Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Жьэрымэ бгъэуныр

14.01.2014
Еджауэ 5 301

Упщ1э:  Жьэрымэ бгъэуныр диным щыщ? ЩыIэ абы теухуау хьэдис?  Сыт дунейм ехыжам нэхъ хуэпщIэ хъунухэр?

Жэуап:  ЛIам папщIэ сэдэкъэ птыныр диным щыщщ, щхьэж зэрыхузэфIэкIым хуэдэу. Ауэ пыухыкIауэ зыри къакIуэкъыр: мыр, мыпхуэдэ зэманым, мыпхуэдэ щIыпIэм щыщIэн хуейщ, жиIэу, атIэ щхьэж хузэфIэкIым теухуауэ, щыхузэфIэкIым деж, нэхъ къезэгъыр, нэхъ къекIур, зыритми нэхъ сэбэп хуэхъунур ирет.

Жьэрымэри сэдэкъэ лIэужьыгъуэхэм ящыщщ, лIами сэбэп хуэхъуну гугъэ щыIэщ, диным къемызэгъ гуэр абы хамыпщэмэ. Къемызэгъхэр сыт-тIэ жыпIэмэ?

— Зэман пыухыкIа гуэрым ар гъэун хуейуэ къыпщыхъуныр.

— Абы и мэр лIам къыщIихьэрэ сэбэп хуэхъуу уи фIэщ хъуныр.

— Сэдэкъэр Iэмал имыIэу жьэрымэу щытын хуейуэ къыпфIэщIыныр… НэгъуэщI гуэрхэри щыIэу къыщIэкIынщ.

Щхьэныкъуэ А.