщи, Алыхьым иригъэфIакIуэхэ, абыхэм яхуэмыдэхэри Алыхьым иузэщIхэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдэ мазэ лъапIэ гъащIэм щIыхэтым и зы щхьэгъусэхэм ящыщщ: ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ къыхилъхьэну, ди гуэныхьхэм закъыхэдгъэкъэбзыкIыну, ди зэхэтыкIэм дыригъэгупсысыжыну….! Армырамэ, ди ныбэр зэрыдгъэныкъуам нэхъыбэ къыхэмыкIауэ икIынущ мазэр. 

Аллаху Тэгьалам мы мазэ лъапIэр къыдитащ псори псапэкIэ дыкъэзэдэжэн папщIэ. Мы мазэр яритакъым Алыхьым къулейхэм, яритакъым къулейсызхэми, атIэ псоми я зэхуэдэ ищIащ, псоми псапэ къыщахьыфынущ, псоми мыбыкIэ Жэнэт лъапIэр къалэжьыфынущ.

Къулейм къырехь псапэ нэхъыбэу и мылъкумкIэ, хырегъэкI сэджыт, ирет сэдэкъэ. Абы иIэр зимыIэм кърехь псапэ КъурIэн лъапIэмкIэ, зикркIэ, дугьэкIэ, псалъэ гуапэкIэ.

Мы мазэ лъапIэм нэхъ дахэ дыдэу хэтхэм щыщщ: зыр зым гущIэгъу хуэщIын хьэлыр куэдым къазэрыдэушыр, куэдым я гур нэхъ щабэ зэрыхъур, я щхьэ Iуэхум зыхаIэтыкIыу, нэгъуэщIхэм я Iуэху зэрахуэфу зэрыхъур. Абы нэсыфыр и нэфсми текIуэжыфынущ, абы и пагагъыр къикъутэфынущ.

Зи нэфсым текIуэжыфми мы дунеижьыр аргъуей къудамэм пищIынукъым, мылъку щхьэкIи и напэ зытрихыжынукъым, щIыхь нэпцI щхьэкIи лъэбакъуэ пхуичынукъым.  

ИщхьэкIэ щыжытIар псори къызэщIиубыдэжу жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым: «Жэнэтым унэхэр итщ и кIуэцIым ущIэту и щIыбыр плъагъуу, щIыбым удэту и кIуэцIыр плъагъуу!». –Хэт ахэр зыхуагъэфэщэнур уэ, Алыхьым и лIыкIуэ!, — жаIэу щэхьабэхэр занщIэу щыщIэупщIэм, — «Щабэу псалъэм, тхьэмыщкIэр зыгъашхэм,нэхъыбэрэ нэщI зыIыгъым, цIыхухэр щыжейкIэ нэмэз зыщIым!», — жиIащ صلى الله عليه وسلم . (Ахьмэд, Тирмизий).

Алыхьым ящыщ дищI а унэхэр зыхуагъэфэщэнухэм! Мы мазэ лъапIэм и хъейр тлъагъуну, ди хъейри илъагъуну Алыхьым насып тхуищI. Ди гуэныхьхэр къытхуэгъуауэ, Жэхьэнэмэми дыкъыIэщIахауэ, Жэнэтри къытхуагъэфэщауэ Алыхьым мазэр ирыдигъэх!