Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмысыншагъэри диныншагъэри зыщ

04.08.2016
Еджауэ 2 518

ФIыщIэ Алыхьым худощI: муслъымэну дыкъызэригъэщIам, акъыл къызэрыдитам, дыхуэлэжьэну хуит дыкъызэрищIам папщIэ. ФIыщIэ худощI Алыхьым: къыдитам теухуауи, къыдимытам теухуауи…

Муслъымэн жэмыхьэт! Зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну утыкум илъ хьэкъхэм ящыщщ мыр: ди лъэпкъыр муслъымэн диным тыншу къыщIыхуэкIуэфам и щхьэусыгъуэхэм яхыубжэ хъунущ: лъэпкъым къадекIуэкIыу щыта хабзэхэмрэ,  муслъымэн диным къызыхуриджэ хьэл дахэхэмрэ зэпэгъунэгъуу, зэщхьу, зэдекIуу икIи зэдекъуу зэрыщытыр…

Лъэпкъ хабзэм нэхъыбэ дыдэу зытригъэчыныхьхэм хьэлхэм ящыщщ: нэхъыжьым пщIэ хуэпщIыныр. А гупсысэ дыдэри муслъымэн диным къыхолыдыкI, уеблэмэ нэхъыжьым пщIэ хуэзымыщIыр муслъымэнхэм яхыубжэ мыхъуну къызыхэщ хьэдисхэр щыIэщ. (Абу Дауд, Тирмизий).

Уеблэмэ нэхъыжьым и хьэкъыр езы Алыхьышхуэм и хьэкъым пещIэри жеIэ عليه الصلاة والسلام: «Алыхьым пщIэ хуэпщIыным щыщщ: ныбжь зиIэ муслъымэным пщIэ хуэпщIыныр!...». (Абу Дауд). 

Ар апхуэдэу щIыщытыр, ныбжь нэхъ зиIэр нэхъыбэрэ Алыхьым хуэлажьэ, нэхъыби Алыхьым хуищIэ хабзэу щытщи, абы пщIэ хуэпщIмэ Алыхьым хубощI.

Нэхъыжьым нэхъ пщIэ имыIамэ, шэхид хъуам иужькIэ зы илъэскIэ псэужар абы япэ ищыжауэ хьэдисым къыхэщынтэкъым.

Нэхъыжьым пщIэ хуэзыщIым и щхьэм пщIэ хуищIыжу аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пщIэ зыщIым пщIэ къыхуащIыж хабзэу Алыхьым зэтриухуащ. ПщIэ зыщIауэ пщIэ зыхуамыщIыжа иджыри къэхъуакъым. 

Диныр езыр къапщтэмэ пщIэ защIэу зэхэлъщ: пщIэ хуэщIын Алыхьым, пщIэ хуэщIын Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم, пщIэ яхуэщIын щэхьабэхэм رضي الله عنهم, щIэныгъэлIхэм, ныбжь зиIэхэм, адэ-анэм, Iыхьлы-благъэм, гъунэгъухэм…

Ар лъабжьэу диным хэтщ, ауэ а лъабжьэр зэрагъэзащIэ, къызэрагъэсэбэп щIыкIэм ехьэлIауэ зэпкъырыхауэ, зэхэхауэ къакIуэр мащIэщ. Абы къикIращи, лъэпкъ къэскIэ езым яIэжщ пщIэр къызэрагъэлъагъуэ щIыкIи, ар бгъэзащIэмэ диным укъызыхуриджам утехуэнущ, умыгъэзащIэмэ Алыхьым жыIэмыдаIуэ ухуэхъунущ.

Ар къызыгурыIуэр езыри мэтыншри, цIыхухэри егъэтынш, диныр игъэщIэращIэурэ езыми зегъэщIэращIэ, диным удригъэхьэхри, фIыкIэ умылъагъункIэ Iэмал имыIэу уещI.

Ауэ ар къызыгурымыIуэм диным и напэр тырех, диным хуэмыфащи ирепэс, диныр зэрыщымыту цIыхум ябгъэделъхьэ …

Ди жагъуэ зэрыхъунщи диIэщ апхуэдэ цIыхухэри. ДиIэщ, нэхъыжьым укъыхуэтэджыныр диным имыдэ хуэдэу утыкум къизылъхьэу, и мыгъэсэныгъэмрэ, и щхьэхынагъэмрэ диным хуэзыхьыну, диным тезылъхьэну яужь ит.

«Сыгъэсакъым», хужыIэкъым, «сэ сыкъытэджыну сощхьэхи», жиIэну и щхьэ ирипэскъым, ауэ «Алыхьым апхуэдэу унафэ къыбгъэдокI», жеIэф, апхуэдэ хьэдэгъуэдахи диным ирепэс.

Щапхъэ дапщэ щыIэ Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم къыщIыхьам къыхуэтэджу щытауэ, щэхьабэхэми я зэхэтыкIар апхуэдэщ, нэгъуэщI щапхъэхэри гъунэжщ.

КъыщIыхьам укъыхуэтэджынымрэ, гьибадэт хуэблэжь хуэдэу зыгуэрым ущхьэщытынымрэ щIызэхэдгъэгъуэщэн щыIэкъым. Iуэхум и купщIэр къомыщIауи, диныр зыхуейри къыбгурыIуэнукъым.  

Абы адэкIэ, диIэщ Iэнэм пэрытIысхьамэ нэхъыжьи нэхъыщIи зымыщIэ, жьантIэм кIуэрэ занщIэу дэтIысхьэ, щыхуейм деж Iэнэм хэпхъуэ, щыхуейм деж щIэж, щыхуейм деж къыщIэлъэдэж, щыхуейм деж псалъэ, щыхуейм деж зыхуейр къыхэзылъхьэ. КъекIурэ ари муслъымэным?

Пэжщ, игъащIэми хьэлыншэхэр щыIащ, хабзэншэхэри цIыхум яхэтащ, ауэ хьэлыншагъымрэ хабзэншагъэмрэ диным хуэзыхьу, апхуэдэ зэхэтыкIэр псоми хапщэну, ар захуэрэ модрейр къуаншэу къытщагъэхъуну зыгуэрхэм утыкум къизэрыхьащи, мис ар икъукIэ шынагъуэщи, абыхэм я зэраным муслъымэнхэр Алыхьым щихъумэ!

Ауэ Алыхьым и фIыщIэкIэ ахэр нэхъыбэу тхужыIэнукъым, атIэ нэхъыбэр гъэсарэ, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу щытщи, Алыхьым иригъэфIакIуэхэ!

Нэхъыбэм диныр зэрахьэ я нэр къызэтехауэ, гъащIэм епхыжауэ, псэукIэм къыпымычауэ, цIыхухэр зэсами къыгуэмычауэ. Ахэращ зи насыпри, цIыхухэр насыпыфIэ зыщIхэри.

Мы дин дахэр пэжу зэгурыIуэу пэжу зезыхьэн, арэзыныгъэр къыридлэжьауэ и пащхьэ ихьэжын муслъымэн Алыхьым дищI!