Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Диныр тIэщIауд

14.01.2014
Еджауэ 4 935

УпщIэ:  Салам Алейкум, си къуэш лъапIэ, си упщIэр мыпхуэдэущ зэрыщытыр (нэхъыбэу советщ мыр ауэ ): щхьэгъусэ къызэрысшэрэ мазипщI мэхъу, нобэ къыздэсым си анэ си адэм къасхуыгурыгъаIуэкъым тамэму зэрызегъэхуэпэн хуейр, IэлъощIым сынэмысу и кIэ кIыхьыр “зауэ-банэкIэ” ерагъкIэ езгъадэу аращ…, сэ езыр лэжьапIэ урысейм сыщыIэщи и нэхъыбэм, си щхьэгъусэм къошхыдэ.. хэIэбапIэ сиIамэ щхьэгъусэр къыздэсшэнурэ мыбдеж сигъусэу щызгъэIэнут , ауэ апхуэдэ условие щыIэкъым. Дапхуэдэу сщIымэ нэхъыфIми кхъа къызжеIэ. Псапэу АЛЫХЬЫМ къуитыж!

Жэуап: Уалейкум сэлам. Си къуэш, апхуэдэ гукъеуэ зиIэр уи закъуэкъым, атIэ куэдым ягъэв апхуэдэ зыгуэр. Апхуэдэ къыщIэхъуми щхьэусыгъуэ куэд яIэщ: адэн-анэр диным зэрыпэжыжьэри, мы къэхъукъащIэхэр абы зэрыхыхьэжри…. н.къ. 

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы зы хущхъуэгъуэ пыухыкIа псоми яхуэгъэзауэ иIэкъым, атIэ щхьэж езым хузэфIэкIым, и унагъуэми и зэхэлъыкIэм теухуауэ Iэмалхэр ирихьэлIэн хуейуэ аращ, ШЫIЭНЫГЪЭР и гъуазэу. 

Iэмал уиIэ зэрыхъуу уи щхьэгъусэр гъусэ зыхуэщIыжи уи унафэр и унафэу, Алыхьым и унафэм тIури фIыщIэтыжу фыпсэу. Апхуэдэ Iэмал иджыпсту щымыIэмэ, диным и зехьэкIэр цIыхум и зэфIэкIым елъытащи, иджыпсту фхуэзэфIэкIыр Iуэхум хэфлъхьэ, фхуэзэфIэмыкIымкIэ гуэныхь фиIэнкъым.

Алыхьым фыригъэфIакIуэ!

Щхьэныкъуэ А.