Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэщхъеягъуэр

10.09.2013
Еджауэ 3 354

Муслъымэн жэмыхьэт! Жэнэтым кIуэнухэр абы кIуэуэ я пIэ изэгъа нэужь, япэ дыдэу дугьэ ящIынухэм ящыщщ мыр:

“الْحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي أَذْهَبَ عَنَّا الْحَزَنَ …”.

«Нэщхъеягъуэр тщхьэщызыха Алыхьым фIыщIэр ейщ». (ФатIир, 34).

Абы къикIращи, дунеягъэкIэ нэщхъеягъуэр цIыхум ныбжьым хуэдэу къыбгъэдэтщ: зэм нэхъ кIыхь хъууэ, зэм нэхъ кIэщI хъууэ, зэми умылъагъуу зигъэпщкIуу.

Абы къикIращи, дунеягъэкIэ насып нэгъэса, насып ирикъуа щыIэкъым; щыщымыIэкIэ къыщIэплъыхъуэни щыIэкъым, къэплъыхъуэми бгъуэтынукъым.

Абы къикIращи, дунеягъэкIэ цIыхум хуиту зэикI зигъэпсэхунукъым, хуитуи зэи жьы къишэнукъым, атIэ «мис иджы тIэкIу зызгъэпсэхунщ» зэрыжиIэу, зы Iуэхугъуэ гуэр къыхукъуокI.

Тыншыгъуэри, насыпри, гуфIэгъуэри нэгъэсауэ здэщыIэр Жэнэтращ. ДунеягъэкIэ абыхэм ящыщ зыгуэр къэплъыхъуэмэ, а Жэнэтым узэрыпыщIам, ар КъэзыгъэщIам узэрыбгъэдэтым, узэрыхущытым куэд елъытащ.

ЦIыхур Ислъам диным и гъуэгум нэхъ лъэ быдэкIэ тетыхукIэ, Алыхьми нэхъ пэгъунэгъухукIэ — насыпым щыщу зэхищIэр нэхъыбэ мэхъу, Абы зэрыпэжыжьэм елъытауи нэхъ насыпыншэ мэхъу.

Дин зыхэлъыр гугъуехь гуэрхэм хэтми, гузэвэгъуэхэр къыхуепсыхми, уз ишэчми…  итIани гукIэ, псэкIэ тыншыгъуэм, насыпым хэтщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэм псоми псапэ къазэрыдэкIуэр, и гуэныхьхэри зэрадэкIуэдыр и фIэщ мэхъу.   

Ауэ цIыхум езым и Iиманым и закъуэ, и фIэщхъуныгъэ къудейм щыгугъыж хъунукъым, атIэ и Iуэхур Аллаху Тэгьалам къыдиIыгъыну, псынщIэ щищIыну елъэIун хуейщ, езы Бегъымбар дыдэр صلى الله عليه وسلم-эр зэрелъэIуу щытам хуэдэу.

КъеIуэтэж Анэс, رضي الله عنه-м: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم куэдрэ жиIэу щытащ мы дугьэр:

“اللَّهُمَّ إِنِّي أَعُوذُ بِكَ مِنَ الهَمِّ وَالحَزَنِ، وَالعَجزِ وَالكَسَلِ، وَالبُخلِ وَالجُبنِ، وَضَلَعِ الدَّينِ وَغَلَبَةِ الرِّجَالِ”.

«Я, Аллах сэ сынолъэIу – гукъеуэми, гухэщIми, къарууншагъэми, щхьэхынагъми, нэпсеягъми, къэрабгъагъми, щIыхуэм и хьэлъагъми, цIыхухэр къыстегушхуэнми – сащыпхъумэну!». (Бухъарий). 

Мы хьэдисым уегупсысмэ гъащIэр кIыфI зыщIхэр, цIыхум и Iуэхур зэхэзылъахъэхэр псори къыхощ. Арамэ, абыхэм уакъызэрыпекIуэкIын, абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъухэр зэромылэжьыным яужь уитын хуейщ. 

Абыхэм ящыщу къыхощ хьэдисым: къэхъуну-къэщIэнухэм ехьэлIауэ куэдыIуэ цIыхум зэригъэзахуэурэ, бэлыхьым зыхидзэжыныр. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: цIыхум къэхъун игугъэу зыгъэгузавэхэм ящыщу процент 90-ыр пцIыуэ къыщIокIыж.

Хьэдисым къыхощ, блэкIа пэтрэ, къыпхуемыгъэзэжыни пэтрэ нэщхъеягъуэм зыригъэхьурэ цIыхум зызэриукIыжыр. Мис апхуэдэ гупсысэ мышум ущихъумэну Алыхьым уолъэIу.

Хьэдисым къыхощ, и нэр къызыхуикIыр, зыщIэхъуэпсыр цIыхум щыхуэмыщIэм и деж гугъу зэрехьыр. Ауэ губзыгъэм зыгуэр хузэфIэмыкIмэ абы тегъэу щыскъым, атIэ хузэфIэкIым яужь итщ.

Хьэдисым къыхощ щхьэхынагъэм и Iуэхур. ЦIыху щхьэхынэр насыпыншэщ дуней IуэхукIи Ахърэт IуэхукIи. Щхьэхынагъэм, Iуэхуншагъэм нэхъ уезыгъэзэш, нэхъ уи лъэр щIэзыгъэху щыIэу къыщIэкIынкъым.

Нэпсеягъэр къыхощ хьэдисым. Мылъку иIэ пэтрэ тхьэмыщкIэ хуэдэу псэуам, къулей хуэдэу пщэдей хьисэп ящIыжынум нэхъ насыпыншэ щыIэ?!

Къэрабгъэм и Iуэхури къыхощ хьэдис лъапIэм. Къэрабгъэр, зызэхуишурэ, IуэхуфI Iэджэм хокIыж, нэхъыбэ дыдэу ущыхуэныкъуэ дакъикъэм утыкум укъренэри йожьэж.

Нэхъыбэ дыдэу цIыхур нэщхъеягъуэм хэзыдзэхэм ящыщщ: щIыхуэм и Iуэхур. «ЩIыхуэм, — зэрыжаIэу, — махуэм уигъаплъэкъым, жэщым уигъэжейкъым».

Иужь дыдэу хьэдисым къыхэщыр: цIыхум зыгуэрхэр къытегушхуэу, хуэмыфащэу лей кърахынращ. Иджыпсту куэдрэ къохъу ар: цIыхум и Iуэхур щыхъум и деж псоми къауфэрэзыхь, ауэ и Iуэхур гугъу зэрыхъуу кIэбгъу защIыжри, хамэхэр цIыхум къытрагъэгушхуэ.

Нэхъы кууи, нэхъ кIыхьуи утепсэлъыхь хъунущ а Iуэхугъуэхэм, ауэ Iуэхум и купщIэр къыдгурыIуамэ дызыхуэвгъэсакъыж, а хьэдис лъапIэм къыхэщ дугьэри ди бзэгум телъ зэпыту щырет!