Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Сабийм кIэлъызэрахьэ суннэтхэр

30.11.2013
Еджауэ 5 707

УпщIэ:  Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зытеIуэным,  дунейм къытехьа сабийм кIэлъызэрихьэу щыта хабзэхэр убзыхуауэ къыджефIамэ ди гуапэ хъунт. Алыхьым псапэу къывитыж.

Жэуап:  Алыхьым къыдигъэхъулIэну долъэIури, жэуапым яужь дохьэ.

Муслъымэн цIыхум дунеягъэкIэ Аллахьу ТэгIалам къырит фIыгъуэхэм ящыщщ сабийкIэ къызэрыхуэупсэр; ар щыцIыкIум и деж и удз гъэгъа пэлъытэу, балигъ хъумэ нэр зыгъэгуфIэ насыпу, езыр дунейм ехыжми кIадэ гъэтIылъауэ къыхуэнэу.

Алыхь Иным фIыуэ илъэгъуа, цIыху цIыкIум къахиха щхьэмахуэхэм я лъэIуэкIэу щытахэм я хъыбару КъурIэн ЛъапIэм къытхуиIуэтэжам мыр къыхощ:

“ربنا هب لنا من أزواجنا وذرياتنا قرة أعين واجعلنا للمتقين إماماً”

“Ди Тхьэ, ди щхьэгъусэхэмрэ  ди щIэблэмрэ къабгъэдэкIыу ди нэр зыщыгуфIыкIын къыдэт. Тхьэшынагъэ зыхэлъхэм я пэрыти дыщI”.

Iэбу Хьурейрэу – Алыхьыр арэзы зыхуэхъунми – къиIуэтэжащ бегъымбар лъапIэм къыбгъэдэкIа мы псалъэхэри: “ЦIыхур лIэмэ, и лэжьыгъэр псори къоувыIэ, мы щым къищынэмыщIа: сэдэкъэ зэпымыужыр, е щхьэпэ хъу щIэныгъэр, е сабий гъэсам и лъэIур”. (КъэзыIуэтэжар Муслимщ 1631).

Мис а фIыгъуэшхуэм пэджэжу, дунейм къытехьа сабийм и адэм абы гулъытэ дахэ хуищIын хуейщ.

Абы ипкъ иткIи, сабийр къызэралъхуу, япэ махуэхэм хиубыдэу адэм мы Iуэхугъуэхэр илэжьыныр бегъымбар хабзэщ:

1) Мэл хуиукIын.

2) ЦIэм я нэхъ дахэр къыхихыу фIищын.

Сэмурэ къиIуэтэжащ бегъымбар лъапIэм жиIауэ: “Дэтхэнэ щIалэ цIыкIури къурмэн хуаукIынум епхауэ щытщ (Мыбы къикIыу жаIащ: зи сабийм къурмэн хуэзымукIам, ар шэфыхьэт къыхуэмыхъужыну. Абы и шэфыхьэтыр къурмэным епхауэ). Ебланэ махуэм хуаукI, щхьэр яупсри, цIэи фIащ”. (КъэзыIуэтэжахэр Iэт-Тирмизий, Iэн-НэсаIий, Iэбу Дауд, Ибн Маджэ).

МыдэкIэ ХьэIишэту, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къиIуэтэжа хьэдисым къызэрыхэщымкIэ, щIалэ цIыкIум мэлитI хуаукI, хъыджэбз цIыкIум зы мэл. (Iэт-Тирмизий, Ибн Маджэ).

3) И щхьэр иупсынщи, къытек1а щхьэцым и хьэлъагъым хуэдиз дыжьын е абы и уасэр сэдэкъэуэ итын.

Щхьэр бупсу, щхьэцым и хьэлъагъыр дыжьынкIэ сэдэкъэ зэрыптынум ехьэлIауэ, Хьэсэн дунейм къыщытехьам, абы и анэ ФатIимэ апхуэдэу унафэ хуищIауэ щытащ лIыкIуэ лъапIэм. (Iэхьмэд, Iэл-Бейхэкъий, IэтI-Тэбэраний).

4) ЩIалэ цIыкIум суннэт хуригъэщIын.  Ар къабзагъэм щыщщ икIи бегъымбар суннэтщ.

5) Хъурмэ игъэщабэу абы иригъэбзеин.

