Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ГукъэкI дахэмрэ, гукъэкI Iеймрэ

Алыхь Закъуэращ щытхъури фIыщIэри нэгъэсауэ зыхуэфащэри, ахэр Абы худогъэфащэ. Аращ псори къэзыгъэщIар, Абы и дежщ псори зэкIуэлIэжынур, Абы и унафэми хэIэбэфын щыIэкъым.

А Зыращ узыфIэлIыкIыпэ хъунур, къигъэщIахэракъым. Псом хуэмыдэжу уащIыфIэлIыкIын щыIэкъым Абы Езым фIэмылIыкIыж цIыху икIэхэм. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди зэхущытыкIэ, ди зэхэтыкIэ теухуауэ къапщтэмэ, узыгъэгуфIэн икIи узыгъэгушхуэн куэд плъагъунущ, ауэ ущIэукIытэни щымыIэу пхужыIэнукъым. 

Шэч хэмылъу, муслъымэнхэм я Iуэхур нобэ щIэмыхъур икIи щIэмыкIуатэр куэдым и деж езы муслъымэнхэм ялэжьэжу,  езыхэми къабгъэдэкIыжу. 

Ди зэхущытыкIэр КъурIэным къызэрыкIуэм, Суннэми къызэрыхэщым хуэдэу гъэпсауэ щытамэ — дэ зыри зэран къытхуэхъуфынутэкъым, ауэ дыхуэфэщэжкъым ди динми, псори зэран къытхуохъу, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, зэран къытхуэхъуу къытщохъу. 

зэлэжьыжын, зыгъэкъэбзэжын, зыузэхужын зэрыхуейр къызыгурыIуэхэращ ди псалъэр зыхуэгъэзари: ди зэхущытыкIэр Алыхьыр зыхуей зэхущытыкIэм хуэкIуэну дыхуеймэ абы и Iэмалхэм ящыщщ: зыр зым гукъэкI дахэ худиIэныр, тлъагъур е зэхэтхыр Iэмал иIэххэмэ фIым хуэтхьыныр. 

Iуэхур нэхъыфIым хуахьыфын пэтрэ, нэхъ Iейм зэрыхуахьам папщIэ сыт хуэдиз зэныбжьэгъу зэфIэкIуэдыжа, сыт хуэдиз зэгъунэгъуи зэщыхьэжа, уеблэмэ, сыт хуэдиз къэрали зэпэщIэувэжа?! 

Апхуэдизыр Iуэхум кърамыхыу, нэхъ тыншу Iуэхум бгъэдыхьахэтэмэ, Iуэхур, Iэмал иIэххэмэ, нэхъыфIми хуахьатэмэ – зэщыхьэжи, зэфIэнэжи, зэзэуэжи къэхъунутэкъым… 

Аллаху Тэгьалам унафэ къытхуищIу зыкъытхуегъазэ:

يَٰٓأَيُّهَا ٱلَّذِينَ ءَامَنُواْ ٱجۡتَنِبُواْ كَثِيرٗا مِّنَ ٱلظَّنِّ إِنَّ بَعۡضَ ٱلظَّنِّ إِثۡمٞۖ

«Уэ Iиман къэзыхьахэ! Гурыщхъуэм щыщ куэдым зыщывдзей. Гурыщхъуэм гуэныхь къыщыхэкI щыIэщ».  (Iэл-Хьуджурат, 12). 

Езы Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم –эм мыбы дыщигъэшынэу жеIэ: «Гурыщхъуэм фыщышынэ, абы нэхъ пцIы щыIэкъым». (Бухъарий, Муслим). 

Дыщегъэшынэ гурыщхъуэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар уз шынагъуэщ, цIыхур езыр хьэлэч ищIрэ, нэгъуэщIхэри исраф зэтрищIэу. А узыр цIыхум къеуалIэмэ, пагэныгъэм зэщIещтэ, езым бэлыхьу зыкъыщохъужри цIыхухэр бэлыхь хедзэ, псоми зыгуэр яфIищу щIедзэ. 

