Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уаз

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Тхылъым ит псалъэхэращ;  диным я нэхъыфIри Ибрахьим зытета муслъымэн динращ,  хабзэм я нэхъыфIри ЛIыкIуэлъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым хэлъа хабзэращ,  хъыбархэм я нэхъыфIри КъурIэным ит хъыбархэращ. Iуэхум я нэхъейри,  диным емызэгъ IуэхущIэхэращ.

 

«Нэфщ» зыхужыпIэ хъунури, гукIэ нэфращ; акъылыншэ дыдэри, зи акъылыр къыпэщылъ ахърэтым къыхуэзымыгъэсэбэпращ.

 

ЩIэныгъэм я нэхъыфIри сэбэп хъу щIэныгъэращ. Езыт Iэри къеIызыхым нэхърэ нэхъыфIщ. МащIэу узырикъур куэду узыгъэхьэулейм нэхърэ нэхъыфIщ: узырикъун уиIэуи, узыгъэхьэулеин къомылъыхъуэ.  Къулей дыдэри псэкIэ къулейращ. 

ХущIегъуэжыкIэм я нэхъ Iейри, лIэныгъэр къэблэгъэпа иужькIэ пщIа Iейм ухущIегъуэжынращ, абы ипэкIэ зыкъомыщIэжынращ. 

Гъуэмылэм я нэхъыфIри- тхьэшынагъэращ, Iущыгъэм я щхьэри- Алыхьым фIэлIыкIыныгъэращ. 

Уи гум къралъхьэнум я нэхъыфIыр — фIэщхъуныгъэ быдэращ, я нэхъ Iейри – уи гур шэчым зэщIищтэнращ. 

Къыпхэхъуэм я нэхъыфIыр -уи Iэм къилэжьыжаращ, я нэхъIейр — ахъшэтелъхьэм къыхэкIаращ, уи кIуэцIым ехынум я нэхъ шынагъуэри-зеиншэм и мылъкуращ. 

НасыпыфIэр — нэгъуэщIым къыщыщIым дерс хэзыхыфращ; насыпыншэр нэгъуэщIхэм дерс яхуэхъуращ. 

Псэуныгъэ щыщыIэкIэ лIэныгъи щыIэнущ, дуней щыщыIэкIэ Ахърэти къэкIуэнущ. ФIым псапэ къызэрыдэкIуэр, Iейм гуэныхь къызэрыхэкIыр уи гум йомыгъэху. 

Дуней Iуэхум удихьэхмэ, Алыхьым абы укъыхуигъэнэнущ. Дуней хьэхужьым къыхуэнари унэхъуащ. 

ГуэныхькIэ цIыхухэм я щытхъур къэблэжьыну яужь уихьэмэ, я щытхъур уи щхьэм къихуэжынущ, къыпщытхъуари уиубу дэувэжынущ. 

Алыхьым и едэIуэныгъэм цIыхухэм я губжь гуэр къыхэкIми, абыхэм я Iейм Алыхьым ущихъумэнущ, къыпхуэгубжьахэри арэзы къыпхуищIыжынущ. Алыхьым фIыуэ дыкъилъагъумэ, адрейхэм псоми фIыуэ дакъыригъэлъэгъунущ. 

Алыхьыр къызэрыпхуэупса Iэпкълъэпкъыр Алыхьым имыдахэм къахуумыгъэсэбэп. 

Алыхьымрэ уэрэ физэхуакум дэлъыр зэтес щIыи, цIыхухэмрэ уэрэ фи зэхуакум дэлъыр Алыхьым зэтес пхуищIынщ. Уи кIуэцIыр гъэкъабзи, уи щIыбыр Алыхьым пхуигъэкъэбзэнщ. 

Лей зехьэным дыщывгъэшынэ. Лейм Къемэт махуэм ди гъуэгур кIыфI ищIынущ. Япэм щыIахэр я нэпсеягъэм зэрытекIуэдэжари дигум идгъэху хъунукъым. Нэпсеягъэм пцIы яригъэупсурэ, нэпсеягъэм Iыхьлы-благъэр ящигъэгъупщэурэ, лей яригъащIэурэ я унэхъуныр абы къыхэкIащ.  

