Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Рэмэданым и иужьрей жэщипщIыр

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и псалъэращ, гъуэгум я нэхъ захуэри бегъымбар лъапIэм e и гъуэгуращ. Iуэхум я нэхъ Iейри диным щымыщ къыхэплъхьэнращ. Щымыщу къыхалъхьа псори гъуэщэныгъэщ, гъуэщэныгъэ псоми узыхуашэнур мафIэрщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Къытхуэмыгъэсу илъэс псокIэ дызыпэплъа мазэ лъапIэр икIэм нэблэгъащ, ди IуэхущIафэхэри и кIэухым дызэрыщытым елъытэжащи, махуэ бжыгъэ къэнам дывмыгъэбэлэрыгъыж.

Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم -м, жеIэ: “ИпэжыпIэкIэ лэжьыгъэхэр зэлъытэжар абы кIэух яхуэхъуращ”. (Бухъарий).

Ауэ зи кIэухыр дахэ хъу хабзэр, пэублэ дахэ зиIэращ. Мазэр къызэрихьэрэ псапэкIэ мыбэлэрыгъахэр, турыхь нэмэзкIи щIыхуэ къызытемынахэр — гугъэ хъунущ адрей къэнами Аллаху Тэгьалам я Iуэхур къадигъэпсынщIэну.

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманым я нэхъ лъапIэм дыхэтщ, уеблэмэ а лъапIэм нэхъ лъапIэ дыдэу хэт зэманыр, Рэмэданым и иужьрей жэщипщIыр идохьэкI.

А жэщипщIыр къихьэмэ Бегъымбар лъапIэм e гьибадэт Iуэхум зыритыпэу щытащ, уеблэмэ мэжджытым къыщIэмыкIыу ирихьэкIыу щытащ. Ар IигьтикафкIэ дызэджэжращ.

Абы и щхьэусыгъуэри, мазэ мин нэхърэ нэхъыфI жэщыр, Къэдр жэщкIэ дызэджэр, КъурIэн лъапIэри къыщеха жэщыр, мы иужьрей жэщипщIым нэхъ хиубыдэу къалъытэри аращ.

Имам Малик رحمه الله  къеIуэтэж:  Япэм щыIа Iуммэтхэм къагъэщIу щыта гъащIэр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم  кърагъэщIати, езым и Iуммэтым ит цIыхухэм къагъэщI гъащIэр кIэщI дыдэу къыщыхъуащ عليه الصلاة والسلام-ым. А кIэщIыр кIыхь ищIыжу Къэдр жэщыр муслъымэн Iуммэтым Алыхьым къаритащ.

Хьэдисхэм нэхъ къазэрыхэщымкIэ, Къэдыр жэщыр жэщ зэпэмыбжхэм нэхъ техуэнкIэ хъунущ. Абыхэм щыщу иужь ит жэщиблым нэхъыбэжу хиубыдэнкIэ мэхъу.

А блым щыщуи тIощIрэ ебланэ жэщыр абы техуэнкIэ гугъэр нэхъ иныжщ. Ар абы техуэнкIэ нэхъ зэрыхъунур щэхьабэхэм я нэхъыбэм, абыхэм яужькIэ псэуа щIэныгъэлIхэми я нэхъыбэм я еплъыкIэщ. Уеблэмэ Iубэй ибн Кэгьб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, тригъэчыныхьэпэу тхьэ иIуэу щытащ, ар тIощIрэ ебланэ жэщым зэрытехуэм теухуауэ. (Имам Муслим и тхылъым итщ).

Ауэ Iуэхур Къэдр жэщыр зытехуэр къэтщIэнракъым, атIэ а жэщым ирихьэлIэу гьибадэт куэд тхуэлэжьынращ. Къэдр жэщым хиубыдауэ ябжыр, ар зытехуэр къэзыщIаракъым, атIэ ар зытехуэр къимыщIа пэтрэ а жэщыр гьибадэткIэ зыгъэкIуаращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэмылъу и насыпщ мы жэщипщIыр екIуу езыхьэкIыфым, апхуэдизрэ икIи апхуэдизкIэ къыхуэупсэ Аллаху Тэгьалам ахэр хухэзыхыфым; нэмэз щIынкIэ, КъурIэн еджэнкIэ, зикр щIынкIэ, сэдэкъэ тынкIэ ахэр езыхьэкIыфым.

И насыпщ абыхэм ехьэлIауэ цIыхуфIхэр щапхъэ зыхуэзыщIыжыфIхэр; Iэл-Хьэсэн, Iэл-Фудейл, Суфян сымэ яхуэщIар сэри щхьэ схуэщIэн хуэмейрэ, жызыIэфхэр.

Абу Идрис Iэл-Хъэуэланий, رحمه الله жэщым кIыхьу икIи егъэлеяуэ егугъуу нэмэз ищIт, мыхэри жиIэт: «Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم -м игъусахэм (щэхьабэхэм) закъыкIэрызгъэхунукъым, «лIыкIэ узэджэ хъун цIыху ди щIыбагъ къыдэднащ», абыхэм жезгъэIэнущ».

Жейм и IэфIагъым иджыпсту зыдезымыгъэшэхым, IэфIагъ мыкIуэдыжынум зыхуегъэхьэзыр, ауэ нобэ жейр къызытекIуэм, пщэдей хуэдэм и гум зишхыхьыжынущ, зыхэкIыжам икъукIэ хущIегъуэжынущ.

Пэжращи, нобэ хуэдэ махуэхэр муслъымэн пэжым и жеигъуэкъым, нобэ хуэдэ махуэхэм муслъымэным жейр и Iуэхукъым. ЖьантIэри къыплъагъэсыну ухуеймэ, щхьэнтэр лъэныкъуэ егъэз. ЦIыхуфIхэм ухабжэну хуеймэ, цIыху Iейхэр пэшэгъу умыщI, щхьэхынэхэри зомыгъэгъусэ.

Жэнэтыр мэщIэращIэри къытщхьэщытщ, Жэхьэнэмэр къокъуалъэри къыткIэщIэтщ, дыздахьыжыну кхъэри къыдбгъэдэтщ, дызыкIуэцIалъхьэжыну джэбынри хьэзыру щылъынкIэ мэхъу.

Ахэр псори ди фIэщ мэхъу, ауэ ди Iуэху щIэкIэр ахэр зи фIэщ мыхъухэм нэхъ ещхьщ. Зыгуэрым дожьэри дыщысщ, ауэ Iуэхуншагъэм зыми фIы къыхуихьакъым.

Алыхьым ещIэри дызэжьэр етIэнэгъэ нэщI мазэм нэс дыпсэууэ, иужьрей жэщипщIми дыхиубыдэныр арагъэнщ. Уи гъын къигъакIуэу дыхьэшхэнщ.

— Уа, Алыхьым и лIыкIуэ, Къэдыр жэщым сытехуэмэ сыт жысIэнур?-жиIэу ГьаIишэ, رضي الله عنها, лIыкIуэ лъапIэм e -м зыщыхуигъазэм, мис мыхэр жыIэ къыжриIащ: «اللهم إنك عفو تحب العفو فاعف عني» — «Я-Аллах, уэ УгущIэгъущIщ, гущIэгъу щIынри фIыуэ болъагъури, гущIэгъу къысхуэщI».

Аллаху Тэгьалам долъэIу мы жэщипщIым гьибадэт лэжьыныр псынщIэ тщищIыну, Къэдр жэщми дыхригъэубыдэу, абы и фIыгъуэхэми далъигъэIэсыну!