Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дывмыгъэгужьей!

Муслъымэн жэмыхьэт!  Мы дунейм цIыхухэм къафIэIуэхухэр Iэджэуи зэщхьэщокI, къазэрыфIэIуэху щIыкIэри зэтехуэкъым. Абыхэм ящыщу нобэ мылъкум и Iуэхум дытепсэлъыхьынщ. 

Дытепсэлъыхьынщ мылъкум, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ цIыхум аращ гукъеуэ нэхъыщхьэу яIэр. Мыгъуэлъыж ипэкIэ ахъшэм зэрызихъуэжам йоплъхэ, къызэрытэджхэуи япэ дыдэ къащIэну зыхуейр ахъшэм и хъыбарыращ. 

Ахъшэм и Iуэхум, уасэ дэуей къеухым цIыхухэр бэлыхьым хадзащ; ящIэнури зызэращIынури ямыщIэжу утыку къыранащ. Уз мыбы къыхэзыххэри мащIэкъым, уеблэмэ гужьеипэхэу зызыукIыж дыдэхэри щыIэщ. 

Сыт ар къызыхэкIыр? Ар къызыхэкIыр мылъкур псом и щхьэ цIыхум зэращIращ, псори абы зэрыпащIэращ, псори абы зэрытращIыхьращ, псори абы елъытауэ, ар щымыIэжмэ псори яфIэкIуэдауэ къащохъури аращ. Арамэ, мылъкур пфIэкIуэдмэ мы дунейми тепщIыхьыжын щыIэкъым. 

Ауэ иман зыбгъэдэлъ цIыхум, дин зезыхьэ цIыхум мылъку фIэкIуэдами, нэгъуэщI Iэджи къызэрыхуэнар и фIэщ мэхъу. И фIэщ мэхъури гужьейкъым. Къыхуэнащ абы къыщхьэщыт Тхьэшхуэр, къыхуэнащ абы дин дахэ зэрихьэр, КъурIэн лъапIэ IэщIэлъыр, мэжджыт зэкIуалIэр, нэмэз ищIыр. Къыхуэнащ и къуэшхэр, и шыпхъухэр, гурэ-псэкIэ фIыуэ къэзылъагъухэр. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Дэ, муслъымэнхэм, Алыхьыр догъэзакъуэ, и закъуэуи дыхуопщылI. Мис а фIэщхъуныгъэм дыкъихъумэн, къару къытхилъхьэн хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди къарууншагъэр къаруушхуэ зыбгъэдэлъым бгъэдыдолъхьэри. 

Ауэ дыгужьейрэ Ар тщыгъупщэрэ, дэ тхуэдэ къарууншэ гуэрым ди къарууншагъэр бгъэдэтлъхьэмэ, Алыхьым абы дыкъыхуигъэнэнущ. Нухь гьэлейхис-сэламым, и къуэм псыр къыщиуам жиIат: «Бгым сыдэкIынурэ, абы псым сыкъригъэлынущ», ауэ и адэм ищIэт Iуэхум и купщIэри: «Алыхьым унафэ ищIам нобэ зыри къелынукъым, Езым гущIэгъу зыхуищIынухэм къищынэмыщIа», — къыжриIащ. (Хууд, 43). Ауэ «унэхъунум гуо макъ и тхьэкIумэм иIуэжкъым»,- жыхуаIэращ. 

Арамэ, едвгъэхьэлIэ ди гукъеуэр псоми къащхьэщытыж ди Тхьэшхуэм. Армырауэ, ди тхьэусыхафэр мы дунейм зэдмыхьэлIэ къэдмыгъанэу къэджыхьрэ, зыри щымыхъужыххэм и деж «Си Iуэхур Алыхьым бгъэдызолъхьэ» жытIэкIэ дэ зыри къытхуэгъэпцIэнукъым. 

Гужьеиныр цIыхум и хьэлщ, ауэ муслъымэн пэжым и хьэлкъым. АтIэ муслъымэн пэжым и щытыкIэр къеIуатэ хьэдис пэжым: «ГуфIэгъуэм (тыншыгъуэм) деж Алыхьым фIыщIэ хуещIри, абы и хъейр къыхокI, гузэвэгъуэм деж шыIэныгъэ зэхелъхьэри, абыикI и хъейр къыхокI!». 

Умыгужьей! Уэ зэбгъэзахуэм и зы Iыхьэ зэзымыгъэзэхуэф зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэхэр ерыскъыншэ зэикI хъукъым. «Алыхьым къыхуигъэфэща ерыскъыр зы къэмынэу къылъэмыIэсауэ зыри мы дунейм ехыжынукъым» жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. Мис ар хьэкъыу уи фIэщ щIы! 

Уи фIэщ быдэу щIы: мылъкур Алыхьым ейуэ зэрыщытыр. Къуитамэ Езым ейти къуитащ, пIихыжамэ, езым ейти пIихыжащ. Аращ узыIэтыфынури, уезыхьэхыфынури, къару къуозытыфынури, къарууншэ узыщIыфынури.

Уи фIэщ быдэу щIы: Алыхьым иухам узэрыфIэмыкIынур, Алыхьым имыухаи къызэрыплъэмыIэсынур. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым имыухауэ зыри къэмыхъу щхьэкIэ, Алыхьым и ухыныгъэри щхьэусыгъуэкIэ зэхэлъщ, тхуэмыфащэ гуэри къытхуигъэфащэкъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мыхъур щIэмыхъур зи лажьэжыр дэращ. 

Псалъэм и хьэтыркIэ, къыхэхъуэм и бжыгъэмрэ къищэхум и бжыгъэмрэ зэпэзымылъытэу икIи зэригъэмызахуэу мылъкур изыкъухьым зыри щIигъэкъуэншэн е щIэтхьэусыхэн щыIэкъым. 

