Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщIым и купщIэхэм ящыщ гуэр

12.06.2016
Еджауэ 3 796

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Аллаху Тэгьала закъуэращи, ахэр ди Тхьэшхуэм худогъэфащэ, и цIэр лъагэу доIэт, хуэмыфащэ псоми хыдоIэтыкI.

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну, хъуэхъум я нэхъ дахэри къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, Мухьэммэд عليه الصلاة والسلام-ым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар къытхуэупсэри, аргуэру мазэм я нэхъ лъапIэм дыхригъэубыдащи, абыкIэ фIыщIэ мыухыжыр Абы хуэфащэщ.

Аргуэру Iэмал къыдитащ ди Тхьэшхуэм ди псапэхэр дгъэбэгъуэну, ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну дылъэIуэну, зыдгъэкъэбзэжыну, нэхъыфI сыт илъэныкъуэкIи дыхъуну.

ФIыгъуэу Алыхьышхуэм къытхуищIахэм ящыщщ нобэ мы мэжджыт дызыщIэсми и бжэхэр Iуха зэрыхъужар, ди нэ къызыхуикIыу щытами ди Iэр зэрылъыIэсар, нэхъ хуит икIи нэхъ нэху хъуауэ мыбы дыкъызэрыщIэплъэжар.

Я насыпщ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуахэм, абы хэлэжьыхьахэм, зи зэманрэ зи мылъкурэ абы хэзылъхьахэм! Сыт хуэдиз фIыгъуэ абыхэм зыIэрагъэхьа, сыт хуэдиз насыпи я Iэрылъхьэ хъуа!

Алыхьу Лъагэ ЛъапIэм долъэIу мыбы хэлэжьыхьахэм я дунейри я ахърэтри жэнэт яхуищIыну, мылъкуу мыбы ирахьэлIар мин бжыгъэкIэ бэгъуауэ къахилъхьэжыну, дэнэкIэ ямыгъазэми я мурад дахэхэр къехъулIэу игъэпсэунхэу!

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин дахэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэ хэтми, сыт хуэдэ унафэ къыщыкIуэми, ар Iущыгъэрэ губзыгъагъэрэкIэ гъэнщIащ, купщIэшхуэ псоми хэлъхьащ.

А купщIэр къыдгурыIуэрэ, абы тещIыхьауэ диныр зедмыхьэмэ, гугъу дыщIехьам мыхьэнэ имыIэу, дыкъыщIагъэщIари, дыщIэпсэуари, дыщIэлIэжари къыдгурымыIуауэ Алыхьым и пащхьэ дихьэжынущ.

Нобэ дызыхэт гьибадэтым, Ислъам диным и пкъо нэхъыщхьэхэм ящыщ зым, НэщIым, апхуэдэ дыдэу дыбгъэдыхьэн хуейщ. КъыдгурыIуэу абы и купщIэр, ди диным ар щIыхэтыр, абыкIэ Алыхьышхуэм къыдгуригъэIуэну зыхуейр.

Алыхьым и мурадыр къэзыIуатэр псом япэ иту Езым и Псалъэ лъапIэращи, абы мыр къыдоджыкI:

{يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا كُتِبَ عَلَيْكُمُ الصِّيَامُ كَمَا كُتِبَ عَلَى الَّذِينَ مِنْ قَبْلِكُمْ لَعَلَّكُمْ تَتَّقُونَ }

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Къыфщхьэщатхащ фэ нэщIыр, фи япэ итахэм къызэрыщхьэщатхам хуэдэу, тхьэшынагъэ къыхэфхын папщIэ». (Бэкъэрэ, I83).

«Тхьэшынагъэ къыхэфхын папщIэ», — къыджеIэ Тхьэшхуэм. Аращ и купщIэр мы нэщI тIыгъым. Ауэ дауэ ар къызэрыдгурыIуэнур икIи дауэ ар къызэрыдэхъулIэнур?

ЦIыхум нэщI щиIыгъым деж мы дунейм зэхъуапсэ, дэзыхьэххэм я бжэр егъэбыдэ, абыхэм яхэлъ къарур фIыуэ нэхъ махэ ещI. Узэхъуапсэхэм уемыхъуэпсэжу, удэзыхьэхыу щытахэм удамыхьэхыжу ухъуамэ – тхьэшынагъэм и купщIэм улъыIэсауэ, езыми уеIусауэ аращ.

ЦIыхур къезыхуэкIыр а хъуэпсэныгъэращ, псэхупIэ къезымытри аращ, Алыхьым нэгъэсауэ хуэзымыгъэлажьэри аращ. Ауэ нэщIым ахэр псори нэхъ зэтес ещI, псори и пIэ ирегъэувэ.

НэщIым къыдгурегъаIуэ мы дуней гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэримыIэр, дызыхуэныкъуэу къытщыхъу куэдми апхуэдэ дыдэу дазэрыхуэмыныкъуэр.

НэщIым ди гупсысэхэр зэкIэщIэмыжу нэхъ къызэтренэ. Аращ щIыжиIэр Iэбу Сулейман Iэд-Дараний, رحمه الله: “ЦIыхур щымэжалIэ, псы щыхуэлIэхэм деж – и псэм нэхъ зегъэкъабзэ, нэхъ гумахи мэхъу. Ауэ и ныбэр щизым деж гунэф мэхъу”.

НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, нэщIым наIуэ къещI иджыпсту Алыхьым теухуауэ фIэщхъуныгъэ дбгъэдэлъыр зыдынэсыр. Алыхьыр зи фIэщ быдэу мыхъум нэщI иIыгъынукъым икIи хуэIыгъынукъым. НэщI зыIыгъым Алыхьыр и фIэщ хъууэ аращ.

АбыкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу «Нэмэз зымыщIым нэщI иIыгъ хъуну?!» жызыIэу цIыхухэр гуитIщхьитI зыщIхэм я Iуэхур.

КъинэмыщIауэ, нэщIым дигу къегъэкI е къигъэкIын хуейщ шхынкIэ гугъу ехьхэр, мылъкукIэ хуэмыщIахэр. ЦIыхум езым и щхьэкIэ имыгъэвауэ, сыт хуэдиз жомыIами къыгурыIуэ хабзэкъым, ауэ зэ ищхьэкIэ игъэунэхумэ къещIэ Iуэхум и пэжыпIэр.

ТхьэмыщкIэхэри дигу къэкIыу, тфIэгуэныхь хъууэ дытIысыжын хуейуэ аракъым, атIэ щхьэж зэрыхузэфIэкIым теухуауэ щIэгъэкъуэн дахуэхъун хуейуэ аращ.

Муслъымэн пэжми тхьэмыщкIэр къыхуэныкъуэу ибжкъым, атIэ езыр абы хуэныкъуэу ебж. Абы и щхьэусыгъуэри Ахърэтыр зи фIэщ хъум дежкIэ гурыIуэгъуэщ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Махуэм ди нэщIымкIэ, жэщым ди нэмэзымкIэ Алыхьышхуэр арэзы зыщIыфын муслъымэн Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри!