Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Губжьыр

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Алыхьым худощI, зыкъытщIигъэкъуэну, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну долъэIу, ди псэм дыкъызыхуриджэ Iеягъэхэми, ди IуэхущIафэхэм къапкърыкIыж мыхъумыщIагъэхэми дащихъумэжыну Алыхьым доувалIэ! 

Псалъэу щыIэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Псалъэращ, гъуэгуу щыIэм я нэхъ захуэри Алыхьым и ЛIыкIуэм хиша гъуэгуращ. Iуэхум я нэхъ Iейри, щымыщхэращ. Щымыщ псори гъуэщэныгъэщ, гъуэщэныгъэ псори зэкIуэлIэжынур МафIэрщ. 

Имам Бухъарий, رحمه الله, и хьэдис тхылъым щитхыжащ, Абу Хурейрэ رضي الله عنه къиIуэтэжа мы хьэдисыр: ЗылI Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم зыкъыхуигъазэри къелъэIуащ: — Къызэущие, кхъа!, — жиIэри. Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم абы и лъэIум и жэуапу жыриIар зы псалъэ закъуэщ: «Укъэмыгубжь!». ЛIым нэхъыбэж, е нэхъыфIыж гуэр къилъыхъуэ хуэдэу, тIэунеи щэнеи щIэлъэIужат ущиеми, щэм дежи «Укъэмыгубжь!» псалъэм къыфIигъэкIакъым عليه الصلاة والسلام-ым. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم цIыхухэм дохутыр пэлъытэу яхэтащ, щхьэж и узыфэм теухуауэ хущхъуэгъуэ къахуигъэлъагъуащ. 

Зи гугъу тщIа цIыхухъуми и узыфэ нэхъыщхьэу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم дилъэгъуауэ щытари губжь хьэлрат, къэгубжьрейуэ зэрыщытрати, нэхъыбэ дыдэу зыхуэныкъуэр жыриIащ. 

ИкIи ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم а лIыр сыт хуэдэ Iеягъэми, мыхъумыщIагъэми щигъэшына, щигъэщта хуэдэ мэхъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, губжьым и дежщ щыщIидзэр мыхъумыщIагъэ куэдыр. 

Губжьым цIыхур зэщIищтамэ, мафIэ къыщIэнам хуэдэщ. МафIэ къыщIэзыгъэнэфыну цIыхум кIэрымыкIыу игъусэр шейтIану мафIэм къыхэгъэщIыкIаращи, шейтIаным и Iыхьэшхуэ губжьым зэрыхэлъыр ди гум идгъэху хъунукъым. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэлъкъым, къэгубжьыныр зи хьэлу, къэгубжьрейуэ щыт цIыхур зэрыхьэлыншэм. ИкIи ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ куэдым къадекIуэкI хьэлщ ар. 

Я хьэлщ куэдым я губжьыр япэ иту унэм щIыхьэжу, унэм щ1эсхэм ямыщIам е яхуэмыщIам фIэкIа гу лъамытэу. Зыгуэр ядэслъагъуу, си губжьыр щхьэгъусэм е сабийхэм ятескъутащэрэт, жаIэу. 

Ар насыпыншагъэ дыдэщ. Махуэ псом къыппэплъа унагъуэр, «къэкIуэжмэ тIэкIу къытхэсынщ, къыдбгъэдэсынщ, къыддэуэршэрынщ, къыддэгуфIэнщ…», — жаIэу я нэр къыпхуикIыу зэхэса сабийхэм, сабийхэм я анэм уи губжьыр япэ иту уахэлъэдэжмэ, ар сыту насыпыншэ унагъуэ? А сабийхэри, а сабийхэм я анэри сыту тхьэмыщкIэ! 

Апхуэдэу щытын хуейуэ къызыщыхъуж цIыхухъухэри щыIэщи, ар нэхъ Iеижщ. МыхъумыщIэр хъуащIа хуэдэу, хьэлыншагъэр хьэлыфIагъым щыщ хуэдэу къыбгурыIуэу ухъуамэ, уунэхъуауэ аращ. 

