Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщIым дыщыхуежьэкIэ

ФIыщIэр хуэфащэщ мы дин лъапIэм ди гур къыхузэIузыха, Бегъымбарым я нэхъ лъапIэр къытхуэзыгъэкIуа, шэригьэтым я нэхъ дахэри къыдэзыта Аллаху Тэгьалам. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьышхуэм гущIэгъу къытхуищIщ, и нэфI къытщыхуэри нобэрей махуэм дыкъигъэсащ, мазэм я нэхъ лъапIэм и бжэIупэм дыIуишащ. ДолъэIу ди Тхьэ лъапIэм, къытхуищIа фIыгъуэр икIэм нигъэсыну, мазэ лъапIэр екIуу ирыдигъэхьэкIыну, нобэ къытхэмытыжхэми и рэхьэмэтыр къалъигъэсыну, я Ахърэтри нэху ищIыну! 

Мазэм я нэхъ лъапIэм, КъурIэныр къыщехам, гуэныхьхэр куэду щагъэгъум, псапэхэр куэду щыбагъуэм, дугьэхэр нэхъ къабыл щыхъум дыхуожьэ. 

«НэщI мазэр къэсмэ Жэнэтыбжэхэр зэIуах, Жэхьэнэмэбжэхэр зэхуащI, шейтIанхэр зэрапх». (Бухъари, Муслим). «Iиман бгъэдэлъу, и псапэр Алыхьым къритыжыну щыгугъыу Рэмэдан мазэр къэзынэщIам пасэу ищIа гуэныхьри, иужькIэ ищIа гуэныхьри къыхуэгъунущ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым.  (Ахьмэд, Iэбу Дауд, НэсаIи, Тирмизи, Ибн Маджэ). 

Мы мазэ лъапIэм муслъымэнхэр зэрыпэплъэм хуэдэу зы мази илъэсым хэткъым, мы мазэм гулъытэ зэрыхуащIым хуэдэу зы мази гулъытэ хуащIкъым. Уеблэмэ, диным нэгъуэщI зы Iуэхугъуи хэту къыщIэкIынкъым, нэщIым хуэдэу дунейм муслъымэну тетым къызэдащтэу. 

Ибн Iэл-Джэузий щIэныгъэлI иным езым и зэманым псэуа муслъымэнхэм ятеухуауэ гъэщIэгъуэну мыр жиIэт (абы лъандэрэ илъэс миным нэблагъэ блэкIащ): «Абыхэм яхэтщ щIопщкIэ букIами нэщI мазэм пхухэмышхэн; щIопщкIэ букIами нэмэз пхуэзымыщIын!». 

Ноби аращ къекIуэкIыр. НэщIым нэхъ гулъытэ хуащI цIыхухэм. Нэмэз зымыщI куэдым нэщI яIыгъщ. Нэмэз щIыныр нэхъапэ икIи нэхъ тынш пэтрэ, нэщI Iыгъыным нэхъ йолIалIэхэ. НэщIым зэрелIалIэхэр хъарзынэщ дауикI, абы дыщыгуфIыкIын хуейщ, ауэ нэмэз зэрамыщIми дигъэнэщхъеин хуейщ. 

ИкIи занщIэу мыбдежым упщIэ къатынур: — Нэмэз зымыщIым нэщI иIыгъ хъуну? Е нэмэз зымыщIым и нэщIыр къабыл хъуну? – жыхуиIэращ. Абы и жэуапыр тщIэн хуейщ. 

Пэж дыдэу ди япэ ита щIэныгъэлIышхуэхэм куэд яхэтащ, «диным и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр псори зэпыщIащ, зым адрейр къыгуэпч хъунукъым, къыгуэзычми къабылу Алыхьым Iихынукъым», жаIэу. 

Ауэ абыхэм «къабыл хъунукъым» кърагъэкIар, ищIам зыри къикIынукъым е етIуанэу ищIыжын хуейщ, жаIэу аракъым, атIэ апхуэдэ нэщI IыгъыкIэм Алыхьыр арэзы техъуэпэкъым, зыIыгъхэми щытхъу нэгъэса къалэжькъым, и цIэри лъагапIэмкIэ фIыкIэ къыщраIуэкъым… жаIэу аращ. (Ибн Рэджэб, «Джамигь Iэл-Гьулум уэл-Хьикэм», 1,150).