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: «ЦIыхум Iей хужыпIэныр зэрыхьэрэмым хуэдэу, IейкIэ уегупсысыныр хьэрэмщ. ЩIэхьэрэмри, гум илъ дыдэр зыщIэр Алыхь Закъуэращи — Алыхьым зеппщыта зыгуэркIэ мэхъу, уи щIэныгъэр зыдынэмысми ухэIэба мэхъу…». 

Уи нэкIэ умылъэгъуа пэтрэ, уи тхьэкIумэкIи зэхомыха пэтрэ, цIыхум теухуауэ уигу Iей гуэр къэкIамэ, ар къызыбгъэдэкIар шейтIанращи, зыщомыгъэгъупщэ. 

Зыщомыгъэгъупщэ апхуэдэ дыдэу — муслъымэным и пщIэр Алыхьым и деж зэрыиныр, ар хэбутэуи зэримыдэнур. Уеблэмэ, Ибн Гьумэр зэрыжиIауэ: «МуIминым и пщIэр Кэгьбэм и пщIэм нэхърэ нэхъ инщ». 

ГукъэкI Iейхэр къыбгъэдокI шейтIаным, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар цIыхум хэтщ къижыхьу, лъым къызэрижыхьым хуэдэу. Уеблэмэ, Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-эр гузэвауэ щытат щэхьабэхэр а гукъэкI Iейм теунэхъуэнкIэ, езыр صلى الله عليه وسلم-эр и щхьэгъусэ Сэфие игъусэу кIыфIым хэту къыщалъэгъуам. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Пэжращи, зи гур къабзэ цIыхум и дин Iуэхур, и щхьэ Iуэхур, и унагъуэ Iуэхур къигъанэу, абыхэм къадэIуэу цIыхухэм ящIэмрэ, щIащIэмрэ зэригъэзахуэу дэтыну зэман иIэкъым. 

ЖеIэ Бэкр Iэл-Музэний رحمه الله: «ЦIыхум езым къыхуэтхэр щыгъупщэжу, цIыхухэм къахуэтыр зэригъэзахуэу дэту флъагъумэ –хъым ирагъэхуэну мащэ къыхуатIуращ абы!». 

ЦIыхум езым къыхуэтхэр апхуэдизкIэ куэдщи, нэгъуэщIым хуэпсэлъэну, Iеи игу къыхуэкIыну щIегупсысын щыIэххэтэкъым. ЦIыхухэр къыпхуэпсэлъэну ухуэмеймэ, уэ уахуэмыпсалъэ; ягу Iей къыпхуэкIыну ухуэмеймэ, уэри Iей уигу къомыгъэкI! 

Псалъэм и хьэтыркIэ, бжэм утеуIуэрэ къыIуамыхамэ, е телефонкI пщIырэ жэуап къуамытамэ, е гъуэгум уздытетым жыжьэу сэлам зыгуэрым епхрэ, жэуапыншэ ухъуамэ – хуэхь ахэр псори фIым, дахэм; къомыгъэкI уигум Iей Iэмал иIэххэмэ. 

Ибн Сирин رحمه الله зэрыжиIауэ: «Уи къуэшым теухуауэ зыгуэр зэхэпхыжмэ, щхьэусыгъуэ къыхуэлъыхъуэ. Зыри умыгъуэтыххэмэ,  «сэ сымыщIэу щхьэусыгъуэ иIэнкIэ хъунущ абы» жыIэ». 

Шафигьий رحمه الله  жиIэр-щэ: «Зи кIэухыр дахэ хъуну хуейм и гум Iей къыремыгъэкI цIыхухэм ятеухуауэ». 

ЦIыхум Iей уигу къыхуэкIрэ, а уигугъар пэжу къыщIэкIмэ, абы щхьэкIэ псапэ пхуатхынукъым, ауэ уи гугъар Iейуэ къыщIэкIмэ, гуэныхь пхуатхынущ. Арамэ, сыт узезыхуэр?! 

Нобэ зэхэтхар зыхэзылъхьэн Алыхьым дищI. Алыхьым ди гур къабзэу, ди псэри къабзэу дигъэпсэу, ди зэхущытыкIэхэри тхуригъэфIакIуэ, ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэри нэхъ быдэ тхуищI!