Муслъымэн зыхужаIэр – зи бзэгумкIи, зи IэмкIи адрей муслъымэнхэм зэран яхуэмыхъуращ. Мухьаджир зыхужаIэри — гуэныхьхэр зи щIыбагъым къыдэзынэращ. 

Нобэ тесэгъуэщ, пщэдей Iухыжыгъуэщ. Нобэ упщIэ щыIэкъым, щыIэр лэжьыгъэ къудейщ, ауэ пщэдей лэжьыгъэ щыIэжынукъым, щыIэнур упщIэкъудейщ. 

Дуней мылъкур Алыхьым фIыуэ илъагъухэми имылъагъухэми ярет, ауэ диныр фIыуэ илъагъухэм фIэкIа яриткъым. Дунейм езым и бын иIэжщ, Ахърэтми езым и бын иIэжщи, дунейм и бынхэр мыхъуу, Ахърэтым и бын дывгъэхъу! 

Ахърэтыр и фIэщ хъу пэтрэ, и гужьеяуэ дунейм кIэлъыжэм и Iуэхум нэхъ гъэщIэгъуэн сыт щыIэ?! Алыхьым и арэзыныгъэр и даIуэныгъэм къызэрыхэкIыр ищIэ пэтрэ, абы и пхэнжыр зылэжьыр щэ?! 

Насыпыншэр — зи пэр дэзыкъей тхьэмыщкIэращ, къызыхэкIари, къызыхэщIыкIари зыщыгъупщэращ, и щхьэщыгум къыщхьэщыт Тхьэшхуэм и пагэныгъэмкIэ тегушхуэращ. 

Ахърэтым утелажьэмэ, дунейр къыптелэжьэнущ, уи ерыскъым щыщ зыри къэмынэу къыплъыIэсынущ. Дунейм утелажьэмэ, Ахърэтыр уи яужь къиувэнущ, лIэныгъэми,фIэкIыпIэ имыIэу, уипщэр иубыдынущ. 

КъаIуэтэж:  МелыIыч псэхэхыр цIыхум и бжэIупэм Iуту. ЦIыхум Iухуэну ерыскъыр иухауэ, и ажалри къэсауэ щилъагъум деж, лIэныгъэм и хьэлъагъыр къыщхьэщилъхьэу, цIыхури лIэныгъэм и гузэвэгъуэм зэщIищтэу. 

Унэм щIэсхэм ар щалъагъукIэ къогугужьейхэ, хэт гъыуэ, хэт бжэуэ щIедзэ. Абдежым псэхэхым жеIэ: —  «КъыфщыщIар сыт?! ФIыщIэгужьейр сыт?! Фэ фщыщ зыгуэрым и ерыскъы Iыхьи къысхутехынукъым, и ажалри нэхъ гъунэгъу къысхуэщIынукъым. Унафэ къысхуамыщIауи сыкъэкIуакъым, унафэншэуи и псэр хэсхакъым. Сэ иджыри къытезгъэзэнущ, аргуэружьыуи къэзгъэзэнущ, мис апхуэдэурэ фэ фщыщ зыи къэзгъэнэнукъым!». 

А псэхэхыр абдежым абыхэм щалъэгъуатэмэ, и макъри зэхахатэмэ, я лIари ящыгъупщэжынти, я щхьэ ягъеижу зэхэтIысхьэжынхэт. 

Зыкъытхуегъазэ Алыхь Иным: «Уэ муIминхэ (уэ, муслъымэнхэ!). Фи мылъкумрэ фи бынымрэ зыдевгъэхьэхыу Алыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ. Апхуэдэу зыщIэращ унэхъуар. Дэ фэтта мылъкум фIы хэфщIыкI, ажалыр къыфлъэмыIэс щIыкIэ. Ар къызылъэIэсым жиIэнущ: «Уэси Тхьэ! ТIэкIу сыбгъэпсэужатэмэ, сэдэкъэи стынт, цIыхуфIхэми ящыщ сыхъунт». Ауэ, зи ажал къэсам Алыхьым ар хуигъэIэпхъуэркъым. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм».(Iэл-Мунафикъун, 9-11).