Щапхъэм я нэхъыфIыр къыдэзыгъэлъэгъуар дэ ЛIыкIуэ лъапIэращи, صلى الله عليه وسلم, абы жиIахэращ икIи ищIахэращ фIыри мыфIри зэхэзыгъэкIыр. 

НтIэ, ЛIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр и унагъуэ теухуауэ къапщтэмэ: и бынхэми, и щхьэгъусэхэми гущIэгъушхуэ хэлъу, гупагъэ къыхэщу яхэтащ, мыри къыджиIащ: «Фэ нэхъыфI дыдэу къыфхэтыр, зи унагъуэм нэхъыфI дыдэу хущытращ!». (Тирмизий). 

Муслъымэн жэмыхьэт! Губжьым и Iуэхум и деж къэдгъэзэжынщи, мыри къыхэдгъэщынщ: мылъку зэрыбгъэдэлъым, е къулыкъу зэриIыгъым, е зэфIэкI гуэр зэриIэм папщIэ, ирихьэжьэ цIыху щыIэщ. 

Ирехьэжьэри, мылъку къудейм, е къулыкъу къудейм, е зэфIэкI къудейм теухуауэ цIыхухэм пщIэ лей къыхуащIын хуейуэ, къыпажыхьын, къауфэрэзыхьын хуейуэ къызыщыхъуж цIыху тхьэмыщкIэ щыIэщи, а зыщыгугъар щимыгъуэтым и деж губжьым зэщIещтэ. Аращи, зыгуэру зыкъыпщыхъужыныр губжьыр къызыхэкIхэм ящыщщ. 

«ГушыIэ́кIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ» жыхуаIам ещхьу, гушы́IэкIэ ебгъэлеймэ, абы цIыхур къигъэгубжьынкIэ мэхъу. Ари и щапхъэщ егъэлеиныгъэм сыт хуэдэ IуэхуфIри Iуэху Iей зэрищIыжым. ЦIыхур бгъэгуфIэн, бгъэдыхьэшхын уи гугъэу Iуэхум егъэлеиныгъэ хэплъхьати, Iуэхум псалъэмакъ къикIащ. 

КIэщIу жытIэмэ, губжь хьэлыр нэхъыбэм деж мыхъумыщIэу зэхэлъщ. ГубжьымкIэ ерыщ цIыхум и гур фIыцIэщ, гужьгъэжьгъкIэ гъэнщIащ; и бзэгури къабзэкъым, псалъэ дыджхэмкIэ зэщIэузэдащ; уеблэмэ, гуми бзэгуми фIоIэбыкIыжри, губжьыр и Iэпщэми макIуэ апхуэдэм. 

Муслъымэн жэмыхьэт! ИпэжыпIэкIэ къатщтэмэ, къэгубжьыгъуафIэу, къэгубжьрейуэ щыт цIыхур цIыху зэпIэзэрыту щыткъым, цIыху хэIэтыкIахэм, гъэсэныгъэ дахэ зыбгъэдэлъхэми хабжэкъым. 

АтIэ апхуэдэ хьэл зыхэлъым ныкъусаныгъэ бгъэдэлъхэр и губжьымкIэ щIиуфэну, дыгъужь бзаджэм мэлыфэ зытригъэуэну хэту аращ. 

Мы хьэлыр хьэлыфIу щытамэ, цIыхуфIхэр, цIыху хэIэтыкIахэр мыбыкIэ япэ ищынт, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, мыбыкIэ япэ ищыр заIыгъыжыну зи къарур пэмылъэщхэращ: япэ йощ мыбыкIэ сабийхэр, цIыхубзхэр, сымаджэхэр, зи ныбжь хэкIуэтахэр…   

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЛIыгъэ зыхэлъыр бэнэнкIэ псоми ятекIуэракъым, атIэ лIыгъэ дыдэ зыхэлъыр губжьым и деж зызыIыгъыжыфращ». (Бухъарий, Муслим). 

Мыпхуэдизыр зи кIэ къикI хьэл мыхъумыщIэм пэIэщIэ зыхуэтщIын, абы щхьэусыгъуэ хуэхъухэми дакъыпекIуэкIын, губжьым дызэщIищтэпами, зытIыгъыжыфу зедгъэсэн хуейщи – Алыхьым ар псынщIэ тщищI!