Iэбу ТIэлъхьэ щэхьабэ лъапIэми щIалэ къыщыхуалъхуам бегъымбар лъапIэм и деж къихьат, хъурмэ зыбжани щIыгъуу. Хъурмэхэр лIыкIуэ лъапIэм къищтэри, и жьэмкIэ игъэщабэри, сабийм жьэдилъхьащ. ЦIэуи Гьэбдуллах фIищащ. (Бухъарий, Муслим).

Имам Нэуэуий мыр жиIащ: “ЩIэныгъэлIхэм зэакъылэгъуу къызэдащтащ сабий къалъхуагъащIэм хъурмэ гъэныщк1уа жьэдэлъхьэныр зэрысуннэтыр. Хъурмэр гъуэтыгъуей хъумэ, абы ещхьу зы IэфI гуэркIэ ящIынщ”. Мыри жиIащ: “Ар жьэдэзылъхьэр цIыхуфIу щытыныр нэхъыфIщ, ар цIыхухъуу ирехъу е цIыхубзу. А сыхьэтым абдежым ар къыримыхьэлIами, сабийр абы хуахьынщ…”.

6) И тхьэкIумэ ижьым азэн иджэн, и тхьэкIумэ сэмэгум деж Iикъамэт къыщихьыжын.

Абы ехьэлIауэ мыр къаIуэтэж лIыкIуэ лъапIэм жиIауэ: “Сабий къызыхуалъхуар абы и тхьэкIумэ ижьым азэн иджэмэ, сэмэгум Iикъамэ къыщихьмэ, абы “Iумм Iэщ-Щибян” зэран къыхуэхъунукъым”. “Iумм Iэщ-Щибян”-ыр жынхэм ящыщщ. (Ибн Iэс-Сунний).

СэмэгумкIэ Iикъамэ къэхьыныр ГIумэр ибн Гьэбдил-ГIэзиз лIы махуэм и сабийхэм якIылъэзирэхьэу щытауи къаIуэтэж.

Суннэт щIыныр зэрысуннэтыр къыхощ Iэл-Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжа хьэдисхэми.

МыдэкIэ нэ къытехуэным, фыгъуэм, нэгъуэщI Iейхэми сабийр щыхъума хъун папщIэ духьэ лъапIэхэр щыIэщ ди бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, къыбгъэдэкIауэ.

Псалъэм папщIэ, езым и пхъурылъхуитIым – Хьэсэнрэ Хьусейнрэ – и куэщIым иригъэтIысхьэурэ мы дугIэр жиIэу щытащ: IугIизукума бикэлиматил-лаhит-таммэ, мин кулли шейтIанини уэ hаммэ, уэ мин кулии гIейнин ламмэ“.

Абы къищынэмыщIауэ, КъурIэн лъапIэм щыщу иужьрей суритIым (Iэл-Фэлэкъ, Iэн-Нас) укъеджэ хъунущ. А тIум ехьэлIауэ лIыкIуэ лъапIэм жиIащ: А тIумкIэ зызыхъумэжам хуэдэу зызыхъума щыIэкъым“.

Мыри хьэдисхэм къыхэщ дугIэщ: Бисмиллаhи Iэркъик, мин кулли даIин юIзик, мин шэрри кулли нэфсин Iэу гIейни хьасид, Iэллаhу ешфик, бисмиллаhи Iэркъик“.

Абы адэкIэ, “Iэл-Бэкъэрэ” сурэм мыхьэнэшхуэ иIэщ мы 1уэхум ехьэлIауэ. Бэкъэрэ сурэм зыщеджэ унэм шейтIан щIыхьэнукъым“, — жиIащ лIыкIуэ лъапIэм.

Мис ахэращ къэгъэсэбэпыхъэр.

Армырауэ, дыуэ ебгъэтхыу, ар сабийм и пщэм щIипщIэн щыIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы узыхуэмей куэд къехь.

Япэрауэ, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъым дыуэ хуатхар сыт хуэдэми ищIэкъым, абы итыр диным игъэдахэрэ, хьэмэрэ игъэхьэрэмрэ. ЕтIуанэрауэ, абы итыр хъуну щытми, шынагъуэщ Алыхь Иныр мыхъуу, а дыуэм  къыхуищIэнIауэ щыгугъынкIэ. Ещанэрауэ, а и пщэм илъым пудыныгъэ ирихынк1э хъунущ, псалъэм папщIэ псыунэм щыщIыхьэкIэ.

ДинкIэ сабийм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр мыхэращ кIэщI дыдэу. ИкIи дэтхэнэ муслъымэнри, зэрыхуэфIэкIкIэ, абыхэм хуэсакъын хуейщ.

Щхьэныкъуэ Анзор