ИмыIэр иIэ хуэдэу закъыщигъэхъуну, хузэфIэмыкIми «цIыхухэм закъыкIэрызгъэхунукъым» жызыIэу екъур – тхьэмыщкIэщ акъылкIэ. Ди япэ ита зы цIыхуфI жиIауэ къаIуэтэж: «Къулейхэм пэшэгъу сахуэхъури, егъэлеяуэ гугъу сырагъэхьащ, я зыхуэпэкIэкIэ, зэрыс, зыщIэсхэкIэ задезгъэкIунщ жысIэурэ, иужькIэ тхьэмыщкIэхэм гъусэ сахуэхъужри, сытыншыжащ!». 

ИкIи пэжым дыхуеймэ дызытеунахъуэр аращ дэ. ТхьэмыщкIэхэр зыгъэунэхъур къулейхэращ, къулейхэри зыгъэунэхъур тхьэмыщкIэхэращ. ТхьэмыщкIэхэр къулейхэм ядекъуурэ я тхьэмыбылыпсыр зэпоч, къулейхэми тхьэмыщкIэхэр зэрагъэхъуэпсэн, «мыбы и псэукIэр!» жырагъэIэн папщIэ, гуэныхьым зырагъэтхьэлъэж. 

ЩIэныгъэлIым и егъэджакIуэр щIигъуу уэрамым зыдрикIуэм, щIалэщIэм и нэр тенауэ унэшхуэхэр, унэ лъагэхэр зэпиплъыхьти, щIэныгъэлIыр къешхыдащ, жаIэ, — «Уэ пхуэдэхэр зэреплъращ, хуэмыныкъуэ пэтхэми, къыщIращIэкIар ахэр!». 

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм сыт жиIэр: «Фэр нэхърэ нэхъыбэ зиIэм фемыплъу, фэр нэхърэ нэхъ мащIэ зиIэм феплъ, Алыхьым къыфхуищIам и фIыщIэ фщыфIын щхьэкIэ!». 

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ цIыхухэм я шым къижынур ямыщIэжу, я къарури яхузэмыгъэзэхуэжу зыщIхэм ящыщщ: кредит жаIэу кърагъэжьахэр. Пщэдей занщIэу итыжын хуэмейуэ, атIэ мазэ бжыгъэ е уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ уасэр хузэпашыну ящIэмэ, сытми тогушхуэ цIыхухэр. Я гугъэщ а зэманыр зэикI къэмысыну, арщхьэкIэ къос, псалъэмакъри игъусэу. 

ЦIыхум къыхэхъуэм ипкъ иткIэ зыхуэныкъуэр къищэхуу щытамэ, мыпхуэдиз насыпыншагъэр къэхъунутэкъым. Хьэуэ, я нэм къыфIэнар къащэхун хуейщ. Пщэдей кIэпIейкIэ и унэм къыщIэмынэжынуми, нобэ я ныбэ из ящIын хуейщ. 

Гьумэр رضي الله عنه-р и щIалэ Гьэбдуллах и деж щIыхьати, лы телъу илъэгъуащ. – «Сыт мы лыр?»-, жиIэу щыщIэупщIэм, — Сехъуапсэри къэсщэхуащ, — жиIащ. «Узэхъуапсэу хъуар къэпщэхуу ара уэ?! ЦIыхум зэхъуапсэу хъуар къищэхумэ, хурикъунщ ар исрафу!». 

«Мылъку лей щыIэкъым» жаIэ, ауэ а лейращ цIыхур зытекIуэдэжыр. «Бажэр и фэм токIуэдэж» жыхуаIэм ещхьу, мылъку лейм цIыхум и кIуэдыжыныр къыхэкIынкIэ хъунущ. 

Пэжщ, цIыхуфIым сыт хуэдиз мылъку иIэми и зэран абы къыхэмыкIынкIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езыр зыхуэныкъуэм щIигъумкIэ ар нэгъуэщIхэм ядэгуэшэнущ: е хьэхуэу е щIыхуэу зыгуэрым иритынщ, е и Iыхьлы и благъэхэр, е и ныбжьэгъухэр игъэгуфIэнщ… 

Зы кIэпIейкIэ уимыIэжу укъэнами ущIэгужьеин щыIэкъым. ЦIыху дапщэ щыIэ зыри имыIэжыххэу хъурэ, зыкъиужьыжауэ?! Абы и щапхъэхэр куэдщ. Мес Гьэбдур-Рэхьман ибн Гьэуфи رضي الله عنه-м и хъыбарым нэхъ щапхъэфIи бгъуэтынкъым.

Мылъкуу иIар Мэккэ къыдинэри, зы цIыкIу имыIэжу Мэдинэ Iэпхъуауэ щытащ ар. Ауэ и гугъэр фIэкIуэдакъым, уеблэмэ зы цIыхуми зыгуэр къыриIыхакъым. АтIэ «дэнэ деж фи бэзэрыр?» жиIэщ щIэупщIэри, къищэхум ищэжурэ мэдинэдэсхэм я нэхъ къулей дыдэхэм ящIыхьэжауэ щытащ. 

Абы и мылъкур Iэджэми ялъэIэсащ: щэхьабэ куэдым ядэIэпыкъуащ, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и щхьэгъусэхэми и мылъкумкIэ и нэIэ ятригъэтащ, нэгъуэщI псапэ куэди ирилэжьащ, и бынхэми мылъкушхуэ къахуигъэнащ. 

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам. Алыхьым муслъымэну дигъэпсэу, муслъымэнуи дигъэлIэж, цIыхуфIхэми дахишэж! Мамырыгъэрэ узыншагъэрэ Алыхьым къыдит, дыщызымыгъэкIын мылъкуи къыдбгъэдилъхьэ!