Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Сыт къыдащIар?

ФIыщIэ Алыхьым худощI, щытхъури къыхудохь, и цIэри лъагэу доIэт, сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми хыдоIэтыкI, сыт хуэдэ фIыгъэри худогъэфащэ.

Аращ мы гъащIэмкIэ къытхуэупсар, мыбыкIэ Жэнэтыр къыдигъэлэжьыну. Аращ мы дунейр адрей дунейм лъэмыж хуэзыщIар, дуней гъащIэмрэ Ахърэт гъащIэмрэ зэпищIэну.

Мы дунейм сыт хуэдизыр хужыдмыIами, мыбыкIэщ Жэнэтыр къызэрыдлэжьыфынур, мы дунеягъэм щыщу къытхупача зэман кIэщIым щыдлэжьращ Ахърэтым щыIэну зэман кIэухыншэр фIы и лъэныкъуэкIэ къытлъызыгъэсынур.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым и деж къикIыу къеха Псалъэ лъапIэм мыпхуэдэу итщ:

И чэзу хъуакъэ Iиман зиIэхэм я гур щабэ хъуну, Алыхьым и цIэмрэ Абы къригъэха пэжымрэ (КъурIэнымрэ) щызэхахкIэ?! Япэм Тхылъ къызыратахэми ещхь мыхъуну. Зэман блэкIа нэужь, ахэм [Тхылъ къызыратахэм] я гур быдэ хъуащ, я нэхъыбэри фа­сикъщ (жыIэмыдаIуэщ)”. (Iэл-Хьэдид, 16).

Мы аят лъапIэхэм дыкъеджэрэ, нобэ ди Iуэхур зытетымрэ, зыдынэсамрэ деплъыжмэ, “дэр щхьэкIэ хэхауэ къырамыгъэхауэ пIэрэт мы аятыр?” жыпIэ хъуну уегъэгузавэ.

Япэ дыдэ мы дин лъапIэм нэхъ гъунэгъу дыщыхуэхъужа зэманыр, нэмэз щIын къыщыдубла лъэхъэнэр къатщтэрэ, нобэ дызэрыщыт щIыкIэм едгъапщэмэ, “къытщыщIар сыт, къыдащIар сыт?” жыпIэу уегъэгупсысэ. 

Дэнэ кIуа абы щыгъуэ ди нэмэзым хэтлъхьэфу щыта тхьэшынагъэр, къыхэтхыфу щыта хьэлыфIагъыр, зэхэтщIэфу щыта IэфIагъыр?!

Дэнэ кIуа абы щыгъуэ къыдбгъэдэта ди къуэшхэм яхудиIэу щыта лъагъуныгъэр, гупцIанагъэр, къуэшыныгъэр?!

Дэнэ щыIэ абы щыгъуэ муслъымэнхэм я зэрыIыгъыкIэу, зэрылъытэкIэу, зэкIэлъыкIуэкIэу, зэбгъэдэтыкIэу яIар?

Къэхъужар сыт?  Абы лъандэрэ диным щыщу нэхъыбэ къэтщIамэ нэхъыфI щхьэ дымыхъуарэ? Хьэмэрэ, нэхъыбэ къэпщIэнымрэ, нэхъыбэ пщIэнымрэ зэпхакъэ?!

Уеблэмэ, мыпхуэдэу дыщIэхъуар нэхъыбэ къызэрытщIар, нэхъыбэ зэрызэхэтхар арауэ пIэрэ? Арамэ, а къэтщIам девгъэгупсысыж, “сэ къэсщIар диным щыщ дыдэу пIэрэ, хьэмэрэ, зыгуэрым и щхьэзыфIэфIыныгъэ гуэр абы химылъхьауэ пIэрэ!?, — жыдвгъаIи.

Уэ къэпщIам муслъымэнхэм гъунэгъу нэхъ уахуимыщIмэ, уэ къэпщIам муслъымэнхэр нэхъ быдэу зэримыпхмэ — уэ къэпщIар муслъымэнагъым щымыщу аращ! Ар дыдэращ, уэ къэпщIар муслъымэнагъым щымыщу аращ.

Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и хъыбархэм къыхощыж, Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, зыхуигъазэу жыриIауэ: Уэ, муслъымэнхэм я амир! Дэ ди зэманым КъурIэныр къехащ, къыщIеха щхьэусыгъуэри, зытеухуари къэтщIащ, ауэ дэ ди яужькIэ цIыху къэунэхунущ КъурIэным еджэхэу, ауэ зытеухуамрэ, къыщIехамрэ нэгъэсауэ ямыщIэу. Абы ипкъ иткIэ щхьэж езым и еплъыкIэр хилъхьэнурэ зэбгъэдэкIынухэщ, зэбгъэдэкIа нэужь зэзэуэжынухэщ“.

Мис апхуэдэ гуэр хэлъщи аращ дэ ди “щIэныгъэм” ди Iуэхур щIэмыкIуатэр, ди зэхущытыкIэри нэхъыфI щIэмыхъур. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ди щIэныгъэр ныкъуэщи ди Iуэхури ныкъуэщ.

Япэм, зыгуэр “еджэну кIуащ, еджапIэ щIэтIысхьащ”, жаIэмэ, цIыхухэр гуфIэу, хъуахъуэу, “Алыхьым и шыкурщ, дин щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр тынш хъуащ, хуит хъуащ” жаIэу щытащ.

Иджы, “зыгуэр еджапIэ кIуащ” жаIэмэ, я щхьэфэцым зиIэту хъуащ. “Дэнэ зыдэкIуар, сыт хуэдэ еджапIэ зыщIэтIысхьар, сыт хуэдэ гуп зыхэхуар?” жаIэу къызэхэнащ.

Къызэхэнащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди щIалэхэр я щхьэр ехьэхауэ щIэныгъэншэу докIхэри, я щхьэр дэхьеяуэ щIэныгъэншэу къокIуэжхэр.

Къызэхэнащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIэныгъэм и гъусэу зыдэкIуа щIыналъэм илъ зэхэтыкIэ, зэхущытыкIэ, цIыху зэхэдзыкIэхэр къыздахьри, мыбдежми ар дыдэр къыщрагъэзэгъыну яужь йохьэхэ, апхуэдэ дыдэу цIыхухэр яугуэшыну щIадзэ.

Къызэхэнащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыхуэфащэри, зыхуэмыфащэри, зыхузэфIэкIынури, зыхузэфIэмыкIынури “деджэнущ” жаIэри докIхэ. Ауэ зэджэри долъагъу, зэреджэри долъагъу. Алыхьым къуимытар дэнэ къипхын?!

Муслъымэн жэмыхьэт! Хьэдис лъапIэхэм къыхощ, щыгъыныр зэрылажьэм хуэдэу, фIэщхъуныгъэри лажьэу, абы ипкъ иткIи, щIэх-щIэхыу къэгъэщIэрэщIэжын хуейуэ.

Махуэм и кIуэцIкIэ апхуэдизрэ Фатихьэ сурэмкIэ:

Гъуэгу захуэм дытешэ” жытIэурэ дыщIэлъаIуэри, а къэгъэщIэрэщIэжыным дызэрыхуэныкъуэращ.

Уэ, зи фIэщ хъуахэ, фи фIэщ хъу!” (Iэн-НисаI, 136) -, жиIэу КъурIэным аят къыщIэкIуэри апхуэдэ щхьэусыгъуэм ипкъ иткIэщ.

Аращи, зэ псори дызэвгъэгупсысыж! Зэ псоми зыкъэдвгъэпщытэж! Ди иманри къэдвгъэгъэщIэрэщIэж! Ди щIэныгъэри зэ щIэдвгъэгъэпщыж! Ди зэхущтыкIэми псэщIэ хэдвгъэлъхьэж!