Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уатсапыр

30.12.2016
Еджауэ 4 152

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Абы худощI; псори къэзыгъэщIам, тщIэуэ хъуар къыдэзыгъэщIам, ди хъейр зыхэлъу хъуам дыхуэзыузэщIам!

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри гуапэу къырихыну дыхуолъаIуэ, лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, муслъымэну дунейм тетым я напIэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы Iуэхугъуи теткъым, жыпIэ хъунущ, фIы защIэу зэхэлъу е Iей защIэу зэхэлъу. АтIэ, тIум щыщи Iуэхум хэлъу, апхуэдэущ гъащIэр зэрызэхэлъыр. Iуэхур къэзыгъэсэбэпми куэд елъытащ.

Дунеягъэ Iуэхур къэгъэнауэ, дин Iуэху зэфэзэщу зэхэлъыр, апхуэдэ дыдэу зэм фIыкIэ, зэм IейкIэ къагъэсэбэпынкIэ хъунущ.

КъагъэсэбэпынкIэ хъунущ КъурIэн лъапIэ дыдэр мурад бзаджэ зиIэ гуэрхэм, апхуэдэщ Суннэри, апхуэдэщ щIэныгъэлIхэм я псалъэхэри, апхуэдэщ мэжджытри, нэгъуэщIри…

Къагъэсэбэпкъэ хъариджитхэм КъурIэныр, унафэщIым емыдэIуэн, муслъымэнхэри зэтраукIэн щхьэкIэ?!

Къагъэсэбэпкъэ Суннэр жьахиритхэм, диным и купщIэ дыдэм хэIэбэн зымыдэхэм, я нэм къыщIэуэм фIэплъыкIыу, нэхъ жыжьэу плъэну къызытехьэлъэхэм?!

Къагъэсэбэпкъэ щIэныгъэлIхэм я псалъэри щхьэж зэрыхуейм хуэдэу?! Мы дунейм зы гуп къытена хъункъым, Ибн Тэймийе тегъэщIапIэ зымыщI.

Нобэ ящI мулид закъуэр къащти, ар зыгъэкъабылхэми зымыгъэкъабылхэми Ибн Тэймийе зыкIэращIэну хэтщ.

Къагъэсэбэпакъэ мунафикъхэм мэжджытыр? ДащIыхьатэкъэ абыхэм Мэдинэ къалэм мэжджыт, муслъымэнхэр зэкIэщIаудын, ахэр зэкъуаудын, я къарур хагъэщIын мурадкIэ?

Муслъымэн жэмыхьэт! Дунеягъэ Iуэхухэм я щапхъэ жытIэмэ, нобэ апхуэдэу зэмыфэгъуу, хэт фIыкIэ хэт IейкIэ къигъэсэбэпхэм ящыщщ: цIыхум кърахьэкI телефонхэр.

Мы телефонхэм тыншыгъуэу къытхуихьам хуэдиз гугъуехьи къытхуихьащ, тщхьэщихам хуэдизи къытщхьэщилъхьащ, къытхуищIам хуэдизи къыдищIащ!

ПсынщIэу узыхуейм улъоIэсыф, тыншу узыхуейр къыбогъуэтыф телефонымкIэ. Ар абы и лъэныкъуэфIхэм ящыщщ, ауэ, апхуэдэ дыдэу псынщIэу къомыгъуэтамэ, занщIэу уемыпсэлъамэ нэхъыфIу дапщэрэ къуэхъурэ?!

Мы телефонхэм яхэт Iуэхутхьэбзэхэм щыщу нобэ нэхъыбэу цIыхум къагъэсэбэпыр: «уатсап», жыхуаIэ программэращ. ЛIыгъэри, акъылри, зэфIэкIри, напэри, динри зыдынэсыр къызэрагъэлъагъуэ Iэмал хъуащ ар.

Пэгуным итращ къижынур, зэрыжаIэм тету, щхьэж кIуэцIылъыр абдежым къыщыкIуэцIокI, щхьэж бгъэдэлъыр абдежым къыщыббгъэделъхьэ!

Хэти абы и къэгъэсэбыпыкIэр ещIэри, муслъымэн пэжым, муслъымэн къабзэм къызэрекIум хуэдэу ар къегъэсэбэп, хэти и муслъымэнагъыр зыдынэсыпэр абыкIэ къегъэлъагъуэ, хэти фIы ищIэ игугъэжурэ, гуэныхь абыкIэ къехь.

Мис мы иужьрей гупыр нэхъ шынагъуэу къыщIэкIынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэхахыу хъуар е ялъагъуу хъуар диным щыщу, ар уэхьийуэ Алыхьым къыбгъэдэкIауэ къызыфIэщIыр сыт хуэдиз?!

Дапщэрэ къэхъурэ, мыпхуэдэ Iуэхум мыпхуэдиз фIыгъуэ къыхокI, мыпхуэдиз псапи къыдокIуэ, жаIэрэ дунейр зэщIагъахьэу, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, а Iуэхум диным лъабжьэ зыри щимыIэу, псапэ къыдэкIуэн дэнэ къэна, гуэныхь къыхэкIынкIи шынагъуэу?!

ЦIыху къызэрыгуэкIым пцIы теплъхьэныр гуэныхьышхуэщ, нтIэ езы Бегъымбар дыдэм жимыIа гуэр жиIа хуэдэу къепхьэкIыныр зыдынэсыр дэнэ?! «Хуейуэ сэ пцIы къыстезылъхьам, Жэхьэнэмэм тIысыпIэ щызрегъэпэщ!», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий). 

Дапщэри къэхъурэ, хъыбар гуэрхэр цIыхухэм хахьэрэ, гужьеигъуэм хадзэу, иужькIэ псори пцIыуэ къыщIэкIыжу?! «ЦIыхум зэхихауэ хъуар иIуэтэжмэ, хурикъунщ ар абы гуэныхьу», — жиIакъэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м?! (Муслим).

Дапщэрэ къэхъурэ, мыпхуэдэр сымаджэщ е хуэныкъуэщи, зыщIэгъэкъуэн хуейщ жаIэрэ, иужькIэ Iуэхум бзаджагъэ гуэр хэлъу къыщIэкIыжу?! Муслъымэным и мылъкур хьэкъыншэу пшхыныр е зыгуэр ебгъэшхыныр гуэныхьышхуэкъэ?!

Абы нэхъ Iеижращи, уэри а хъыбарыр адэкIэ умыгъэкIуатэмэ, нэхъыбэми ялъомыгъэIэсмэ, гуэныхь къэпхьыну, бэлыхьи къыптепсыхэну, жаIэрэ, ущыхагъэзыхьым, ущрагъэзым деж, уи щхьэр зыдэпхьыныр умыщIэжу укъагъанэ.

Иджы дызэвгъэупщ1ыж! Сыт ахэр къыщIэхъур? Ахэр къыщIэхъур, кIэщI дыдэу жыпIэмэ, ди мыIуэху зетхуэну тфIэфIщи аращ. Ди Iуэху зыхэлъымрэ, ди Iуэху зыхэмылъымрэ тщIэкъым е тщIэну дыхуейкъыми аращ.

Щхьэж и IэщIагъэ, щхьэж и щIэныгъэ теухуауэ, дэтхэнэми и къалэныр ищIэжу, а ищIэжри игъэзэщIэжу щытамэ, ахэр къэхъунутэкъым, хъутIбэ псои абы тедухуэн хуеинутэкъым.

Аращи, Алыхьыр къытхуэупсэу къыдита мы Iэмалхэр Езы Алыхьым фIэфI зэрыхъунум хуэдэу къэдвгъэгъэсэбэп! Мы гъащIэр джэгупIэкъым, атIэ гъэунэхупIэу аращи, дыкъыщIагъэщIар тщIэжу дывгъэпсэу!