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам нэщIыр ди пщэм къыщIыдилъхьар, дэ гугъу дехьмэ нэхъ къищтэу аракъым, атIэ мыбыкIэ дигъэсэн, икIи дигъэкъэбзэн, икIи дигъэунэхун папщIэщ. 

НэщIым купщIэу хэлъыр къэIуэтэгъуейщ, цIыхум абы псэкIи IэпкълъэпкъкIи къыхих сэбэпынагъхэри икъукIэ куэд мэхъу, ауэ псом я нэхъыщхьэращи, ди нэщIымкIэ ди мураду щытын хуейр: Алыхьым и унафэр дгъэзэщIэну, и арэзыныгъэр къэтлъыхъуэну, Ар къытхуэарэзын папщIэ, сытри тшэчыну дызэрыхьэзырыр къыддищIэныр аращ. 

Хьэкъщ нэщIым дызэригъасэр, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, дэ абы гъэсэныгъэ къыхэтхын зэрыхуейр. 

НтIэ абы къыхэтхын хуейхэми ящыщщ: шхынкIэ гугъу ехьхэр дигу абы къигъэкIыныр, я ныбэ изу зэрышхэн Iэмал зимыIэу зи гъащIэр езыхьэкIхэм гулъытэ яхуэтщIыныр. 

ЦIыхурмахуэмщэшхэуэихабзэщ. НэщI мазэмидежащымщыщузэшхэгъуэрдохур. НтIэ а зэ шхэгъуэмкIэ тхьэмыщкIэхэм, зимыIэхэм, хуэмыщIахэм дахуэупсэфынукъэ?! Абы девгъэгупсыс? 

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэщI мазэм нэхъри нэхъыбэ шхын дгъэкIуэду, адрей мазэхэм щыдмышхыр тшхыуэ дохъу! КъыдгурыIуауэ пIэрэ тIэ дэ абы иужькIэ нэщIым и купщIэр?! 

НэщI мазэр шыIэныгъэм и мазэщ. Апхуэдизу дызэсауэ щыт шхэн Iуэхур къыдогъэнэф махуэ псом, нтIэ хьэл мыхъумыщIэ тхэлъхэр зыхэдныну апхуэдэ къарурэ, шыIэныгъэрэ димыIэу ара дэ?! 

Нобэ хуэдэ зэманыфI дгъуэтынкъым хьэл мыхъумыщIэ тхэлъхэр зыхэдну, хьэл хъуащIахэр абыхэм я пIэм идгъэувэну. 

Пэжым дыхуеймэ, «цIыхуфI» къыпхужаIэнуми «цIыху Iей» къыпхужаIэнуми хьэл зыбжанэ къудей ухуейуэ аращ. ЦIыхум фIыуэ ялъагъу хьэл зыбжанэ къызэрыбдалъагъуу, цIыхуфI ухъунущ, а хьэлхэр пхэмылъу къызэращIу цIыху Iей ухъунущ. ЦIыхури къэгъэнауэ Алыхьым и дежи аращ ар зэрыщытыр.  

НтIэ арамэ, нэщI мазэ къэс цIыхум зы хьэл мыхъумыщIэ нэхъ мыхъуми зэхинмэ, абы и пIэ зы хьэл дахэ зэхилъхьэмэ – илъэс зы-плIытхукIэ “цIыху Iей” щытыкIэм къикIынурэ, “цIыхуфI” цIэр къилэжьынут е “къызэрыгуэкI цIыхуу” къэмынэжу, пщIэ лей зиIэ, гулъытэ лей зыхуащIхэм хабжэнут. 

Мы мазэ лъапIэм и фIыгъуэ псоми Алыхьым дыхригъэубыдэ! Зи псапэхэр бэгъуауэ, зи гуэныхьхэри къызыхуэгъуауэ, Жэнэт лъапIэри зыхуагъэфэщауэ мазэр изыхын Алыхьым дищI!